Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ![]() Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ. Ставрополь къыщалъхуа Дегтяренкэ 1943 гъэм и бжьыхьэм хыхьащ Дзэ Плъыжьым. Илъэс 17 ныбжьым иту арат Дегтяренкэ Василий ЕтIуанэ Белорус фронтым и связист щыхъуам. Ар яхэтащ Белоруссиемрэ Польшэмрэ хуит къэзыщIыжахэм, Берлин ебгъэрыкIуахэм. Василий къыхуагъэфэщахэм ящыщщ Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр, Жуковым и медалыр, «Белоруссиер хуит къызэрищIыжам папщIэ», «Варшавэ хуит къызэрищIыжам папщIэ», «Берлин къызэрищтам папщIэ», «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием зэрыщытекIуам папщIэ» медалхэр. Зыгъэхьэзырар Бахъсэн Азэмэтщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










