ЩIэныгъэр и лъабжьэу

Жэпуэгъуэм и 20-21-хэм Абхъаз Республикэм щекIуэкIащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, тхыдэдж, этнограф, литературовед, IуэрыIуа­тэдж Инал-ипэ Шалвэ къызэралъхурэ илъэси 110-рэ зэрырикъум ещIэкIа IV Дунейпсо зэIущIэ.

ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз академием, Аб­хъазым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ акаде­мием зэщIыгъуу къызэрагъэпэщат ар. ЗэIущIэм ­хэтащ къэрали 5-м я лIыкъуэ 200-м щIигъу. ­ЩIДАА-м къыбгъэдэкIыу абы хэтащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, адыгэ академием и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэгъэпсо Сэфарбий зи пашэ гупыр. 
Абхъаз Республикэм и Министрхэм я советым щекIуэкIа зэIущIэм къыщыпсэлъащ АР-м и Пре­зидент Гунбэ Бадрэ, Абхъаз къэрал университетым и ректор, ЩIДАА-м и вице-президент, ака­демик , профессор Гварамие Алекэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз академием и президент Джапуа Зураб, ЩIДАА-м и щIэныгъэлI секретарь нэхъыщхьэ Щхьэ­гъэпсо Сэфарбий, Абхъазым Гуманитар къэ­хутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Ашубэ Ардэ. 
Щхьэгъэпсор къыщыпсэлъам жиIащ ЩIДАА-м зиужьыным, абы и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным зэрыхуэщхьэпэм папщIэ, академием и прези-дент Къанокъуэ Арсен Абхъаз къудамэм хэтхэм фIыщIэ зэрахуищIыр икIи Абхъазым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым яритащ тхылъ 45-рэ. А тхылъхэр псори «Адыгэхэр-2040. Зыу­жьы­ныгъэм и гъуазэ» Iуэхум ипкъ иткIэ ЩIДАА-м къыдигъэкIащ.
КъищынэмыщIауэ, Къанокъуэм къыбгъэдэкIыу Щхьэгъэпсом Абхъаз Республикэм и Президентым иритыжащ тхылъ, ар ЩIДАА-м и академик хъуну къызэрырагъэблагъэр иту. Абхъазым и Iэтащхьэр абы арэзы техъуащ. 
ЗэIущIэм и етIуанэ махуэм ЩIэныгъэхэмкIэ Абхъаз академием Iэ традзащ ЩIДАА-мрэ ЩIАА-мрэ 2032 гъэ пщIондэ зэрызэдэлэжьэну зэгурыIуэныгъэм. Щхьэгъэпсо Сэфарбий фIыщIэ тхылъхэмрэ адыгэ академием и бгъэхэIухэмрэ яритыжащ ­ЩIДАА-м къыхагъэхьа абхъаз щIэныгъэлIи 9-м. 

Къаныкъуэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.11.2026 - 10:01

Ахъшэр зыхуэдизынумрэ нэхъыщхьэу зытрагъэкIуэдэнумрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм депутатхэр, министерствэхэмрэ IэнатIэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмрэ я лIы­кIуэ­хэр я гъусэу, щытепсэ­лъыхьащ «КъБР-м и бю

14.11.2026 - 09:03

Лъэпкъ IэфIыкIэр зи IэрыкIхэр

Хьэмидей жылэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ фокIадэ мазэм екIуэкIа «Вкусы России» зэхыхьэм ди республикэр цIэрыIуэ щызыщIа къуажэдэс бзылъхугъэхэр. 

13.11.2026 - 17:06

Зэдэлэжьэныгъэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ иригъэблэгъащ ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал агентствэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Зотовэ Лейлэ. 

13.11.2026 - 09:03

Усыгъэр щIэблэм зыхрагъащIэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм ще­кIуэ­кIащ Урысейм  и лъэпкъхэм я литературэм и фес­тиваль.

13.11.2026 - 09:03

СыткIи нэсу къызэгъэпэщауэ

Курыт еджапIэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа программэр республикэм гъэзэщIэн щыщIадзащ 2022 гъэм.