«Зэманымрэ ахъшэмрэ»![]() КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Черкесск и сурэт галереем къыщызэIуахащ республикэм щыIэ Лъэпкъ банкым и къудамэм къызэригъэпэща «Зэманымрэ ахъшэмрэ» гъэлъэгъуэныгъэр. Ар теухуащ гъущIыкIэм къыхэщIыкIа жьыгъейхэм къыщыщIэдзауэ, ахъшэр Урысейм къызэрыщагъэсэбэпым. КъекIуалIэхэм щыгъуазэ защIыфынущ абы и дамыгъэхэм, къэралым зэрызиужьар къызэрагъэлъагъуэм. Гъэлъэгъуэныгъэм Iэмал къует ахъшэмкIэ ди къэралым и тхыдэм уриплъэну. Абыхэм къаIуатэ финансхэм я мызакъуэу, цIыхухэм, зауэхэм, зэхъуэкIыныгъэхэм я тхыдэр, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр зыхуэдэр, - къыщыхагъэщащ КъШР-м и Музей-заповедникым. УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||








