ЩIалэгъуалэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ зэрадэлэжьэнур яубзыху

 Къэбэрдей-Балъкъэр къулыкъущIэхэм папщIэ, «Машук» щIэныгъэ центрым мы махуэхэм щокIуэкI щIыналъэхэм зэдай семинар-совещанэ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек а хъыбарымкIэ и интернет напэкIуэцIым и щIэджыкIакIуэхэм щадэгуэшащ. 
«Стратегия устойчивости» программэм КъБР-м и министерствэхэмрэ муниципалитетхэмрэ, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм, ­щэн-щэ­хуэным емыпха Iуэху­щIа­пIэ­хэм, медиа, пре­сс-­Iуэ­ху­щIапIэхэм я лIыкIуэ 70-м щIигъу зэхуишэсащ. Ахэр тепсэ­лъы­хьынущ сабийхэмрэ щIалэ­гъуалэмрэ интернетыр шынагъуэншэу къагъэсэбэпыным, ахэр гъэсэным, къэралым и цIыхум къытехуэ къалэнхэр ­къагурыIуэным сэбэп хуэхъуну бгъэдыхьэкIэхэм. 
Зэманым и щытыкIэм елъы­тауэ, щIалэгъуалэм епсэлъэн зэрыхуей щIыкIэмкIэ зочэнджэщ семинарым хэтхэр, ущиякIуэм гу зылъитапхъэхэм я ­гугъу ящI, унафэр зыIэщIэлъхэр щэн-щэхуэным пымыщIа IуэхущIапIэхэмрэ медиа IэщIагъэлIхэмрэ ядэлэжьэн зэры­хуей щIыкIэм зэгъусэу йогупсыс. Гулъытэ щхьэхуэ хуащI щIыналъэм щызекIуэ лъэпкъ­хэм къадекIуэкI щэнхабзэхэр щIа­лэгъуалэм щадэлажьэкIэ къэбгъэщхьэпэ зэрыхъуну Iэмалхэм. 
Программэм ипкъ иткIэ, утыку кърахьа проектхэм къыхахынущ егъэджэныгъэм епхауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­лажьэ IуэхущIапIэхэм, щIа­лэ­гъуалэ центрхэм, жылагъуэ зэхуэсыпIэхэм дяпэкIэ къы­щагъэсэбэп хъуну хэкIыпIэ-хэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.