Есащ утыку ихьэфу

«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэр къэзыух ныбжьыщIэхэр Налшык щагъэлъэпIащ. 9, 11 классхэр, абы къыдэкIуэуи, зэгухьэныгъэр къэзыух щIалэрэ пщащэу 150-рэ хуэдиз зэхуэшэсыныр жэрдэм ищIащ «Пэрытхэм я зэ­щIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм.

Республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыщ ныбжьыщIэ жанхэм я зэфIэкI ягъэлъэгъуащ, щхьэж и районым папщIэ щхьэпэ Iуэхугъуэхэр илэжьащ. Курыт еджапIэм фIыуэ зэрыщеджам нэмыщI, ахэр жыджэру хэтащ жылагъуэ гъащIэм, щIыуэпсыр хъумэнымрэ волонтёру щытынымрэ теухуа Iуэхухэми зыкъыщагъэлъэгъуащ. 
«Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» зэгухьэныгъэм и республикэ къу­дамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн ныбжьыщIэ жыджэрхэм захуигъэзащ псалъэ гуапэкIэ. Къыхигъэщащ зэгухьэныгъэм щалэжьахэр, Iуэху зэхуэмыдэхэм я зэфIэкI зэрыщагъэунэхужар абыхэм адэкIи ­къазэрыхуэщхьэпэнур. Ахэр есащ Iуэху зэхуэмыдэхэр ягъэбелджы­лыуэ, утыку ихьэфу, жэуап яхьу, гупым хэтыфу. Къэпсэлъам зэры­жи­IамкIи, ахэр щIалэгъуалэр дэнэкIэ ямыунэтIми, къэкIуэнум хуэзып­сыхь щэнщ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и дэIэпыкъуэгъу Самофаловэ Светланэ ныбжьыщIэхэм яжриIащ зэгухьэныгъэм къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм кIэрамыгъэхуну, дяпэкIи IуэхуфIхэм зрапщытыну.
Сабийм и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ КъБР-м и уполномоченнэ Бэдракъ Iэминэ ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ, цIыхур цIыху зыщIыжыр гуапагъэ щIэнрауэ къызэрилъытэри яжриIащ.
ЗэфIэкI къэзыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэм щIыхь тхылъхэмрэ тыгъэхэмрэ иратащ. Республикэм и курыт еджапIэ зэмылIэужьы­гъуэхэр къэ­зыуххэм папщIэ къызэрагъэпэщащ я мурадхэм щытепсэлъы­хьын, IэщIагъэу къыхаххэр щагъэбелджылын, зыщIэтIысхьэну еджапIэхэр къыщагъэнэIуэн зэIущIи.
ГЪУЭТ Синэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.08.2026 - 11:48

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.

14.08.2026 - 14:11

Тыгъэ екIу, купщIафIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэ­ра­лыгъуэр илъэси 100 зэрыри­къум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэп­сэ­ху­пIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щокIуэкI Кисловодск къалэм и сурэтыщI Лангуровэ

14.08.2026 - 11:10

ГуащIэщ къекIуэкIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэр

Щэбэт кIуам щIидзащ Урысей Федерацэм и Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ щIыналъэхэм я топджэгу командэ нэхъ лъэщхэр зыхэт еща-            нэ дивизионым щекIуэкI           зэхьэ­зэхуэм и етIуанэ               

14.08.2026 - 09:54

Хадэм и дахагъэр зи теплъэ

«Сигу ирохь» студием гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ: IуэхущIапIэр зей Хьэ­цIыкIу Милэрэ Жэбалы Заирэрэ я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ, «Жыг хадэм» фIэщыгъэр хуащI­ри.

13.08.2026 - 14:39

Уатегушхуащэ хъунукъым къуршхэм

«Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэмрэ альпинизмэмрэ ехьэлIа IэнатIэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщын» Iуэхум теу­хуа брифинг щекIуэкIащ республикэм и щыхьэр Налшык.