Зэкъуэтыныгъэм и мыхьэнэр яIэт

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым теухуа хэкупсэ зэIущIэ.
 
Абы хэтащ КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Крючков Вячеслав, а ведомствэм и адрей уна­фэщIхэр, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гер­гоков Джамбулэт, Урысейм и МВД-м и Кавказ Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Сапронов Юрий, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэмрэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я ветеранхэмрэ.
Зэхуэсым кърагъэблэгъахэм ящыщт гъащIэм щытыкIэ гугъу къыщихута сабийхэри. 
Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэ­защ Крючков Вячеслав. 
- «ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэ» жиIэмэ – ар цIыху мелуанхэм зыуэ зэрыщытыр зыхегъэщIэнырщ. Къэралым и цIыхухэр зэкъуоувэ хэкур щытыкIэ гугъу щихуэм деж, я зэхуэдэ хабзэ лъапIэныгъэхэри мыхьэнэшхуэ зиIэ икIи гурыIуэ­гъуэ мэхъу апхуэдэхэм деж. Дэ ди къалэнщ «зэкъуэтыныгъэ» псалъэм купщIэшхуэ зэриIэр къэдгъэлъэгъуэну, ар цIыхухэм махуэ къэс ­ялъагъу Iуэху пыухыкIахэмкIэ, щапхъэхэмкIэ къэдгъэнэIуэну.  
Мы гъэр псом я дежкIи ирехъу Iуэху пыухыкIахэм, зэкъуэтыныгъэ быдэхэм, Урысейм и те­кIуэныгъэщIэхэм я илъэс, - къыхигъэщащ министрым. 
Къызэхуэсахэм зыхуагъэзащ Къуэшырокъуэ Залымрэ Гергоков Джамбулатрэ. Абыхэм къыхагъэщащ Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр зэгурыIуэныгъэм, мамырыгъэмрэ пщIэ зэхуащIынымрэ я нагъыщэу зэ­рыщытыр.
Зэхуэсым Iуэху гуапэкIэ къыпащащ. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу я ­къалэнхэр ягъэзащIэу ехъулIэныгъэ лъагэхэр зыIэрызыгъэхьа зыбжанэм дамыгъэхэр иратащ. КъыхэжаныкIа полицейхэм хуагъэфэщащ ведомствэ медалхэр, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. 
Крючков Вячеслав апхуэдэуи я лэжьакIуэхэу зи чэзу званиехэм нэсахэм ехъуэхъури дама­телъх­эр яритащ. 
КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъхэр иратащ КъБР-м щыIэ МВД-м и ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Пыхъ МуIэедрэ ОВД-м и IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ.
 Хэкупсэ Iуэхур махуэшхуэ концерткIэ иухащ. 
УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.09.2026 - 09:13

ЕрыскъыхэкIхэм я къалащхьэщ Налшык

Налшык къалэр, ЗэгурыIуэныгъэм и утыр, мы махуэхэм Урысейм и ерыскъыхэкIхэм я къалащхьэхэм ящыщ зы ­хъуащ.

08.09.2026 - 09:12

Гъагъэ, си республикэ!

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр Театр щхъуантIэм щагъэлъэпIащ «Гъагъэ, си щIыналъэ!» гуфIэгъуэ концерт инымкIэ. 

08.09.2026 - 09:10

«Кавказым - мамырыгъэ»

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым фокIадэм и 6-м щызэхуащIыжащ гъуаз­джэхэмкIэ «Кавказым - мамы­рыгъэ» XV лъэпкъхэм зэдай фес­тива­лыр.

08.09.2026 - 09:07

Къыщыуджащ Ищхъэрэ Мылылъэ хым

Налшык къалэм дэт лицей №2-м физикэмрэ астрономиемкIэ и егъэджа­кIуэ Къэшэж Аслъэн «Рос­атом»-м иригъэкIуэкI «Ледокол знаний» VII дунейпсо щIэныгъэ-узэ­щIакIуэ зе­кIуэм хэтахэм ящыщ зы ­хъуащ.

07.09.2026 - 09:03

Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу хъыбар гуапэ къы­тIэ­рыхьащ.