Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри. А тIум я Iуэху бгъэ­ды­хьэкIэр зэщхьэщокI, къагъэсэбэп IэмалкIи, плъыфэкIи, къищIыкI сурэткIи зэмылIэужьыгъуэщ.  

ЗэпызыщIар ахэр жыг хадэрщ, ар «щIапщытыкIри», я нэм къы­фIэ­нэхэр псэкIэ зэрызыхащIэр тхы­лъымпIэм тращIыхьащ. Заирэ и лэжьыгъэхэр акварелкIэ щIащ, ­Милэ и IэдакъэщIэкIхэр зэрыгъэ­зэщIар печатым и лIэужьыгъуэщ, ауэ дызэса тедзэкIэм къыщхьэ-щыкI цианотипиерэ нэху трегъэ­дзэкIэ Iэмалымрэ къигъэсэбэ- пащ. 
ЯтIэ гъэжьам елэжь, график, су­рэтыщI ХьэцIыкIу Милэ 1988 гъэм Налшык къалэ къыщалъхуащ. И щIэныгъэкIэ филологщ, зэрыса-бий лъандэрэ сурэт техыным, абы ехьэлIа нэгъуэщI Iуэху бгъэ­ды­хьэкIэщIэхэм дахьэх. 2015 гъэ лъан­дэрэ ятIэ гъэжьам йолэжь, 2019 гъэм щегъэжьауэ абы хьэпшып ­зэ­мылIэужьыгъуэхэр къыхэ­щIы­кIы­ным хуегъасэ. Печать Iэмалым къып­хуигъэтIэсэну хъуар фIэгъэ­щIэ­гъуэнщи, ахэр едж.
Жэбалы Заирэ 1991 гъэм Налшык къыщалъхуащ. 2011 гъэм къиу­хащ КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжыр, «Щыгъыным и дизайн» IэщIагъэр иIэу. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым декоративно-прикладной гъуа­з­джэм­кIэ и факультетми и щIэ­ныгъэм щыхигъэхъуащ (2016 гъэ). 2020 гъэм къыщыщIэдзауэ гъэ­лъэгъуэныгъэхэм, фестивалхэм жы­джэру хэтщ. Лэчымрэ къэрэн-дащымрэ, къэкIыгъэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм къыщIаху дагъэр къегъэсэбэп, щIыуэпсым «къыхэтэ­джыкI» теплъэхэм я зэхэлъыкIэр сурэту къыщигъэлъагъуэкIэ.    
- Заирэ сэрэ ди анэхэм яIэщ ­зэ­­ры­зыбгъэщIагъуэ хъун хадэ цIыкIу. Гу щытхуэну зэманыр къы­зэ­ры­дэ­мэщIэкIым къыхэкIыу, абы ди нэгу щыщIэкIхэр ди Iэзэгъуэ зыхэлъ гуэркIэ къэдгъэлъэгъуэну мурад тщIащи, къыдэхъулIамэ ди гуапэщ, - жеIэ Милэ. - Сэ си Iэмалхэр сурэтым нэхъ и гъунэ­гъущ. ЩIыхуу плъагъухэр цианотипие жыхуэтIэращ. Тхылъым-пIэм химие ткIуаткIуэ щызохуэ, удз гъэгъахэр тызо­гуашэри дыгъэм хы­золъхьэ. Дыгъэр зы­лъэмыIэсар сырыхуу къо­нэ, адрейуэ абы ­«игъэжьар»  щIыху-­къащхъуафэ мэхъу. Мы Iэмалым илъэс хъуауэ сролажьэ. ­Абст­ракцэм нэхъ и ­гъунэгъущ си сурэтхэр. Заирэ ейхэр егугъущэу тхьэмахуэкIэ ищI защIэу, пэщэ­щэну, дэтхэнэ зы пхышари плъы­фэри егугъупэу къыхихмэ, сысейхэр нэхъ пIащIэрыщIэщ, дакъикъэ 15 - 20-м хьэзыр мэхъу. Я Iуэху щхьэхуэщ мо сурэт нэхъ гъуэжь-сы­рыхухэм. «Авито» интернет-тыкуэным къыщызощэху зи пIалъэр икIа, совет лъэхъэнэм сурэт тра­хахэр зытрадзэу щыта тхылъымпIэхэр. Ахэри нетIэ зи гугъу пхуэс­щIам хуэдэу дыгъэ тебгъапсэурэ пщIы хъууэ аращ, ауэ зэману нэхъыбэ, сыхьэт зыбжанэ ехь. Мы­быхэм зыгуэри щыпхуэркъым, удзхэр теплъхьа иужь, абджкIэ кIэрыбокъузэри, дыгъэм дыболъ­хьэ. Мыхэр птхьэщI хъуркъым, узы­-хуейр къытребгъэдза иужь, ар зэ­ры­щIэбгъэбыдэ ткIуаткIуэ щы­бохуэжри зэфIэкIащ.    
И адэ-анэм къыдаIыгъ и Iуэхур Милэ. Сабийхэр и анэм и гъусэху къре­хьэжьэри, и гукъэкIыр тхы­лъым­­пIэм къытренэ. «СызэрыIэ­бахэр стхьэщIыжу пщIантIэм сы­дэту папэ къыдыхьэжа иужь, фIэгъэщIэгъуэну сщIахэм йоплъ. Ар къару къысхэзылъхьэ зы Iуэху­гъуэщ», - жеIэ Милэ и гукъыдэжыр къэ­зыIэтхэм щытепсэлъыхькIэ. ЕгъэджакIуэу лэжьа и анэращ ­гъуазджэм дезыгъэхьэхауэ къилъытэр хъыджэбзым. Сыт хуейми къыхуищэхуу, и Iуэху къыдиIыгъыурэ, гъуэгу къритащ, IэпэIэ­сагъэм хэша хъуащи, иджы ар и ­гъащIэ гъусэщ.
ЦIэ гуэр яфIэщауэ щыткъым су­рэтхэм щытлъагъухэм, сыту жы­пIэмэ къэкIыгъэ къыщыгъэлъэ­гъуахэм я цIэракъым нэхъапэр, атIэ ар цIыхум и нэгум ныбжьу ­зэ­ры­щIэкIымрэ абы гупсысэу къритымрэщ. Сэ схужыIэнуращи, гукъэкI щIагъуэщ абыхэм къапкъ­рыкIыр, нэр ягъэгуфIэу, псэр ягъэхуабэу.       
Заирэ и лэжьыгъэхэм хэплъа­гъуэр хадэм и закъуэкъым, атIэ и гухэлъ щхьэхуэхэр, абы кърит гукъэкI гуэрхэр къатощ. Дамыгъэу къищтэри мащIэкъым, удз гъэ­гъахэм щегъэжьауэ хьэндыраб­гъуэ, бзу цIыкIухэм я деж нэсыжу. Ауэ дэтхэнэми хэплъагъуэр гумащIагъэщ, хуабагъэщ, щабагъэщ. АпхуэдизкIэ хуэсакъыпэу, дамыгъэ цIыкIу-цIыкIуу зэхэлъу щIащ ахэри, Iэ еIусауэ пщIэркъым. 
Зи гугъу сщIа сурэтхэр, мы тхыгъэм и гъусэу флъагъухэри нэ­гъуэщI­хэри, фигу ирихьмэ, къэп­щэху хъунущи, феужьэрэкI.  

ИСТЭПАН Залинэ. 
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.   

 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.