Уэрэдыр лъэужьыншэ хъуркъым

Адыгэ лъэпкъым хуэщхьэпэ жэрдэмхэр къыхэзылъхьэ, IуэхуфIхэр зэфIэзыгъэкI ди лъахэгъу куэдым нэIуасэ дахуещI КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Хьэмту Къадир. Радиожурналист Iэзэм и тхыгъэ купщIафIэхэр щIэх-щIэхыурэ къытохуэ ди газетми. Ди лъэпкъ гъуазджэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ЗэрамыщIэ Заретэ зэфIигъэкIа лэжьыгъэшхуэм теухуа мы тхыгъэри ди щIэ­джы­кIакIуэхэм ягу зэрынэсынур ди фIэщ ­хъууэ, фи пащхьэ идолъхьэ. 

«Тхылъ. Мы псалъэм и мыхьэнэр къыпхуэмыIуэтэнщ. Ар къару ин зиIэщ, а къару ин жыхуэтIэри зы­хуэдизыр къыпхуэмыхутэну те­лъыд­жэщ. Тхылъыр хуэлэжьэнкIэ мэхъу дунейм тет дэтхэнэми, уеб­лэмэ мыцIыхуми. Псалъэм папщIэ, псэущхьэхэми, къэкIыгъэхэми, дыкъэзыухъуреихь мы дунеишхуэм щыIэ псоми. Абы щыгъуэми ар къэзыгъэсэбэпыр цIыхурщ, икIэм-икIэжым зыхуэлажьэри аращ.

Псэущхьэм е къэкIыгъэхэм щы­жысIэ­кIэ, абы къикIыркъым ахэр тхылъ еджэфу къывэзгъэлъытэну. Тхылъ еджэм а къэкIыгъэр зэребгъэ­фIэкIуэнури, псэущхьэхэм яфI зэ­рыблэжь хъунури абы къриджыкIыну зэрыщытырщ гупсысэр зыхуэ­зу­нэтIыр. Апхуэдэ гупсысэр сигу къи­гъэ­кIащ 2020 гъэм къыщыщIэдзауэ дунейм къытехьэ тхылъ дахэм. Ар и теплъэкIи, и напэкIуэцIхэмкIи, и гуп­сы­сэхэмкIи дахэщ зыхужыпIэ хъунщ. Хьэлэмэтри аракъэ - ижь-ижьыж ­лъандэрэ адыгэ цIыхубзыр гъащIэм зэрыхэтыр, мыужьыхауэ нобэми зэ­рыпсэур къэзыгъэлъагъуэуи къыс­щы­хъуащ.
УщIэгушхуэ  хъун  куэд  яIэщ ди адыгэ бзылъхугъэхэм. Псалъэм папщIэ, япэ дыдэ фэрэкI узыфэм пэу­выфар ахэрщ. А къагъуэта IэзэкIэ телъыджэр ягъэщIагъуэу тетхыхьахэри куэд дыдэ мэхъу. Апхуэдэ зыщ франджы усакIуэ, тхакIуэ, философ Клод Адриан Гельвеций. Абы етх: «… цIыхубзхэм яхэту пIэрэ дуней псом цIыхуу ­тетым я сэбэп хэлъу апхуэдизу фIы-щIэ щIахуэпщIын Iуэху телъыджэ зы­лэжьа?». АбыкIэ адыгэ бзылъхугъэм и зэфIэкIыр еIэт Гельвеций, фэрэкI хэлъхьэкIэр къызэрагъуэтамкIэ фIы­щIэ яхуищIу. ФэрэкI узыфэм дуней псор къригъэлащ адыгэ цIыхубзым, абы щыгъуэми «ар дэращ къэзы­гъуэтар» жаIэу увахэкъым, узыфэм зэ­рыпэщIэтын хуейр хэти ирагъэлъэгъуа мыхъумэ. А псор сигу къэзыгъэ­кIыжар зи гугъу сщIыну къэсщта, Зэ­рамыщIэ Заретэ и къалэмыпэм къы­щIэкIа «Лъахэ уэрэдхэр» зыфIища уэрэдылъэ тхылъырщ. 
Заретэрэ ПащIэ Ленэрэ зымыцIыху адыгэ лъэпкъым диIэу къыщIэкIынкъым. А тIум я гупсысэ зэтехуэри, зэ­ныб­жьэгъу хъуащ, зэкIэлъыкIуэу щIа­дзэри, жэрдэм дахэ къапкърыкIащ. Тхылъым и пэублэ псалъэм къы­зэ­ры­щыджиIэмкIэ, хамэ къэралхэм щып­сэу адыгэхэм Ленэ ирагъэблагъэурэ уэрэд  куэд дыдэ зэхуихьэсыжащ. Ахэр е къалэмыпэкIэ, е пленкэм тетхауэ ПащIэм Хэкум къихьыжурэ зэтрилъхьащ. Ленэ ахэр щихъумэрт ПащIэ Бэчмырзэ и музей къызэригъэпэщам, а псор гъусэ хуищIыжырт Бэч­мырзэ и уэрэдхэм. Дэтхэнэ зы IуэхуфIри къызэрыгуэкIщ - Заретэ Ленэ и музейм щыхуэзауэ ямыщIэххэу ягу къэкIащ мы адыгэ уэрэдхэр псори зы тхылъ пщIы хъуну. Арыххэти, ап­хуэдэу хъуащ. Зы тхылъкъым, атIэ томитху хъуакIэщ, щыгъуазэ сызэращIамкIи, еханэри дунейм къыте­хьэ­ным хуэхьэзырщ. 
СССР къэралыгъуэшхуэр лъэлъэжу демократие гъуэгур къыхахыну щыжаIам цIыхухэр хуиту зэкIэлъыкIуэ­ныр нэхъыфI хъуащ. Ар сэбэпащ хамэ къэрал щыпсэу ди къуэшхэм запыт­щIэжынымкIи. А лъэхъэнэ мащIэр ­хъарзынэу къыхуэгъэсэбэпащ ПащIэ Ленэ. Абы и макъыр жыжьэу зэхэзы-ха адыгэхэм ирагъэблагъэурэ ар щы­Iащ Тыркум, Иорданием, Щамым, Мы­сырым, Ливием, США-м, нэгъуэщI къэрал куэдми. Абыхэм щита концертхэр игъэIуа уэрэдхэмкIэ зэфIэкIакъым, Iэгуауэ ин хуаIэта пэтми, атIэ иужьым Ленэ къыбгъэдыхьэхэурэ ­къратырт ди хэку щымыIуа адыгэ уэрэдхэр, къафэжь дахэхэр. А псор Ленэ хуэсакъыу ихъумэурэ Хэку- жьым къихьыжащ. ПащIэм уэрэди­щэм щхьэдэхауэ зэхуихьэсахэр Зэра­мы­щIэм IэщIилъхьащ. «ЦIыкIуу щы­мыта ин хъуркъым», - жи псалъэ-жьым, мыр тхылъ цIыкIуу къежьэри, ин хъуащ. ИпэжыпIэкIэ япэ тхылъыр напэкIуэцI 400-м тIэкIу щхьэдэхамэ, тхылъ къэс нэхъ ин хъууэрэ етхуа- нэр 650-м нэблэгъащ, нэгъуэщIу жы­пIэмэ, хэхъуэ зэпытщ. 
Иджы езы тхылъыр къызэгуэпхрэ уеплъмэ, хьэлэмэтщ. Абы уэрэдым и псалъэхэр щызэхуахьэсыжа къудейкъым, атIэ композиторхэм зэрахабзэу, нотэкIэ тхыжауэ тхылъым ихуащ ахэр. НотэкIэ мыгъэпсауэ къыIэры­-хьа усэ куэд езы Заретэ зэтригъэувэжащ.
Дауи, ар лэжьыгъэ къызэрыгуэкIкъым, сыту жыпIэмэ абы папщIэ макъамэ щIэныгъэ куу уиIэныр мащIэщ. Апхуэдэуи лъэпкъри абы епха псори фIыуэ плъагъун хуейщ. 
Лъэпкъ макъамэр зи лъым хэлъу ­дунейм къытехьа жыхуаIэхэм хуэдэу къыщIэкIащ ЗэрамыщIэ Заретэ Залымхъан и пхъур. Уэрэдус, пшынауэ Iэзэ, уэрэджыIакIуэ Заретэ мы уэрэ­дылъэр и япэ тхылъуи щыткъым. Мы тхылъышхуэхэр дунейм къытемыхьэ щIыкIэ нэгъуэщIхэри и къалэмыпэ къыщIэкIащ абы. Ар лъэныкъуэ куэдкIэ зи акъыл зыгъэлажьэ цIыху, щIэ­ныгъэ лэжьакIуэ хъуащ. Уэрэдусым езым и къалэмыпэм къыщIэкIахэм я мызакъуэу, адрей и дзейхэм ятхахэри хъумэным, мыкIуэдыжу ахэр щыIэ­ным хущIэкъуу апхуэдэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, IуэрыIуатэр тхыгъэкIэ фIэ­кIа куэдрэ зэрыпхуэмыхъумэнур зэ­ры­хьэкъыр къыгурыIуэри, дунейм къы­техьэ дэтхэнэ уэрэдри хъумэн зэры­хуейр мы тхылъхэмкIэ щIигъэбыдэжащ.
Уэрэдылъэр Мэлэчыпхъу и дыщэ чысэу зэIокI. Композиторхэм, уэрэдусхэм, макъамэтххэм зэрыжаIэмкIэ, кIуэдыжа куэдым я лъэужь зэры­те­хьэу, ахэри зэфIигъэувэжыным Заретэ къаруушхуэ ирихьэлIащ. АбыкIи куэд къехъулIащ. Композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил етх: «Дэнэ щыт­щIэнт Лэтокъуэ Iэсхьэд хуэдэ уэрэдус диIауэ! Е абы «Щауэ Нэкурэ» уэ­рэдыр иусауэ?!» 
ЗэрамыщIэм уэрэдхэм я тхыдэри, къызытекIа хъуари, ахэр дунейм къызэрытехьари, япэу зыгъэIуахэри наIуэ къещI, уеблэмэ зэрыхъуа дыдэр ди пащхьэ кърилъхьэжыфащ. Совет лъэхъэнэм зэрыжаIэу щытахэм щыщ гуэрхэри, тхыдэм иIа щыуагъэхэри ­авторым зэригъэзэхуэжыну хэткъым, дунейм къыщытехьа зэманым зэры­щытам темыкIауэщ псори къызэригъэлъэгъуэжри, абыкIэ арэзы умы­хъунри къезэгъыщэу къыщIэкIынкъым.
Уегупсыс зэрыхъунумкIэ, мы тхы­лъыр псалъалъэм хуэдэу унагъуэ къэс яIэн хуейуэ къэлъытапхъэщ, сы­ту жыпIэмэ, уэрэд, дзапэ уэрэд тIэкIу зымыгъэIу цIыхухэм яхэткъым. Ап­хуэдэу щыщыткIэ, уигу къыпылъэда уэрэдым и псалъэхэр зытхари, ма­къамэ щIэзылъхьари, япэу жызыIауэ щытари е иджыпсту зыгъэIури пщIэ­ныр щIэныгъэм и зы Iыхьэщ. А псомкIэ мы тхылъхэр щIэгъэкъуэныфIщ, ущимыгъэуэнуи уэчыл лъэщу къоув. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, япэм щыIа адыгэ уэрэдыжь куэд нобэм къэмы- су кIуэдыжащ. 
 Дэ зэрытщIэщи, ди лъэпкъым ­тхыбзэ имыIэу лъэхъэнэфI къызэри­нэ­кIащ, абы щыгъуэм IуэрыIуэтэжурэ ди зэманым къэсахэр мащIэщ. А къэса мащIэ тIэкIухэм я кIапэлъапэ къы­Iэрыхьар Заретэ мы тхылъым щигъэ­быдэжащи, фIыщIэ ин хуэфащэщ. 
Тхыбзэншэу къызэднэкIа лъэхъэ­нэм зы уэрэди къежьакъым езыр-езыру. Ахэр гъащIэм къыщыхъу гуфIэгъуэм е нэщхъеягъуэ иным, е лъэп­къым къыхэкIа лIыхъужьхэм папщIэ яусу арат. Ахэр лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэми и щыхьэтыфIщ. ЛIэщIыгъуэ блэкIахэм щыIа хьэтиякIуэхэм, джэгуакIуэхэм, уэрэдусхэм я гум къемыIауэ уэрэд ягъэIуу зэры­щы­мытар пщыгъупщэ хъунукъым. Ар гъыбзэми, псоми къахэща лIыхъу­жьым, фIыуэ ялъэгъуа пщащэм е щIалэм ятеухуами, фэрыщIагъ хэлъу яуцIырхъыртэкъым. Иджы языны­къуэхэм зэращIым хуэдэу, «уэрэд   стхынщ» жаIэу тIысрэ зы сыхьэтыпэм псалъэ дахэ зыкъом рифмэрэ ритмкIэ зэхуагъакIуэмэ, уэрэд хъууэ къащыхъуу щытакъым. 
Пасэм ятха уэрэдхэр нобэ уасэн­шэщ, сыту жыпIэмэ адыгэ лъэпкъым и блэкIар нэхъ куууэ абыхэм къы­щыгъэлъэгъуа хъурт. Пэжщ, къэрал политикэм зихъуэжри, иужь зэман-хэм уэрэдыр къызэрезэгъыным хуэ­дэурэ щагъэIуаи къэхъуащ. Апхуэдэм и деж мы тхылъыр къэмылэнджэж уэчылу увынущ. ЗэрыжаIэщи, тхыгъэу щыIэмэ, дэтхэнэ тхылъым щызэп­хъуэкIыжын?! 
Хьэзыру дунейм къытехьа мы томитхум фIэкIа Заретэ имылэжьами, фIы­­щIэ жыг зыхуэфащэхэм я саты­рым хэбгъэувэну хуэфащэщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэ­ныгъэ-къэхутакIуэ институтым и архивыр къулейщ адыгэ уэрэдыжьхэмкIэ, абы лэжьэн щыщIидза лъэхъэнэм куэ­ду зэхуахьэсыжауэ. Ахэр псори ­нэсу цIыхубэм къащыIэрыхьэнур Тхьэм ещIэ, ауэ зыфIэгъэщIэгъуэнхэм ягъуэтынущ. Заретэ а уэрэдхэм хэплъэкIэрэ къищтэу ди пащхьэ мы тхылъымкIэ кърилъхьа «Нартыжь уэ­рэдыр» сыт и уасэ?! Ар япэ томым ­ихуащ. А зы уэрэдыр жыIэкIэ тIощIрэ щыуэ щыIэу зи гугъу сщIа архивым хэлъщ. Уэрэдым и хъыбархэм теп­сэ­лъыхькIэрэ, ар лIэщIыгъуэ куэд къы­зэзынэкIауэ зэрыщытыр хьэкъ ­пщещI. Езы уэрэдми щыхьэт псалъэхэр къыхощыж. Псалъэм папщIэ, «Дунеижьыр щымыджэмыпцIэмэ, щIылъэ щхъуантIэри щызэпцIагъащIэмэ», - жери кърегъажьэ. Ахэр, дауи, уэрэ-дыр зыусам и акъыл жанагъкIэ образу къигъэщIагъэнкIи мэхъу, ауэ наIуэщ ныбжьышхуэ зиIэ уэрэдхэм зэращы­щыр. Ар жьы дыдэу зэрыщытым и щыхьэтщ, шэч хэмылъу, апхуэдиз варианткIэ зэрызэщхьэщыкIри, лIэщIыгъуэхэм зэIэпахыурэ щхьэж зэхъуэ­кIыныгъэ гуэрхэр хилъхьэурэ къызэ­ре­кIуэкIари. Апхуэдэхэр куэду ихуащ япэ къыдэкIыгъуэм. 
Лэжьыгъэ щыхъукIэ, абыи вариант куэд иIэ мэхъу; языныкъуэм и деж ­IэхъуэгъуэтегъэкIыу, языныкъуэми егъэ­леиныгъэ халъхьэу. Мы тхылъ-хэм, сэ къызэрызгурыIуамкIэ, музы­кэмкIэ щIэныгъэфI зиIэ цIыху елэ­жьауэ зэрыщытыр къагъэлъэгъуащ. Абы и псэм а IэщIагъэр хэлъ къудейкъым, атIэ ар лъэпкъым къигъэщIа пшыналъэхэм я фIылъагъуныгъэкIи гъэнщIащ, армырмэ ехъулIэныгъэр мащIэнут. Заретэ зэрызыкъызэкъуихамкIэ, «сытми, тхылъ стхынщ» жиIэу лажьэркъым, атIэ цIыху псоми ягу дыхьэн хуэдэу нэгъэсауэ ахэр игъэп­сащ. 
АбыкIэ шэсыпIэ уихьэ щIэхъун и куэдщ. Езым и щхьэзакъуэкIэ а Iуэху псори зэфIэкIа зэрымыхъунур къыгурыIуэу, нэгъуэщIхэри къигъэсэбэпащ. ПащIэ Ленэ и деж къыщри­гъажьэри, адыгэ макъамэм, ди тхы­дэм, ди бзэм телажьэ, лъэпкъ Iуэхур зыфIэIуэхуу куэд къыхишащ. Псалъэм папщIэ, музыкальнэ редактору щытщ КъБР и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил, гъуазджэмкIэ щIэныгъэм и профессор, УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт Ащхъуэт Беслъэн, псалъэ­хэмкIэ редакторщ бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ, ЩIэ­ныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Акаде­мием и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, адыгэбзэ псалъэ гъэпсы-к­Iэ­­хэмкIэ цIыху гумызагъэ Джэрыджэ Арсен, нэгъуэщIхэри. 
Совет зэманым тхылъ къыдэгъэ- к­Iыныр езы къэралым и пщэ дилъ­хьэжати, хьэзыр хъуар тхылъ тедзапIэм ирита нэужь, ар зытхар къы­щы­дэкIынум пэплъэу щыс мыхъумэ, илэжьышхуэ щыIэжтэкъым. Псоми зэращIэщи, тхылъ тедзапIэм щыла­жьэ редактор нэхъыщхьэм, редакторым, корректорым, нэгъуэщI куэдми я шыбзэ щIэкIа нэужь тхылъыр дунейм къытехьэрт, тыкуэнхэм къы­щы­хутэжырти зэфIэкIырт. Иджы хуаб­жьу нэгъуэщI хъуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псор иджы езы тхылъыр зытхам зэфIигъэкIыжын хуейуэ къыхудокI. Ар куэд зыпыщIа Iуэху хъуащ. Зы лъэныкъуэкIи тыншщ. Тхылъыр къызэры­дэбгъэкIын мылъку уиIэмэ, хъуари мыхъури типографием и зэхуэдэщ, хуэхьи тридзэнущ. НэгъуэщIу жы­пIэмэ, тхылъым и купщIэмкIэ абы жэуап ихьыркъым, и уасэр ети зэ­фIокI. Заретэ томитхуу къыдигъэкIа и тхылъым и купщIэкIи, и мыхьэнэкIи дагъуэ щIыхуэпщIыжын щымыIащэу фIы хъуащ. Аращ и къыдэгъэкIыным текIуадэ мылъкумкIи щIэгъэкъуэ­ныфIхэри щIигъуэтар. Ди лъэпкъэгъу политик, хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ ­Къанокъуэ Арсен ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием кърит мылъ­кум щыщи Заретэ и тхылъым хухахащ, щIэгъэкъуэн хъарзынэу къы­щIэкIащ. Апхуэдэ дыдэуи, тхылъыр зэрыщхьэпэр, ар лъэпкъым мыкIуэ­щIыж и мылъкуу зэрыщытынур къагурыIуэу, къадэIэпыкъуащ Хьэрэду-рэ Заурбий Музрач и къуэмрэ ЛъэнкIэпIашэ Ларисэ Емзэгъ и пхъумрэ. МащIэ-куэдми, зыкъыщIэзыгъэкъуа дэтхэнэри гулъытэншэ имыщIауэ ­езы тхылъхэм къыщигъэлъэгъуэжащ авторым.
Заретэ зэрыжиIэмкIэ, еханэ тхылъри мыгувэу дунейм къытехьэнущ, ­ ауэ ар иужь тхылъу щытыну къысщыхъуркъым. Пыпщэ зэрыхъунум хуэгъэпсащ, сыту жыпIэмэ, уэрэд усы-ныр сыт зэмани щыIащ, иджыри щыIэнущ, уеблэмэ мыужьыхыж мафIэм хуэдэу ар щытынущ. ЛIэщIыгъуэ къэс езым и гъащIэ, и лъэужь щыIэнущ, уэрэдри лъэужьыншэ хъур­-къым. Уэрэдылъэ хъуржынри щIэ зимыIэ тхылъ телъыджэу, багъуэ мы­хъумэ, хэщI имыIэу псэуну гугъэ ­къозытщ. Афэрым». 
 Зыгъэхьэзырар
САНЭ Ринэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.