ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ                             къекIуэкIыгъуэм. Абы махуэ зыбжанэ ипэкIэ Алътуд и «Искра»-мрэ Псынэдахэ и «Родник»-мрэ Прохладнэ къалэм ­щы­­зэхагъэкIащ зэпеуэм бжьы­пэр щиIыгъыну                    ид­жып­­стукIэ зыхуэфащэр хэтми, ягъэIэпхъуауэ щыта зэIущIэр ирагъэкIуэкIыжри. 

Прохладнэ и «Централь­нэ» стадионым шыщх­ьэуIум и 1-м цIыху куэд дыдэ къы­щызэхуэсат. Псори щIэ­хъуэпсырт кIэлъыплъыну иужь илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ нэхъыфIитIыр Урысей Фе­дерацэм и Кавказ Ищхъэ-   рэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу лъэщхэр зыхэт ещанэ дивизионым щекIуэкI зэ­хьэ­зэхуэм и бжьыпэм зэры­щI­э­бэным. Джэгум щIидзэным ипэкIэ абы и судья нэхъыщ-хьэ Каховкин Эдуард «Род­ник»-м и капитан Бэчбо Му-рат къызэхуэсахэм я Iэгуауэм щIэту иритыжащ япэ къе­кIуэкIыгъуэм и футболист нэхъыфIу къызэралъытам къы­пэкIуа саугъэт лъапIэр.
ЛъэныкъуитIри мы зэIущIэм ирихьэлIат тегушхуэ­ныгъэ ин яIэу. Дэтхэнэри хьэзырт зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдыну икIи абы папщIэ футболист Iэзэхэр щызэ­хуэ­шэса гуп зэкъуэт яIэт. Арщ- х­ьэ­кIэ гурыIуэгъуэт тIум языр текIуэтын зэрыхуейр.
Джэгум и пэщIэдзэм къигъэлъэгъуащ Псынэдахэ икIахэр нэхъ зэрыхьэзырыр. «Род­ник»-м Iэмал хъарзынэ зыбжанэ иIащ бжыгъэр къызэIуихыну. Топджэгум дихьэххэм фIы дыдэу яцIыху ХъутIэ Анзоррэ Аппаев Хъызыррэ зыхэт «Искра»-ри къикIуэтынухэм ящыщтэкъым. Апхуэ­дэу щыт пэтми, Iуэхур щы­зэхэкIар зэIущIэм и кIэу-хырщ. Къызэрихьэрэ куэд мы­щIахэу Теувэжыкъуэ Амиррэ Жылэ Ислъамрэ Iэзэу топыр зэIэпахри, иужьым псы­нэдахэдэсхэр япэ иригъэщащ. 
Армырами, гужьгъэжь зы­зэхуиIэ лъэныкъуитIыр абы зэ­риуштащ. Судьям футбо­листитху джэгум къыхихун ­хуей хъуащ зэзэуэну зэпэ­щIэувахэр игъэсабырыжын папщIэ.
ЗэIущIэр 1:0-у иухащ, «Род­ник»-р текIуауэ. Иджы абы Iэмал игъуэтащ зэхьэзэхуэм ­па­шэныгъэр щигъэбыдэну. 
Тхьэмахуэ дэкIри, шыщ­хьэуIум и 8-м, щIадзащ зэ­пеуэм и етIуанэ къекIуэкIы­гъуэм. Абыи «Родник»-р щытекIуащ. Иджы бжыгъэр ­4:2-уэ хигъэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхамрэ «Налшык» футбол школымрэ я гуп зэхэтыр. Алътуд и «Искра»-р 2:1-уэ ефIэкIащ Михайловскэм къикIа «Витязь»-м. 
ИкъукIэ зэIущIэ удэзыхьэх щы­зэхэтащ Нарткъалэ. Иджы­ри къэс зы текIуэныгъэ фIэкIа къэзымыхьыфа щIы­пIэ «Нартым» къригъэблэ­гъат зэгурым уей-уей жезыгъэIэу щыта Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-р. Ди щIалэхэм абы я гур къыхуэплъырт зэхьэ­зэ­хуэм и пэщIэдзэ дыдэм Дагъыстэным и къалащхьэм кIуауэ 0:4-уэ къызэрыщыха­гъэ­щIам къыхэкIыу. 
«Нартым» занщIэу къаруушхуэкIэ ебгъэрыкIуэн щIи­дзащ икIи етхуанэ дакъи-къэм Жанэ Тимур хэгъэрейхэр япэ иригъэщащ. Абы иригуфэн яухатэкъым Дол Идар ар щигъэбэгъуам. 
Апхуэдэ щIэдзэкIэм хьэ­щIэхэр Iэнкун ищIащ икIи дэнэ къыхуэзэми топыр кIуэцI­­рахурт, футбол хабзэри щIэх-щIэхыурэ къызэпау-дырт. Аращ ещанэ топри Дагъыстэным къикIахэм къахуэзыхьар. Къардэн Мухьэмэдин лъэщу зэуа штрафнойм хьэщIэхэм я гъуащхьэтетыр пэлъэщакъым. 
Зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэ-         рэ топищ фIэкIа я хьэрхуэ-                рэ­­гъухэм худэзымыгъэкIауэ иджы мы зы зэIущIэм апхуэдиз къызэхъулIа «Нартыр» абдежми къыщыувыIакъым. Езий ­Къамбот 40-нэ дакъикъэм бжыгъэр 4:0-м нигъэсащ. 
Къыпщыхъунут ди щIалэхэр къэзыгъэувыIэфын къару щымыIэу. АрщхьэкIэ Iуэхур къы­зэIищIащ лъэныкъуэхэр зэзэуэну зэрызэпэувам. Ахэр игъэсабырыжыным судья нэхъыщхьэм къару куэд тригъэкIуэдащ икIи футболистищ джэгум къыхихун хуей хъуащ. Абыхэм ящыщу тIур «Нартым» щыщти, зы цIыхукIэ нэхъ мащIэу адэкIэ зэIущIэм пащащ. 
Загъэпсэхуну имыкI щIыкIэ хэгъэрейхэм етхуанэ топри я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкIын хуеящ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, метр пщыкIузым и деж щыту «Нартым» и футболистхэм ящыщ зыр зэуа топыр «Анжи»-м и гъуащхьэтетым къиубыдащ. 
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр хьэщIэхэм я тепщэныгъэкIэ екIуэкIащ. Зы цIыхукIэ зэры­нэхъыбэр абыхэм Iэзэу къагъэсэбэпырт. 55-нэ дакъикъэм мэхъэчкъалэдэсхэм бжы­­гъэр 4:1 ящIащ. Мыгу- вэу Iэмал ягъуэтащ ди гъуэм пенальти къеуэну. Арщхьэ- кIэ а махуэм метр пщыкIу-зым и деж щыту топ дагъэ­кIыну зыми къахуиухатэкъыми, гъуэм щхьэпрылъэтащ. 
72-нэ дакъикъэм бжыгъэр 4:2-м щынагъэсам дыкъэгузэват «Нартым» и футболист ныбжьыщIэхэр къэдзы­хэу текIуэныгъэр зыIэщIагъэ­кIыну. АрщхьэкIэ ныбжьы­щIэхэм я зэпеуэм зэгуэрым Европэм и чемпион щыхъуа Къуэшы Амир и гъэсэнхэм зызэтраубыдэжащ икIи очкоищыр зыIэрагъэхьащ. 
Прохладни Нарткъали ще­кIуэкIауэ зи гугъу фхуэт­щIыжа зэIущIэхэр икъукIэ удэ­зыхьэхыу щытащ. Абы щыгъуэми хуабжьу узыгъэ­пIейтейщ тIуми щызэхэлъэ-дэжурэ футболистхэр зэры­щы­зэзэуар. Ахэр ягъэсэ­бы­рыжыным зэман кIыхь зэ­рытрагъэкIуэдам и зэранкIэ джэгухэр щиухар кIыфI ­хъуауэщ икIи, а стадионхэр къы­зэрамыгъэунэхум къы­хэ­кIыу, зэпэщIэтахэми абы ­кърихьэлIахэми ялъагъужар мащIэщ. 
Адрей зэIущIэхэм я гугъу пщIымэ, «Родник»-мрэ «Иск­ра»-мрэ я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэ Невинномысск и «СтавропольАгроСоюз»-р и стадионым 5:1-уэ щефIэкIащ Нэзрэн и «Вайнах»-м. Элиста и «РСШОР-Уралан»-м 3:0-у текIуауэ хуатхащ Сочэ и «Куэсто Кальчо»-р Къалмыкъым и къалащхьэм зэрымы­кIуам къыхэкIыу. 
Щэбэт къакIуэ зи чэзу джэгугъуэр зэхэтынущ. А махуэм зэIущIэнущ «Нарт» (Нарткъалэ) - «Куэсто Кальчо» (Сочэ), «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) - «Иск­ра» (Алътуд), «Витязь» (Михайловск) - «Родник» (Псынэдахэ), «КъБР-«Налшык» ФШ (Налшык) - «СтавропольАгроСоюз» (Невинномысск), «РСШОР-Уралан» (Элиста) - «Волгарь-М» (Астрахань) «командэхэр. 
Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу нэхъ лъэщ­­­хэр зы-хэт ещанэ дивизионым ще­кIуэкI зэхьэзэхуэм къыдэкIуэу Ещанэ лигэм и ­кубокым теу­хуа зэпеуэри щыIэщ. Абы и финалым нэса Алътуд и «Искра»-р вэсэмахуэ Невинномысск къалэм  «Став­ропольАгроСоюз»-м япэ зэ­IущIэр щыдригъэ­кIуэ­кIати, 3:1-уэ фIахьащ. Тхьэ­ма-            хуэ дэкIмэ, шыщ­­хьэуIум и                       18-м, ахэр         етIуанэу Прох­лад­­­­­нэ къа­­­­­лэм щы­зэдэ­джэ­гу­жы­нурэ, а тIум япкъ иткIэ нэхъы­фIым кубокыр къихьынущ. 
Хьэтау  Ислъам.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.