Депутатхэр топсэлъыхь КъБР-м и бюджет зэгуэтым налогхэр къыхузэщIэгъэуIуэным

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б. иджыблагъэ иригъэ­кIуэ­кIащ республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и Президиу­мым и чэзу зэIущIэр. ­Республикэ, федеральнэ закон щхьэхуэхэм я проектхэм къадэкIуэу, абы Бюд­жетымкIэ, налогхэмкIэ, финансхэмкIэ комитетым  и жэрдэмкIэ комитетым ­хухах зэманым хиубыдэу абы щыхэплъащ КъБР-м и бюджет зэгуэтым налог ахъшэр къыхузэщIэгъэу­Iуэ­ным хуэгъэзауэ Урысей Федерацэм НалогхэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу республикэм щыIэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм.

Управленэм и унафэ­щIым и къуэдзэ Лытнёвэ        Н. Ю. ищIа докладым къы­щигъэлъэгъуащ макроэ­ко­номикэ бжыгъэхэм ел­ъы­тауэ налог хэхъуэхэр нэхъ псынщIэу нэхъыбэ зэры­хъур. 2018 гъэм и япэ ма­зибгъум КъБР-м и щIы­налъэм къыщыхаха налогыу, къинэмыщI ахъшэу Урысей Федерацэм и бюд­жет IэнатIэм Iэрыхьащ ­       сом меларди 9-рэ мелуан 900-рэ. 2017 гъэм и апхуэдэ зэманым елъытауэ ар сом зы мелардрэ мелуани 127,7-кIэ нэхъыбэщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, проценти 112,9-рэ мэхъу. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюд­­жет зэгуэтым мазибгъум къриу­быдэу сом меларди 7-рэ ­мелуан 252-рэ къы­Iэ­рыхьащ икIи а бжыгъэр 2017 гъэм и апхуэдэ зэманым елъытауэ сом мелуани 144,3-кIэ нэхъыбэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и республикэ бюджетым а ­зэман дыдэм къыIэрыхьащ сом меларди 5,5-рэ мелуан 261-рэ. 2017 гъэм и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ ар сом мелуан 53,5-кIэ нэхъыбэщ. Налогыу зыщыгугъам елъы­тауэ проценти 104,5-рэ ­къы­­хахащ. Апхуэдэу щIыпIэ бюджетхэм мазибгъум ­къриубыдэу сом зы мелард­рэ мелуан 991,1-рэ халъ­хьащ, 2017 гъэм и апхуэдэ лъэ­хъэ­нэм елъытауэ ахъшэу къыхахыр сом мелуан 90,9-кIэ нэхъыбэ ящIащ, налогхэм къызэрыщIигъу псын­щIагъыр проценти 104,8-рэ мэхъу.
Апхуэдэ бжыгъэхэр щыIэ пэтми, гугъуехьхэри мащIэкъым. Доклад зыщIам къызэригъэлъэгъуамкIэ, КъБР-м и бюджет зэгуэтым налог хэхъуэхэр къызэры­зэхущIагъэуIуэ щIыкIэм ухэп­­лъэжмэ, налог хэхъуэ­хэм­кIэ зыщыгугъхэм ящы-щу сом зы мелардрэ мелуан 24-рэ хущыщIэнкIэ зэрыхъунур уолъагъу. Ар фадэм тралъ­хьэ акцизхэмрэ орга­ни­зацэх­эм я мылъкум, я хэ­хъуэхэм техуэ налогхэмрэщ.
Апхуэдэ Iуэхур къамыгъэхъун папщIэ УФ-м Налог­хэмкIэ и федеральнэ къу­лыкъущIапIэм и Управле­- нэу КъБР-м щыIэм и ­лэ­­жьакIуэхэм Iуэху пыу­хы­­кIахэр зэфIагъэкI. Организацэхэр, хьэрычэтыщIэхэр, цIыху щхьэхуэхэр къы­зэ­рап­щытам ипкъ иткIэ отчёт ­лъэхъэнэм щIэрыщIэу къабжыжу хуатхыжа налогхэмрэ къуаншагъэ зылэжьахэм ­зэ­­ретхьэкъуа ахъшэмрэ ­псо­ри зэхэту сом мелуан 613-м ноблагъэ. Ирагъэ­кIуэкIа налог къэпщытэныгъэхэм япкъ иткIэ 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу къаIэрыхьэжа ахъшэр сом мелуани 190-м щIегъу.
Мылъкум техуэ налогхэмкIэ къыхэнауэ иджыпсту щIыхуэу сом мелуан 825,3-рэ щыIэщ. Ауэ федеральнэ законодательствэм ипкъ ­иткIэ мылъкум техуэ налог­хэмкIэ щIыхуэхэм ящыщу сом мелуан 387,7-р къахухэмыхыжыну къалъытащ.
Докладым лэжьыгъэм и лъэныкъуэ псори IупщIу къыщыгъэлъэгъуауэ щытами, депутатхэр куэдым щIэуп­щIащ. А упщIэхэр теухуауэ щытащ турист IэнатIэм къыбгъэдэкIыу КъБР-м и бюджет зэгуэтым къыIэ­рыхьэ налогхэм, мэкъумэш IэнатIэм хиубыдэхэм налог­хэр зэрытралъхьэ щIыкIэм, нэхъ къызэрыгуэкIыу налог­хэр зытралъхьэ хьэрычэ­тыщIэхэм ахъшэр къызэратым, щIым щIэлъ хъугъуэ­фIыгъуэхэр къызэрагъэсэ­бэ­пым папщIэ тралъхьэ налогым, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм щыжаIахэм япкъ иткIэ КъБР-м и Парламентым и Президиумым унафэ пыухыкIа къищтащ. Абы ипкъ иткIэ УФ-м НалогхэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу ­КъБР-м щыIэм чэнджэщ иратащ КъБР-м и бюджет зэгуэтым и хэхъуэхэр нэхъыбэ щIыным, налогхэр нэхъ тэмэму къыхэхыным теухуауэ. Апхуэдэу унафэм къыщагъэлъэгъуащ налог­хэр тыным хьэрэмыгъэ хэ­зылъ­хьэхэр, ямытха мылъку зыбгъэдэлъхэр къыщIагъэ­щыным хуэгъэзауэ КъБР-м и къэрал властым и органхэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ органхэмрэ зэрадэлажьэр ирагъэ­фIэ­кIуэну.
Президиумым и зэIу-        щIэм кърихьэлIащ УФ-м ­НалогхэмкIэ и федеральнэ ­къулыкъущIапIэм и Управ­ленэу КъБР-м щыIэм и уна­фэщI ГуэбэщIыкI Ю., ­КъБР-м финансхэмкIэ и ­министрым и къуэдзэ Чеченов В. М. сымэ.
ЗэIущIэм нэгъуэщI Iуэху­хэми щытепсэлъыхьащ. ­Къапщ­тэмэ, депутатхэр хэп­лъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Пар­ламентым и депутатхэр ­зэ­рыхахым теухуауэ» Къэ­бэрдей-Балъкъэр Респуб­­ли­кэм и Законым и 22-нэ, 62-нэ ­статьяхэм зэхъуэкIыныгъэ­хэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектым.
- Федеральнэ законода­тельствэм тету законопроектым къыщагъэлъэгъуащ «Къэ­­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатхэр зэрыхахым теухуауэ» КъБР-м и Законым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и депутатхэр щыхахкIэ кIэ­лъыплъакIуэхэр игъэкIуэну КъБР-м и Жылагъуэ палатэр хуит зыщI зэхъуэкIыныгъэр. Ар хуэунэтIащ хэхы­ныгъэ Iуэхур нэхъри нэхъ зэIухауэ къызэгъэпэщы-ным, - законопроектыр ­утыку къыщ­­рилъхьэм жи-Iащ ­КъБР-м и Парламентым ЗаконодательствэмкIэ, къэ­рал ухуэкIэмкIэ, щIыпIэ уна­фэр зегъэкIуэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэ­дзэ Джэш Хьэсэн.
Документыр хуагъэхьащ абы хэплъэну зыхуэфащэ IэнатIэ псоми икIи ахэр елэжьыжа нэужь законопроектыр КъБР-м и Парламентым къыщыхалъхьэнущ.
 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.