Тхылъ плъыжьхэр я Iэрылъхьэщ

Урысей Федерацэм щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщ­хьэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэм ядэ­лэ­жьэ­ным­кIэ IэщIагъэ зрагъэгъуэ­ту магистратурэмрэ бакалавриатымрэ тхылъ плъыжь­кIэ къэзыухахэм Иужьрей урысейпсо пшыхь щекIуэ­кIащ. Зэхуэсым хэтащ къэ­ралым и щIыналъэ 25-м ит университет 28-р къэзыуха ныбжьыщIи 100-м щIигъу.

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къэ­зыухахэм ящыщу а Iуэхугъуэ дахэм хэтащ Ало Викторие, Токъуий Даринэ, Умэ Миланэ сымэ. ЕджапIэр ехъулIэныгъэ защIэкIэ къызэраухам щыхьэт техъуэ тхылъ плъыжьри, фIыщIэгуапэ тхылъхэри, щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ щыIэ егъэджэныгъэ программэр къанэ щымыIэу зэрагъэзэщIамкIэ бгъэхэIу дамыгъэри адыгэ пщащэхэм къе­зытыжар УФ-м щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министрым и къуэдзэ Петровэ Ольгэрэ УФ-м щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъу­щIапIэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Лескин Юрэрэщ. ­КъБКъУ-м икIа щIалэгъуалэм гъуэгу гъусэу яIар Социально-гуманитар институтым щIалэгъуалэ пэхуэщIэхэр къызэгъэпэщынымкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэ Хъыдзэдж Заринэщ.
ЩIалэгъуалэ зэчиифIэр зы­хэ­та Iуэхугъуэр егъэлеяуэ къы­зэгъэпэщат, теплъэгъуэ хьэ­лэмэт куэдхэмкIи гъэн­щIат. Хабзэ зэрыхъуауэ, зэ­хуэ­сыр щыгъуэ пэкIукIэ къы­зэIуахащ. Александр жыг хадэм ит ЗауэлI мыцIыхум и фэеплъ скъарым удз гъэгъа­хэр тралъхьащ, абы иужькIэ Хэкум и хуитыныгъэм зи псэр щIэзытахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. Щыгъуэ пэкIур зэрызэфIэкIыу, щIалэгъуалэр къулыкъущIапIэм къекIуэ­лIэжри, «ЩIэныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща «Урысейм и лъэпкъ­хэр» джэгу зэпеуэм хэтащ, итIанэ УФ-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэмрэ «Пэрытхэм я зэщIэ-хъееныгъэмрэ» я хэщIапIэхэр зрагъэлъэгъуащ, я лэжьэкIэм щыгъуазэ зыхуащIащ.
Iуэхум хэта хъыджэбзхэр ялъэ­гъуамкIэ къыддэгуэшащ.
- Мэзкуу дызэрырагъэблэгъар, абдеж щIэныгъэ нэ­хъыщ­хьэ зэрызэдгъэгъуэтамкIэ тхылъыр къызэрыдаты­жынур къыщыджаIэм, сыгуфIам къыщымыувыIэу, сы­къызэщIиIэтат. Къызгу­рыIуат ди IэщIагъэм щIэупщIэ зэриIэр, цIыхухэри къэралри ди щIэныгъэм зэрыхуейр. Гукъинэж сщыхъуащ УФ-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и къулыкъущIапIэм щытлъэгъуамрэ щызэхэтхамрэ. Абдеж щылажьэхэр зи Iуэхум фIы дыдэу хэзыщIыкI, къы­халъ­хьэ пэхуэщIэхэм мыхьэнэ езыт защIэщ. Куэд щIакъым абыхэм университетыр къы­зэраухрэ, иджы езыхэм яIа хъуэпсапIэхэм зэщIаIыгъэ щIалэгъуалэр гъуэгу захуэ тезышэн хэкIыпIэхэмрэ Iэмалхэмрэ къыхалъхьэу къэ­ралым къулыкъу хуащIэ. Сэ иджыпсту Лэскэн щIыналъэм и ЩIалэгъуалэ центрым сыщолажьэ, си лэжьыгъэ нэхъыщхьэри а Iуэхум епхащ. Мы зекIуэм иужькIэ сэ хьэкъыу спхыкIащ къыхэсха гъуэ­­гум сызэрытемыкIынур, гупсысэ щIэщыгъуэ куэдми сызэпаIыгъэу сыкъекIуэлIэжащи, сыщогугъ ар си Iуэхум къыщы­хэслъхьэну, гъащIэм хэсп­щэну, - жиIащ Умэ Мила­нэ.
- УщIалэху пщIэращ узыIэ­ты­нури узыгъэкIуэтэнури, - къыджаIэ зэпытт ди егъэджа­кIуэхэм. Ауэ сыт пхузэфIэкIынуми, къыбдэзыIыгъым икIи уа­къызэрыщыхъум зыкъомкIэ елъытащ. Сэ къыхэсха IэщIагъэм пщIэ зэриIэри, гулъытэ зэригъуэтынури быдэу си фIэщ хъуащ Мэзкуу щыт­лъэгъуахэм яужькIэ. ЦIыхухэр зэхуэгуапэу, екIуэкI Iуэху­гъуэхэми щабагъэ хэлъу, нэIуасэ зэхуэхъунухэм Iэмалу щыIэр къыхузэрагъэпэщу хьэ­лэмэтт зэхуэсыр. Дэ ныбжьэгъу къытхуэхъуащ Калугэрэ Бытырбыхурэ щыщхэр. Абы­хэм хуабжьу яфIэ­хьэ­лэ­мэтт КъБКъУ-м щекIуэкIа студент гъащIэр, абы къы­щызэрагъэпэщ пэхуэщIэхэм кIэ зэрамыIэр, цIыхушхуэ къы­зэрекIуалIэр, нэхъыщ­хьэращи, гъащIэм зэрыхапщэфыр. Мы дызыхэта Iуэхугъуэр гъэфIэжу щытми, ди IэнатIэм къыщыдгъэсэбэп хъуну есэныгъэ куэд дыдэ щыдагъэлъэгъуащ. ЕтIанэгъэ магистратурэм сыщыкIуэкIэ, ахэр къызэрызгъэсэбэпынум сыхуэпIащIэу сыщытынущ. Си IэщIагъэм теухуауэ гуп­сысэ зыбжанэ сиIэщи, абыхэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ Iуэхуми сыхуэхьэзыру, сыт хуэдэ гу­гъуехь­ри къызэрызэзнэкIынум фIэщхъуныгъэ хузиIэу сы­къэкIуэжащ, - жиIащ Ало Викторие.
Токъуий Даринэ и гугъу ищIащ къулыкъущIэхэм къы­хуащIа гулъытэмрэ Iуэхум и къызэгъэпэщыкIэу щытамрэ.
- Петровэ Ольгэ и цIэр куэд лъан­дэрэ зэхэсхырт, ­КъБКъУ-м щекIуэкI Iуэхухэми пэIудзауэ куэдрэ къыхыхьэуи слъэгъуат. Ауэ апхуэдизу ­гуапэу цIыхухэм яхущыт къэ­рал къулыкъущIэ щыIэми, Петровэ Ольгэ хуэдэ уигъэлъыхъуэну къысщохъу. ЦIыху къызэрыгуэкIщ, зыпэ­рыт IэнатIэм гууз-лыуз зэры­хуиIэр къыбощIэ, дэтхэнэми епсэлъэну, дэтхэнэми и гупсысэм щIэдэIуну хьэзыр цIыхубз щыпкъэщ. Абы и щытыкIэ дахэм апхуэдизкIэ дехъуэпсати, щапхъэ тедмыхыу мыхъуну жытIэу мызэ-мытIэу къытедгъэзэжурэ дрипсалъэрт. Сэ мы лъэхъэнэм КъБР-м Егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм сыщолажьэ, арыххэуи, гуапэу къытхэта къу­лыкъущIэм и щэнхабзэ дахэр дэри тхэлъыныр зэрыIэмалыншэр зыхызощIэ. Мы Iуэхугъуэ дахэм итхыжыр ди тхылъ плъыжьхэм я закъуэкъым. Дэ Хэкум здыдохьыж текIуэныгъэри: «Урысейм и лъэпкъхэр» джэгу зэпеуэм ди гупыр къыщыхэжаныкIащ, къытхуагъэува упщIэ 40-м щыщу 30-м щIигъум жэуап еттыфащ. Ар дэркIэ зимыуасэ фIыгъуэ щыIэкъым, - жи­Iащ Токъуий Даринэ.
ГъэфIэжым хэта адыгэ хъы­джэбзхэм къратыжа тхылъ плъыжьхэм къадэкIуэу, шыщхьэуIу мазэм Крас­ноярск къалэм щекIуэкIыну щIа­лэгъуалэ зэхуэсми и егъэблагъэ тхылъыр иратащ. Ари зы текIуэныгъэ лIэужьыгъуэщ.
Урысейпсо утыкум екIуу икIи дахэу ита ди адыгэ хъыджэбз цIыкIухэм дэри дащогуфыкI, дяпэкIи ехъулIэну, нэхъыбэж къадэхъуну, лъэпкъым и щхьэпэ зыхэлъ Iуэ­хугъуэхэри пхагъэкIыну ди гуапэщ.
ШУРДЫМ  Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.09.2026 - 09:15

Гурэ псэкIэ Хэкум хуэпэжхэр

Хабзэ зэрыхъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэ фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу, жылагъуэ гъащIэм зи гуащIэр езы­хьэлIэ республикэм и лэжьакIуэхэм дамыгъэ лъапIэхэр хуагъэфэщащ

04.09.2026 - 09:13

Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ 30-м щIигъу щоджэ

Дерс щхьэхуэхэр куууэ щадж ку­рыт школ № 6-м, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэпэщыжа нэужь, Налшык и бжэхэр къыщызэIуихыжащ КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэмрэ ЩIэ­ныгъэм и махуэмрэ ирихьэлIэу. 

04.09.2026 - 09:08

ЩIэныгъэм и гъуэгу нэхур

Республикэм и махуэм дэщIыгъуу ­фокIадэм и 1-м ди щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри.

03.09.2026 - 14:20

Уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум

СурэтыщIхэм, тхакIуэхэм, макъамэтххэм, сурэттеххэм зэпымыууэ дигу къагъэкIыж хуэдэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм дызэ­рыпыщIар.

03.09.2026 - 10:40

Лаурэ и IэрыкI хьэлэмэтхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм япэу щагъэлъагъуэ Налшык ГъуазджэхэмкIэ и школымрэ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжымрэ ще­зыгъаджэ Бекъул Лаурэ и IэдакъэщIэкIхэр.