Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. ЩIыналъэхэм я хабзэубзыху IэнатIэхэм я пашэхэр нэхъапэIуэкIэ зэхуэзащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентымрэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа ЗэгурыIуэныгъэм Iэ щIадзащ. Апхуэдэу щIыналъэхэм я депутатхэри ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










