ЩIалэгъуалэр зэдагъэлажьэ![]() Налшык къалэ администрацэм щIалэгъуалэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI АфэщIагъуэ Анзор хэтащ иджыблагъэ Владикавказ щекIуэкIа V егъэджэныгъэ щIалэгъуалэ зэхуэсым. ЩIэныгъэлI ныбжьыщIэ 600-м нэблагъэм проектхэр къыщагъэлъэгъуа а зэхыхьэм къызэщIиубыдащ щэнхабзэри, егъэджэныгъэри, псэукIэр егъэфIэкIуэнри, спортри, нэгъуэщIхэри. 2025 гъэм Налшыкрэ Владикавказрэ зэгурыIуэныгъэ зэраухылIауэ щытащ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуауэ. Мы зэхуэсри абыхэм ящыщ зыщ. АфэщIагъуэм жиIащ мыпхуэдэ щIэныгъэ зэхыхьэр езыр зыпэрыт IэнатIэм теухуауэ зэрыщхьэпэр, гупсысэрэ щапхъэрэ къызэрыхихыр, и Iуэху еплъыкIи къызэрыщигъэлъагъуэр.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










