Ехъуэхъуащ еджапIэщIэр яхуэугъурлыну

Ди республикэм и къалащхьэ Налшык къыщызэIуахащ Урысей МВД-м и Къэбэрдей-Балъкъэр институт. Iуэхугъуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Зэ­хуэсым кърихьэлIа хьэщIэ лъа­пIэхэм ящыщщ УФ-м къэ­рал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Кубышкэ Владимиррэ Урысейм и ­МВД-м Кавказ Ищхъэрэ фе-деральнэ щIыналъэмкIэ и Уп­рав­ленэ нэхъыщхьэм и уна­фэщI Бачурин Сергейрэ. Апхуэдэу гуфIэгъуэм хэтащ УФ-м и МВД-м КъБР-мкIэ и министр Крючков Вячеслав, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм УФ-м и МВД-м щиIэ къудамэхэм, къулыкъущIапIэхэм я унафэщIхэр, ветеранхэр, институтым и курсантхэр, абыхэм я Iыхьлыхэр. 

Зэхуэсым и къэхъукъащIэ нэхъыщхьэ хъуащ институтым УФ-м и Президентым къыбгъэдэкIыу Зауэ бэракъ къы­зэ­рыхуагъэфэщар. Бэракъри  УФ-м и Президентым къыбгъэдэкI ЩIыхь тхылъри IуэхущIапIэм и унафэщI Сапронов Юрий иратащ. Ахэр институтым щахъу­мэнущ. 
Къызэхуэсахэм захуигъэ­защ Кубышкэ Владимир. Абы жи-Iащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэр зи IэщIагъэм фIыуэ хэзы­щIыкI, абыкIэ щIэныгъэ­фI­рэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэ-дэлъ, зи Хэкур фIыуэ зылъагъу, абы хуэпэж IэщIагъэлIхэм зэ­рыхуэ­ныкъуэр. Институтым и егъэджакIуэхэмрэ унэтIа­кIуэ­хэмрэ ябгъэдэлъ Iэзагъыр, я пщэрылъ къалэнхэм хыхьэ а Iуэхугъуэр екIуу зэфIэхыным, дауи, зэрыхущIэкъунур къыхигъэщащ. Бэракъыр институ-тым зэрыхуагъэфэщар тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэу зэры-щытыр, ар еджапIэм и IэщIагъэлIхэри курсантхэри зэрыгушхуэ дамыгъэ зэрыхъунуми шэч зэрыхэмылъыр жиIащ  абы. Кубышкэ апхуэдэу фIы-щIэ ин хуищIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, институтыр къызэIухынымрэ абы ­епха къызэгъэпэщыныгъэ лэ­жьыгъэхэмрэ гулъытэшхуэ зэ­­ры­хуищIым папщIэ.
Ди республикэм и пашэ КIуэ­кIуэ Казбек ехъуэхъуащ Уры-сей МВД-м и Кавказ Ищхъэрэ ­институтым и IэщIагъэлIхэмрэ кур­­сантхэмрэ еджапIэр къызэ­ры­зэIуахамрэ Бэракъыр къы­зэрыхуагъэфэщамрэ папщIэ, лэжьыгъэм, еджэным ехъу­лIэныгъэ щаIэну, къэралым къу­лыкъу пэж хуащIэну зэри­гуа­пэр къыхигъэщу. КIуэкIуэр кIэщIу тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм къикIуа гъуэгуанэм, ар зи щхьэ хущытыж еджапIэ нэхъыщхьэ иджы зэрыхъуам зэрыщыгуфIыкIыр къыхигъэщу. ФIыщIэ ин хуищIащ УФ-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Колокольцев Владимир, Урысей МВД-м и институт ди республикэм къыщызэIуихыну унафэ зэрищIам папщIэ. «Си фIэщ мэхъу институтым и IэщIагъэлIхэр ехъулIэныгъэ яIэу я пщэрылъ къалэнхэм зэ­рыпэлъэщынур. Абы папщIэ еджапIэр зыхуей-зыхуэфI псом­­кIи къызэгъэпэщащ, методикэ лъабжьэри зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ лэжьакIуэхэри хэту», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. 
Институтым и курсантхэм хэхауэ захуигъазэу КIуэкIуэ Казбек жиIащ къыхаха IэщIагъэм ипкъ иткIэ, абыхэм лIыгъэ, къэ­мыланджагъэ яхэлъыпхъэу, шынагъуэм пимыкIуэту, нэ­гъуэщIым дэIэпыкъуэгъу хуэ­хъуну хьэзыру, къыхуагъэфэща Бэракъым и пщIэр яIыгъыу, ар яхъумэу зэрыщытынум шэч къызэрытримыхьэр. 
А псоми къыкIэлъыкIуэу курсантхэм тхьэрыIуэ ятащ я къу­лыкъум, IэщIагъэм зэрахуэпэ­жынумкIэ. Абыхэм иратащ институтым и курсант зэрыхъуам щы­хьэт техъуэ тхылъхэр. 
ИужькIэ зэхуэсым кърихьэ­лIахэм удз гъэгъахэр тралъ­хьащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэм къулыкъум щы­пэ­ры­ту зи псэр зытахэм я фэеп­лъым. Зэхуэсым и кIэухыу институтым и егъэджакIуэхэмрэ курсантхэмрэ хьэщIэ лъапIэ­хэм я пащхьэ екIуу, зэдэууэ блэкIащ, иужькIэ Урысей Федерацэм и Къэрал гимныр ягъэзэщIащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.10.2026 - 09:03

ФIым ухуэлъащэмэ, фIым ухуэкIуэнщ

Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ ­химиемрэ биологиемкIэ ­егъэ­джакIуэ, Бахъсэн ­щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк ­(Ты­жьей) къуажэм  ­къы­­­щалъхуа, республикэм Егъэ­­джэныгъэмкIэ и министерствэм

07.10.2026 - 09:03

И гуащIэм щыгуфIыкIыу

Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ.

07.10.2026 - 09:03

Фащэ екIухэр ящыгът

Адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэблэм егъэщIэным хуэгъэпса «Адыгэ цIыкIу» сабий IуэхущIапIэм Адыгэхэм я махуэр щагъэлъэпIащ.

06.10.2026 - 09:51

КъахуэгъэщIынущ зыми емыщхь теплъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм и дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм и президент Ставицкий Виталий.

06.10.2026 - 09:51

Макъамэ уахътыншэхэр мэIу

«Мариинский - Владикавказ» VIII дунейпсо макъамэ фестивалым хыхьэу Налшык дэт Музыкэ театрым Гергиев Валерий зи унафэщI Мариинскэ театрым и симфоние оркестрым и концерт щекIуэкIащ.