Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ иджыблагъэ щекIуэкIащ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмыса цIыкIухэм адыгэбзэр езыгъэджхэм я щIыналъэ зэхуаку семинарышхуэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгеймрэ щылажьэ сабий гъэсапIэ зыбжанэм анэдэлъхубзэмкIэ я IэщIагъэлI пашэхэр. Ахэр зэдэгуэшащ бзэр щIэблэм егъэджынымкIэ ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ, лэжьыгъэр адэкIи егъэфIэкIуэным теухуа я гупсысэхэмрэ жэрдэмхэмкIэ.
Ди республикэм щыщу зэIущIэ щхьэпэм хэтащ Аруан къуажэм дэт курыт еджапIэм и нэIэм щIэт сабий садым и унафэщI Бетыгъуэн Залинэрэ а курыт школым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Бэждыгъу ФатIимэрэ. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэс куэд лъандэрэ ехъулIэныгъэ яIэу пэрыт, лэжьыгъэм и пIалъэ зыщIэ Бетыгъуэнымрэ Бэждыгъумрэ зэхуэсым кърихьэлIахэм ядэгуэшащ лъэпкъ гъэсэныгъэмрэ анэдэлъхубзэр щIэблэм егъэджынымкIэ ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэхэмкIэ. Абыхэм зэрыжаIамкIэ, сабий садым и гъэсэнхэм анэдэлъэхубзэр егъэджын и лъэныкъуэкIэ драгъэкIуэкI лэжьыгъэ псоми я лъабжьэщ бзитI-щы- кIэ зэуэ (полилингвальнэ) щIэныгъэ зэрырагъэгъуэтыр.
Аруан къуажэм дэт гъэсапIэм абы теухуауэ зэгъусэу щызэдагъэлажьэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ. Бэждыгъум зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм фIы куэдым ухуешэ. Къапщтэмэ, бзэхэр мэхъу сабийм дунейм и зэхэлъыкIэ хьэлэмэтым щыгъуазэ зэрызэхуищI IэмалыфI, апхуэдэуи бзэм хэт псалъэхэм я мыхьэнэр зрагъэщIаурэ, цIыкIухэм къащIэ ар зей лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэмрэ щэнхабзэмрэ зыхуэдэр.
Апхуэдэу семинарым кърихьэлIахэм ящыщ куэдым гунэс ящыхъуащ ди республикэм и лIыкIуэхэм абы къыхузэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэтыр. Абы щыплъагъунут лъэпкъ щэнхабзэм и нэпкъыжьэ къызытещ хьэпшыпхэр, сабийхэм ящIа сурэт гъэщIэгъуэнхэр, сабий садым щекIуэкI лэжьыгъэхэр къызэрыщ теплъэгъуэ хьэлэмэтхэр, нэгъуэщIхэри.
ЩIыналъэпсо зэхуэсым хэтахэм гуапэ ящыхъуащ Iуэхур Сэхъурокъуэ Хьэутий зи тхьэмадэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэрыдиIыгъар. Адыгэхэм ди жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм къыбгъэдэкIыу сом мин 250-рэ хъу сертификатхэр иратащ гъэсапIиплIым. Апхуэдэхэм хиубыдащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм хыхьэ Аруан жылэм дэт курыт школым и гъэсапIэ къудамэр. ДАХ-р къазэрыхуэупса мылъкур трагъэкIуэдэнущ сабий гъэсапIэхэм я мылъкутехникэ лъабжьэр гъэбыдэным, абыхэм щекIуэкI егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэр нэхъри егъэфIэкIуэным.
ТАМБИЙ Линэ.