Унагъуэшхуэм щыщ хъуащ

ФокIадэм и 30-р иджырей урысей тхыдэм и махуэгъэп-сым хэт махуэ хэхащ. А махуэм, 2022 гъэм, Iэ щIадзащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэр, Запорожскэ, Херсон областхэр Урысей Федерацэм къы­зэрыхагъэхьэжам теухуа тхыдэ дэфтэрхэм. Абы и щIыхь­кIэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къы-­щы­зэIуахащ «Урысейм и щIыналъэщIэхэр» гъэлъэгъуэ­ны­гъэр.

КъБКъУ-м Гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм игъэ­хьэ­зыра гъэлъэгъуэныгъэр хуэгъэп­сащ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху­гъуэм цIыхухэр щыгъэгъуэзэным нэмыщI, а къэхъугъэм дунейм и геополитикэ картэр зэрихъуэжар ягуригъэIуэным. Абы щы­зэ­хуэ­хьэса сурэтхэм уи нэгу къыщIагъэувэ тхыдэ Iуэхугъуэхэр зэры­зэ­кIэлъыкIуахэр - щIыналъэ­щIэ­хэр ди къэралым къызэрыхагъэ­хьэжар зэрекIуэкIа щIыкIэр. 
Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, къызэхуэсахэм ялъэгъуащ Урысейм и Президент Путин Владимиррэ зи гугъу тщIы щIыналъэ­хэм я Iэтащхьэхэмрэ зэгу­ры­Iуэ­ныгъэхэм Iэ щыщIадза гуфIэгъуэ дауэдапщэм щытраха сурэтхэр, ар даIыгъыу щIыпIэ зэмы­лIэу­жьы­гъуэхэм къыщызэрагъэпэща, цIыху куэд дыдэ зыхэт «Урысейм игъащIэкIэ дригъусэу!» пэ­кIухэр, УФ-м и щIыналъэщIэхэм щыпсэухэм урысей паспортхэр щрат дакъикъэхэр. Гулъытэ щхьэ­хуэ хуащIащ а махуэр университетым зэрыщагъэлъэпIами: стендхэм хэтщ КъБКъУ-м щекIуэкIа зэIущIэхэм щытраха сурэтхэри. Фигу къэдгъэ­кIы­жын­щи, абы кърихьэлIат Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щып­сэу­хэу, студентхэу, лэжьакIуэхэу цIыху 2500-м щIигъу.
КъБКъУ-м Гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Джэрыджэ Залинэ къыхигъэщ­хьэхукIащ университетхэм апхуэдэ Iуэхухэр щегъэкIуэкIыным мыхьэ­нэшхуэ зэриIэр:
- «Урысейм и щIыналъэщIэхэр» гъэ­лъэгъуэныгъэр псоми я зэ­хуэдэ тхыдэмрэ къэкIуэнумрэ теу­хуа зэхыхьэ къызэрымыкIуэщ. ДНР-р, ЛНР-р, Запорожскэ, Херсон областхэр УФ-м къыщыхыхьа махуэм къегъэлъагъуэ лъэпкъ-хэм я зэкъуэтыныгъэр, абыхэм я зэ­хуэдэ псэкупсэ, унагъуэ лъапIэныгъэхэр. Дэ ди къалэнщ а Iуэхугъуэхэм ятеухуа пэжыр щIэб­лэм дыхуэсакъыу ябгъэ­дэтлъ­­хьэну, Хэкум и тхыдэм пщIэ хуа-щIу дгъэсэну.
КъБКъУ-м дежкIэ ар махуэгъэпсым хэт махуэ къудейкъым: ди студентхэм яхэтщ щIыналъэ­щIэхэм къикIа щIалэгъуалэ. Ахэри ди университет унагъуэшхуэм щыщ цIыху хъуащ. Абы къыхэкIыу, абыхэм гулъытэ лей яхудощI, заужьынымкIэ дадоIэпыкъу, - къыхигъэщащ Джэрыджэ Залинэ.
Гъэлъэгъуэныгъэр университетым и корпус нэхъыщхьэм щы­лэ­жьэнущ. Абы ирагъэблагъэ еджапIэ нэхъыщхьэм и студентхэр, егъэ­джакIуэхэр, хьэщIэхэр. 

Тхыгъэри сурэтри
ШэрIужь  Даянэ ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.10.2026 - 09:03

ФIым ухуэлъащэмэ, фIым ухуэкIуэнщ

Бзылъхугъэ гуащIафIэ, илъэс 45-м нэблэгъауэ ­химиемрэ биологиемкIэ ­егъэ­джакIуэ, Бахъсэн ­щIыналъэм хыхьэ Кыщпэк ­(Ты­жьей) къуажэм  ­къы­­­щалъхуа, республикэм Егъэ­­джэныгъэмкIэ и министерствэм

07.10.2026 - 09:03

И гуащIэм щыгуфIыкIыу

Зи гуащIэдэкIым щыгуфIыкI цIыхум и насыпщ.

07.10.2026 - 09:03

Фащэ екIухэр ящыгът

Адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ щIэблэм егъэщIэным хуэгъэпса «Адыгэ цIыкIу» сабий IуэхущIапIэм Адыгэхэм я махуэр щагъэлъэпIащ.

06.10.2026 - 09:51

КъахуэгъэщIынущ зыми емыщхь теплъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Урысейм и дизайнерхэм я зэгухьэныгъэм и президент Ставицкий Виталий.

06.10.2026 - 09:51

Макъамэ уахътыншэхэр мэIу

«Мариинский - Владикавказ» VIII дунейпсо макъамэ фестивалым хыхьэу Налшык дэт Музыкэ театрым Гергиев Валерий зи унафэщI Мариинскэ театрым и симфоние оркестрым и концерт щекIуэкIащ.