Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ.

Бахъсэн район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, фэтэр куэду зэ­хэт унэхэм къегъэщIылIа, метр зэбгъузэнатIэу 800 хъу щIыналъэр къагъэщIэрэщIэжащ. ­Хуиту къыщыпкIухьын лъэс лъагъуэхэр ящIащ, тетIысхьэпIэхэр ягъэуващ, уэздыгъэхэр щыфIадзащ, кIэрыхубжьэ­рыху­хэм ­папщIэ кумбыгъэхэр ягъэуващ. ПщIантIэм къы­дыхьэ сабийхэри ягъэгушхуащ. Абыхэм къы­хузэрагъэпэщащ джэгупIэ шына­гъуэн­шэхэр. 
Мы зэманым щIыпIэр щхъуантIагъэхэмкIэ ягъэдахэ: жыг лъахъшэ цIыкIухэр хасащ, мыгувэу удз гъагъэхэр ягъэтIысынущ. 
Бахъсэн районым и жылагъуэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIа лэжьыгъэр жыджэру ирагъэкIуэкI. Къэрал программэхэм зэрыхэтым и фIыгъэкIэ щIыналъэхэм къыщоунэху къуа­жэхэм ущыпсэуныр тынш къыпщызыщI иджырей жылагъуэ щIыпIэ дахэхэр. 

Тхьэхущынэ  Лянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей. 

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ