Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм дэт IуэхущIапIэ гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ Хэку зауэшхуэм и музейр. ЩIэгъэщIэгъуэныр блэкIа мыжыжьэм и тхыдэм ехьэлIа хьэпшыпхэмрэ дэфтэрхэмрэ зэригъэлъагъуэм и закъуэкъым, атIэ и гъэлъэгъуэныгъэхэр зэпымычу щIэщыгъуэ зэрищIырщ, къекIуалIэхэм я пащхьэ иралъхьэ Iуэхугъуэхэр нэрылъагъу зэращI сурэтхэмрэ дэфтэрхэмрэ къазэрыхигъахъуэрщ, зауэлIхэм я зауэ гъащIэр зэфIэгъэувэжыным гуащIафIэу зэрыхэтырщ. Абы щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI зэIущIэхэм къапызыщэт иджыблагъэ къыщызэрагъэпэща зэхуэсыр, ауэ Iэджэ щIэщыгъуи хэлът.
«Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм зэращIэщи, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ зэгухьэныгъэмрэ ЕгъэджэныгъэмкIэ къалэ IуэхущIапIэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ къызэIуаха музейм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэр траухуэ щалъхуа лъахэм хуэпэж, тхыдэ фэеплъхэм хуэщыпкъэ, псэкупсэ гупсысэкIэ зиIэ щIалэгъуалэ къэгъэтэджыным.
Хэку зауэшхуэм и тхыдэм лIыгъэрэ хахуагъэкIэ къыщыхэщ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм хэт музейм и къалэнхэм хохьэ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэм и пэжыр щIэблэм яIэщIэмыхун папщIэ, узэщIакIуэ-щIэныгъэ Iуэхугъуэхэр зэхэшэныр, зекIуэхэр къызэгъэпэщыныр, тхыдэ мыхьэ-нэ зиIэ щIыпIэхэмрэ гъунэгъу щIыналъэхэмрэ зыплъыхьакIуэ шэныр. Апхуэдэу музейм иригъэкIуэкI щIэнIуатэхэм иджы ирихьэлIащ Налшык къалэм дэт, Къудащ Елбэздыкъуэ и цIэр зезыхьэ 14-нэ гимназием и гъэсэнхэр.
«Дэтхэнэ адэ-анэри хуейщ и быным цIыху нэс къыхэкIыныр. ЕджапIэм и пщэ къыдохуэ ахэр зыщыгугъ Iуэхугъуэхэр нэсу зэфIигъэкIыныр. Сабийм щIэныгъэ иIэныр иухуэну псэуныгъэм епхами, цIыхугъэ хэмылъу, гулъытэ имыIэу, къыфIэIуэху щымыIэу къэтэджмэ, еджапIэм ирита есэныгъэхэр къанэ щымыIэу пщIэншэу къыщIедзыж. ЕджапIэри, адэ-анэхэри, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри зэуIуу щызэдэлэжьэн хуей лъэхъэнэщ дызыхэпсэукIыр. Абы и IуэхукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къытщIэхъуэ щIэблэм я зэхэщIыкIыр къэIэтыным, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ нэхъыщхьэ зэрыщымыIэр къагурыгъэIуэным. Сабийм зыхищIэри къищтэри илъагъуращ. Пэжщ, жыIэпхъэхэр мымащIэу щыIэщ. Ауэ псалъэр щIэзыгъэбыдэж щапхъэхэр хэмыту гъэсэныгъэр нэсу пхузэтеублэнукъым. Дэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ упсалъэмэ, блэкIа зауэм кърикIуахэр иджырей щIэблэм я зэхэщIыкIыр лъагэу къэзыIэт дерсу къыдолъытэ. ЦIыхугъэрэ псэкупсэ зэхэщIэрэ зиIэ щIэблэ къэгъэтэджыныр къалэн зыщытщIыжащи, Хэку зауэшхуэм и дерсхэм иригъуэзэныр Iэмал зимыIэ Iуэхуу къыдолъытэ. Ди лэжьыгъэр зэрыдунэтIри аращ - блэкIам и напэкIуэцI хьэлъэ дыдэхэм къытрамыгъэзэжын щхьэкIэ, хэгъэгупсэрэ гупсысакIуэу гъэсэнырщ. Къалэн зыщытщIыжа Iуэхугъуэхэр зэкIэ къыдэхъулIэу къысщохъу», - жиIащ музейм и унафэщI Заруцкий Олег.
Музейм и бжэр тхьэмахуэм зэ, бэрэжьей махуэм, зэIухауэ щытынущ. «Илъэсым и кIэ пщIондэ цIыху 210 - 250-рэ хуэдиз къызэщIэзыубыдэу гуп зыбжанэ къытхуеблэгъэну дапоплъэ. 2026 - 2027 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу ди мурадщ цIыху мини 2-м нэбла-гъэм дадэлэжьэну. Ахэр еджапIэ 36-м къикIынущ. Дызыдэлэжьэнури Налшык къалэм дэт курыт еджапIэхэм я закъуэкъым, дэ дапыщIащ щIыналъэхэми. ДяпэкIэ къуажэ сабийхэри къызэретшэлIэным иужь дитынущ. Ди гугъэщ ди лэжьыгъэр сабийхэм гунэс ящыхъун папщIэ, къыхэтлъхьэ псалъэмакъхэр щапхъэхэмрэ нэрылъагъу хьэпшыпхэмкIэ щIэдгъэбыдэжыну, нэгузыужь икIи гукъинэж хъу джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыплъыхьакIуэр дгъэнщIыну», - жеIэ Заруцкэм.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я Налшык къалэ зэгухьэныгъэм псэкупсэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Къызэрыунэхурэ Iуэхугъуи 123-м нэс къызэригъэпэщащ, ныбжьыщIэ 25245-м ялъэIэсащ. «ДяпэкIи мурадышхуэхэр диIэщ, дгъэлъэгъуэни, жытIэни, дызытепсэлъыхьыни ди мащIэкъым. Дэ тхыдэшхуэ диIэщ, ар щIэблэм едмыгъащIэмэ, къыхэтлъхьэ жэрдэмхэм пщIэ яIэкъым», - жаIэ музей лэжьакIуэхэм.
ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.