Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм. ГуфIэгъуэр дагуэшащ цIы­хубэ IэпщIэлъапщIэ­хэм я IэщIагъэ дахэр зы­лъытэу республикэм ис­хэмрэ ди хьэщIэхэмрэ. 

Махуэшхуэм зыкъре­зыгъэхьэлIахэм фIыуэ зыхащIэрт щэнхабзэ хъугъуэ­фIыгъуэхэр сыт щыгъуи зэ­рылъапIэр. Зэхыхьэр къы­зэзыгъэпэщахэм къыхагъэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я IэпщIэлъап­щIэ­хэм еш ямыIэу я щэнхабзэр лIэщIыгъуэкIэрэ зэ­рызэхуэхьэсар, хуэсакъыу яхъумэу нобэм къызэрахьэсар. Абы и фIыгъэщ щэн­хабзэм и щапхъэ нэхъыфIхэм нобэ дыкIэ­лъыплъыну Iэмал зэрыдиIэр. Абы и лъэныкъуэкIэ, ЦIыхубэ художественнэ Iэ­щIагъэхэмкIэ республикэ центрым, IэпэIэсэхэм лэ­жьы­гъэшхуэ зэфIахащ. Цен­т­рым и IэпщIэлъапщIэ­хэм я Iэзагъэмрэ ябгъэ­дэлъ щIэныгъэмрэ щIэб­лэр хагъэгъуазэ, жы­джэру балигъхэми сабийхэми ядолажьэ. 
IэпщIэлъапщIагъэм и мыхьэнэмрэ IэпэIэсэхэм я зэфIэкIымрэ уасэншэщ. Центрым и ехъулIэныгъэхэм ящыщщ республикэм зэфIэкI зиIэ и IэпщIэлъапщIэ 300-м щIигъу  къы­зэрыщIигъэкIар. Абыхэм яхэтщ зи IэщIагъэм хуэ­Iэижь хъуа, «Урысей Федерацэм и цIыхубэ Iэп­щIэ­лъапщIэ» щIыхьыцIэр з­ы­хуагъэфэщауэ 11. Ар и щыхьэтщ цIыхубэ художественнэ IэщIагъэм республикэм зэрызыщрагъэу­жьамрэ абыхэм я пщIэр къэралым къызэрыщалъытамрэ. 
Центрым и махуэ игъэ­лъапIэм ирихьэлIэу абы и пщIантIэм щрагъэкIуэкIащ IэпщIэлъапщIэхэм я Iэ­рыкIхэр щагъэлъагъуэ жар­мыкIэ. Пхъэм, гъущIым, гъуаплъэм, мывэм, щэкIым, фарфорым, ятIэ гъэжьам къыхэщIыкIа хьэп­шыпхэм, бийм зэры­пэщIэт Iэщэхэм, сэхэм, къа­мэхэмрэ сампIэхэмрэ, макъамэ Iэмэпсымэхэм, иджырей зэманым къигъэзэгъауэ яда пасэрей лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэмкIэ яхуэпа гуащэхэм, лъэпкъ тхыпхъэхэмкIэ гъэ­дэха цIыхубз, цIыхухъу ­фэ­илъ­хьэгъуэхэм, дыщэ, ды­жьын IуданэхэмкIэ хэ­ды­кIа, уагъэхэмкIэ гъэ­щIэ­рэ­щIэжа фащэхэмрэ пы­Iэ­хэмрэ, бзылъхугъэхэм зэ­ра­хьэ цIуугъэнэхэм, хьэ­пI­а­­цIэщыгъэкIэ бла чы­­сэхэм, къэлътмакъхэм, бохъшэ­хэм, тхыпхъэ зыхэт ар­джэн­хэм, нэгъуэщIхэми я дахагъэм уатхьэкъурт, узы­Iэпашэрт. ГъэщIэгъуэн пщы­мыхъуу къанэртэкъым­ абы щагъэлъагъуэ дэтхэнэ зы хьэпшыпми хъыбар гъэ­щIэгъуэн къызэрыде­кIуэкIыр. ЖармыкIэм гъу­нэгъу республикэхэм я Iэп­щIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэри зэрыщагъэлъэ­гъуам ар нэхъри игъэбеящ. Псом хуэмыдэу удэзыхьэхт IэпщIэлъапщIэ цIэрыIуэхэу Дагировэ Маринеттэ, Тхьэгъэлэдж Агнессэ, Мамбэт Анетэ, Бекъан Еленэ сымэ, нэгъуэщIхэми я IэрыкI телъыджэхэр. 
ЦIыхубэ гъуазджэм зэ­рызиужьым, щIэблэр абы зэрыдихьэхым, IэрыкIхэм щIэуп­щIэ зэраIэм и щапхъэщ мы зэхыхьэр. Мы лэ­жьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ ягъуэт лъэпкъым къыде­кIуэкI IэщIагъэ дахэр - па­сэрей дыщэидэр, хэдыкIыр – хъумэным, щIэблэр абы дегъэхьэхыным теухуауэ. 
Уеплъыну гухэхъуэт ды­щэидэмрэ хэдыкIымрэ хуэ­Iэп­щIэлъапщIэхэм хуха­ха плIанэпэхэм. ЗэрытщIэщи, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ лъэпкъ гъуазджэм и щэху­хэм щыгъуазэу, хуэIэп­щIэ­лъапщIэу. Дыщэидэр адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зэ­ращыщым и щапхъэщ и мы­хьэнэм хэмыщIауэ, но­бэр къыздэсым цIыхухэр а IэщIагъэм зэрыдихьэхыр, ар зэрафIэщIэщыгъуэр. Гъуаз­джэ нэсыр зэры­уахътыншэм ар иджыри зэ щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэщ. ЖыпIэнуракъэ, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ ап­хуэдизу хэпщIа хъуа ды­щэидэр тхыдэм и къэхъугъэхэр къызэрыщ гъу­джэш­хуэщ. 
КъБР-м и Парламентым лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ и комитетым и унафэщI Безгодькэ Владимир жи­Iащ лъэпкъхэм лIэщIы­гъуэ­кIэрэ яхъума гъуазджэм зыщагъэгъуэзэну, Iэп­щIэлъапщIэхэр зрагъэцIыхуну Iэмал зэраIэр зэрыфIыгъуэшхуэр. Зи махуэр зыгъэлъапIэхэм ар ехъуэхъуащ я зэфIэкIхэм хагъэхъуэну, я лэжьыгъэ­хэм къыщIэупщIэхэм къахэхъуэну, туристхэм гулъы­тэ къыхуащIыну, щIэб­лэм щыщ куэд я лъагъуэм ирикIуэну. Абы щIигъужащ зи IэнатIэм хуэпэж IэпэIэ­сэхэм я лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ сыткIи зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр. 
Тхыдэ дахэ къызыде­кIуэкI центрым и унафэщI Урыс Аслъэн хьэщIэхэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ IэпщIэлъапщIагъэм и мыхьэнэр зыхэзыщIыкI, IэпэIэсэхэм я IэрыкIхэм пщIэ хуэзыщI цIыхухэр я деж къызэрекIуалIэр, метр зэбгъузэнатIэ 1600-рэ хъу я IуэхущIапIэм зэрызиу­жьыр­, абы иджыри къыхагъэхъуэну, республикэм и щIыналъэ нэхъ инхэм    я ­къудамэхэр къыщызэ- Iуа­хыну зэрамурадыр, ­деко­ра­тивно-прикладной гъу­аз­джэм сабийхэри зэ­ры­ди­хьэ­хыр зыгъэгуфIэ Iуэ­ху­­хэм­ зэра­щы­щыр, лэ­жьы­гъэ гъэщIэгъуэнхэр икIи щхьэ­пэхэр къазэ­ры­пэ­щы­лъыр. Урыс Аслъэн фIы­щIэ яхуищIащ икIи ехъуэхъуащ центрыр зэ­рыгуш­хуэ я IэпщIэлъапщIэ­хэм. 
Махуэшхуэр ягъэдэхащ республикэм и артист нэхъыфIхэм. Концертым хэтащ уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ IэщIагъэхэм хуе­джэ еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.08.2026 - 14:25

Темыркъаным и пшыхьхэр

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мы махуэхэм щызэхуащIыжащ симфоние музыкэмкIэ «Темыркъаным и пшыхьхэр» фестивалыр.

10.08.2026 - 10:57

ХъугъуэфIыгъуэ куэ­дым я гъэтIылъыпIэ

Ди фIыр дымыгъэпудыну, ди Iейр дымыгъэпщкIуну илъэс пщIы бжыгъэ зыбжанэ хъуауэ дыкъыхуезыджэ икIи къыдэущие «Адыгэ псалъэ» газетым и мин 25-нэ къыдэкIыгъуэр ­дунейм къытехьакIэщ.

10.08.2026 - 09:30

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ

Тэрч районым хыхьэ Акъбащ Ищхъэрэ къуажэм иджы­благъэ щызэхэтащ «КъБР-м и ТекIуэныгъэ лъагъуэхэмкIэ» хэкупсэ лагерыр.

09.08.2026 - 11:22

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

АДЫГЕЙ. «Адыгэ хасэ - Шэрджэс парламент» жылагъуэ IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэм хуэгъэпса стIол хъурей. 

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ