Макъамэ уахътыншэхэр мэIу

«Мариинский - Владикавказ» VIII дунейпсо макъамэ фестивалым хыхьэу Налшык дэт Музыкэ театрым Гергиев Валерий зи унафэщI Мариинскэ театрым и симфоние оркестрым и концерт щекIуэкIащ. Пшы­хьым щыIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек икIи абы теухуауэ и МАКС каналым щитхащ:

«Хуабжьу си гуапэу сыщыIащ Урысейм и цIыхубэ артист Гергиев Валерий Абисал и къуэр зи унафэщI Мариинскэ театрым и симфоние оркестр цIэрыIуэм и концертым. Ар щекIуэкIащ Музыкэ къэрал театрым. 
Гъуэзэджэу ягъэзэщIащ урыс, хамэ къэрал композитор телъыджэхэм - Римский-Корсаковым, Бетховеным, Мусоргскэм, нэгъуэщI классикхэм - я IэдакъэщIэкI уахътыншэхэр. Ар щэнхабзэ Iуэхугъуэшхуэщ!
Гергиев Валерий и гъусэу  зыкъагъэлъэ­гъуащ Ираным щыщ дирижёр, композитор цIэрыIуэ Рахбари Александррэ (Алий) маэстрэм и къуэ - пианист Iэзэ Гергиев Абисалрэ. Дуней псом щыцIэрыIуэ макъамэхэр Iэзагъышхуэ хэлъу зэрывгъэзэщIам гухэ­хъуэшхуэ къыдитащ. 
Си щхьэкIи Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­сэу­хэми - гъуазджэм и лэжьакIуэхэми, щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэм и гъэсэнхэми, академие макъамэр фIыуэ зылъагъухэми - къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхузощI Гергиев Валерии Мариинскэ театрым и симфоние оркестрым и гупми апхуэдэ тыгъэ къызэрытхуащIам папщIэ.
Тхьэм фригъэфIакIуэ!»

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите

09.11.2026 - 09:11

Къалащхьэм нэхъри зегъэужьыным теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и къалащ­хьэм адэкIи сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным теухуа зэIущIэ.

09.11.2026 - 09:10

ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ советым и зэIущIэ.

09.11.2026 - 09:08

Депутатхэр Шэрий Иналбэч йохъуэхъу

Тэрч щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ бэнэкIэ хуитымкIэ иджыб­лагъэ дунейпсо чем­пион­ хъуа Шэрий Иналбэч.

09.11.2026 - 09:07

УсакIуэм и фэеплъу

Лъэпкъым и бын щэджа­щэ ЩоджэнцIыкIу Алий къы­щалъхуа махуэр курыт еджапIэхэм, тхылъ хъумапIэ­хэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм щагъэлъэпIащ.