Гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI апхуэдэ псалъэ дахэхэмкIэ и къалэмыпэм къыпыкIа тхылъ купщIафIэм ит хъыбархэр ирешажьэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ емызэш, хэкупсэ нэсу зи гъащIэр зыхь Къалмыкъ Эдуард. «Зэрэгъыж (1926-2026). Тхыдэр, географиер, щIыпIэцIэхэр, цIыхухэр» фIэщыгъэр зиIэ а тхылъ гъэщIэгъуэныр и бжыгъэкIэ 100 хъууэ иджыблагъэ къыщыдэкIащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм. Авторым зэрыжиIэмкIэ, анэ лъагъуныгъэмрэ абы и чэнджэщхэмрэ гъуэгугъэлъагъуэ зыхуэхъуа а къыдэкIыгъуэр яхуэгъэзащ жылэу зэрытIысрэ мы гъэм илъэси 100 ирикъу и къуажэм и тхыдэм, къедза щIыпIэхэм, абы щыпсэуахэу зи дунейр зыхъуэжахэми нобэ узыншэу, жылэм, республикэм, ди къэралышхуэм я ехъулIэныгъэм хуэлажьэу псэу и къуажэгъухэми.
Дэтхэнэ цIыхуми, унагъуэми, жылэми, лъэпкъми, щIыналъэми езым я тхыдэ яIэжщ, мащIэми куэдми. Ахэр зэхэувэжурэ, къэралпсо тхыдэ мэхъу, лIэужьхэр къызэщIиубыдэу, лIэщIыгъуэхэр зэпищIэу, хъугъуэфIыгъуэ ину щIэблэхэм къахуэнэу. Къэрал унафэкIэ жылэу зэрытIысрэ мы гъэм илъэси 100 ирикъуа Зэрэгъыж и щIыбагъ къыдэлъ тхыдэри апхуэдэщ. Къалмыкъ Эдуард хузэфIэкIащ щалъхуа и къуажэм къикIуа гъуэгуанэр зыхуэдэр къигъэлъэгъуэн, жылэм дэлъ хабзэр, и къуажэгъухэм я зэфIэкIхэр, я дуней еплъыкIэхэр, гупсысэхэмрэ мурадхэмрэ (блэкIа зэманым къриубыдахэри къэкIуэнум хуэгъэпсахэри) нэсу къызэщIиубыдэным хущIэкъуу, тхыдэм и пэжыр и тегъэщIапIэу.
Зэрэгъыж къуажэм игъуэта цIэм и деж къыщыщIедзэри, Къалмыкъыр и лэжьыгъэмкIэ нос абы и нобэрей гъащIэм. Дэфтэр хъумапIэхэм щIэлъ тхыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Псыгуэнсу щIыпIэм нэхъапэм щыпсэуащ Амчокъуэ Зэрэгъыж и цIэу адыгэлI хахуэ, и лъэпкъэгъухэм пщIэшхуэ къыхуащIу, бийр къыщыщтэу. Ар кърым тэтэрхэм яIэщIэкIуэдауэ щытащ. ЛIыхъужьыр щаукIа щIыпIэм «Зэрэгъыж дэлъэдапIэкIэ» йоджэ иджы. Псыгуэнсу къыдэкIыу а Iэшэлъашэм щытIыса жылэм Зэрэгъыж и цIэр игъуэтащ.
Зэманыр кIуащ, жылэми зиужь зэпыту екIуэкIащ. Илъэси 100 ипэкIэ, 1926 гъэм и фокIадэм и пэщIэдзэм, Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым унафэ къыдигъэкIащ Зэрэгъыжым къуажэ совет иIэн зэрыхуейм теухуауэ. Абдеж къыщежьащ жылэм и тхыдэщIэр: купщIафIэр, Iуэхугъуэ хьэлэмэтхэмкIэ, лIыгъэрэ хахуагъэкIэ гъэнщIар, ябгъэдэлъ зэфIэкIхэмкIэ ди республикэми, къэралышхуэми, дуней псоми цIэрыIуэ щыхъуа цIыху куэд къыщыхъуар. Зэ еплъыгъуэкIэ, тхыдэм и дежкIэ илъэси 100-р ар куэд- къым, атIэми а илъэсхэм къуажэм зыужьыныгъэфI игъуэтащ, цIыхухэм я псэукIэр иджырей мардэхэм хуэкIуэ хъуащ, жылэм и цIэр фIыкIэ ягъэIуащ абы щыщ еджагъэшхуэхэм, зауэмрэ лэжьыгъэмрэ, политикэмрэ экономикэмрэ, щэнхабзэмрэ спортымрэ я лэжьакIуэхэм, къызыхэкIа унагъуэмрэ зыщыщ лъэпкъымрэ емылъытауэ. Апхуэдэхэщ, Къалмыкъым къызэригъэлъагъуэмкIэ, Лениным и орденыр зыхуэгъэфэща Джэду Бэчмырзэрэ Пщыбий Мухьэмэдрэ, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату щыта Вэрокъуэ Леонид, зауэ зэпэщIэувэныгъэхэм я лIыхъужьхэу Бозийхэ Кушбийрэ Щадрэ, Жыкъуэ Борис, Къардэн Бабий, Челышев Виктор, Бозий Азэт, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, дунейпсо цIэрыIуагъ зиIэ Темыркъан Юрэ, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ IутIыж Борис, КъБР-м и Правительствэм хэтахэу Темыркъанхэ Хьэтурэ Борисрэ, Фырэ Руслан, Iэхъуэбэч Азрэт, олимп чемпион Къардэн Мурат, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэу щыта Хьэмгъуокъу Леонид, нэгъуэщIхэри.
Абыхэм, къуажэм, республикэм, къэралым Iуэху щызезыхьэ нэгъуэщI зэрэгъыждэс куэдми ятеухуа тхыгъэ щхьэхуэхэр, зи цIэхэр жылагъуэм и IуэхущIапIэхэм, уэрамхэм пщIэ хуащIу фIащахэм ехьэлIа хъыбар хьэлэмэтхэр щызэхуихьэсащ Къалмыкъым и лэжьыгъэм. Хуабжьу удэзыхьэхщ къуажэмрэ абы къедза щIыпIэхэмрэ я фIэщыгъэхэу Шэбий Iуащхьэ, Чэщанэжь, Суфэ и тIыгъэ, ПсыфIэIу, Псыжь лъэгу, Иныжьыкхъэ, Вагъэдзыкъуэ, Болжат кумбыжь, жылэм и нэгъуэщI щIыпIэ цIэрыIуэхэми епха хъыбархэри. КъинэмыщIауэ, къуажэм и теплъэр къызэрыщ, и цIыхухэм я сурэт хьэлэмэтхэмрэ усэ купщIафIэхэмрэ къыщыхьащ тхылъ гъэщIэгъуэным.
ЖыпIэнурамэ, зы жылэ и тхыдэрэ и дунейрэ екIуу къыщыгъэлъэгъуа къыдэкIыгъуэщ Къалмыкъ Эдуард и къалэмыпэм къыпыкIар. Зэрэгъыжым и щIэблэ куэдым къахуэщхьэпэну тхылъ гъуэзэджэмкIэ авторым сэтей къищIар щалъхуа щIыпIэм и къекIуэкIыкIамрэ и нобэрей гъащIэмрэ я закъуэкъым – Эдуард хузэфIэкIащ цIыхум и дежкIэ къызыкIа лъэпкъым, зыщыщ щIыналъэм къепха псори хъугъуэфIыгъуэ мылъытэу зэрыщытыр къигъэлъэгъуэн, а фIыгъуэхэр хъумэныр дэтхэнэми и къалэну зэрыщытыр наIуэ къищIын.
Жылэ махуэу дяпэкIи уекIуэкIыну, уи тхыдэм узэрыгушхуэн илъэси 100 куэд къриубыдэну, Зэрэгъыж!
ЖЫЛАСЭ Маритэ.