СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэрыпыщIар. Абыхэм гъуазджэм и IэмалкIэ щIыуэпсым и дахагъэр дагъэлъагъу къудейуэ жыпIэныр къезэгъыркъым, я IэдакъэщIэкIхэм псалъэншэуи дунейр тхъумэну, абы дыхуэсакъыну дыкъыхураджэфри.
Къэбгъэлъагъуэмэ, япэ сурэтыр къыщыунэхуар XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм хуахь. Абы лъандэри сурэттех IэщIагъэм зиужь зэпыту къекIуэкIащ.
Ди зэманым жып телефонкIэ махуэ къэс дэтхэнэ зыми сурэт тетхми, гъуазджэм и лэжьакIуэм «илъагъумрэ» дэ ди сурэттехым «къедгъэубыдыфымрэ» шурэ лъэсрэ я зэхуакущ жыпIэфынущ. Абы и щыхьэтщ иджыблагъэ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэр. Ар музейхэм щекIуэкI хабзэхэм къащхьэщыкIырт, уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуаку дэтми ярейуэ. Гъэмахуэу, дунейр хуабэу, Налшык и зыгъэпсэхупIэ нэхъ дахэ дыдэм урикIуэу апхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэ ущрихьэлIэныр, дауи, щIэщыгъуэт. Псом хуэмыдэу сабийхэр яIыгъыу къэзыкIухь адэ-анэхэм дежкIэ ар гухэхъуэгъуэ хъунтэкъэ (зэман лей зэрамыIэр къэплъытэмэ) ?!
Апхуэдэ тыгъэ налшыкдэсхэм яхуэзыщIу зи IэдакъэщIэкIхэр утыку къизыхьар иджыблагъэ ди газетымкIэ зи IэщIагъэм тедгъэпсэлъыхьа Журт Хьэсэнщ. Мы сурэт гъэлъэгъуэныгъэр иджы етIуанэу къызэрегъэпэщ «Свой стиль» сурэтклубым. «Сэ куэд щIауэ мыпхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм срителъхьэт, - жеIэ езы сурэттехым. - Сурэтыр гъэлъэгъуапIэ пэшым щIэбубыдэкIэ зыри и мыхьэнэкъым. Ар цIыхум папщIэщ «къыщIэдгъэщIыр». Зы мазэм къриубыдэу музейм екIуалIэм нэхърэ нэхъыбэ мыбдеж зы махуэм щызэблокIри, цIыхухэм Iэмал яIэщ гъуазджэм «лъэIэсыну».
Журт Хьэсэн и япэ гъэлъэгъуэныгъэр 2008 гъэм къызэригъэпэщауэ щытащ. Езым зэрыжиIэмкIи, ар зи фIыщIэр и анэ дэлъху, тхакIуэ IутIыж Борист. И лэжьыгъэ нэхъыфI дыдэу зытхух хуихьыну къыхуиIуэхури, Хьэсэн и сурэтхэр а махуэ дыдэм КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщIу щыта КIэрэф БетIал иригъэлъэгъуауэ щытащ, и щхьэзакъуэ гъэлъэгъуэныгъэ къыхузэрагъэпэщынуи зэгурыIуат.
Абы лъандэрэ Журтым и лэжьыгъэ IэнатIэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, дэзыхьэх Iуэхуми ехъулIэныгъэ куэд щызыIэригъэхьащ, и Iэзагъэм хигъахъуэурэ урысейпсо зэпеуэхэми мызэ-мытIэу щытекIуащ. Урысейм Къуалэбзухэр хъумэнымкIэ и зэгухьэныгъэмрэ орнитолог цIэрыIуэ Белик Викторрэ гу къылъатауэ, Хьэсэн къуалэбзу гъуэтыгъуейхэм сурэт зэрытрихми и гугъу щытщIащ ди газетым.
ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм иджы щигъэлъэгъуам и гугъу тщIымэ, ар тхыгъэр къызэрыщIэддза гупсысэрщ - Хьэсэн ар триухуат ди щIыналъэм и щIыуэпс телъыджэм. Пщэдджыжь пшэплъым зы сурэт закъуэ тепхын щхьэкIэ нэхущым укъэтэджыным е сыхьэт бжыгъэкIэ зумыгъэхъейуэ къуалэбзум упэплъэным и мыхьэнэм ущIэупщIэмэ, Журтым асыхьэту жеIэ: «Сурэт техыным езым хуабжьу уи гур хегъахъуэ. Ауэ гурыфIыгъуэ нэхъ ин дыдэр щызыхэпщIэр ди щхьэм и мызакъуэу, ар цIыхухэм ялъагъун щхьэкIэ зэрытетхырщ».
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.