ПщIыхьым ухешэ

Адыгэ Республикэм и Сурэт галерее  Мейкъуапэ дэтым къыщызэIуахащ сурэ­тыщI-модельер цIэры­Iуэхэу Сэралъп Мадинэрэ ХьэцIыкIу Милэрэ я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэ­ныгъэ. Пэшым щегъэувэкIа хьэпшыпхэр апхуэдизкIэ дахэщи, нэр пIэпех, тхыпхъэщIыпхъэу а фэилъхьэ­гъуэхэр зэрыгъэщIэрэщIар зэпэпплъыхь пэтми, гум зигъэнщIыркъым. 

Мы гъэлъэгъуэныгъэм Iуэ­ху­гъуитI щызэхэухуэнащ - Сэралъп Мадинэ и «Нанэ и пщIы­хьэпIэмрэ» ХьэцIыкIу Ми­лэ и «Сэ сытхыпхъэщ» жы­­хуиIэмрэ. Бзылъхугъэ зэчиифIэхэм зы утыкум фащэмрэ тхыпхъэщIыпхъэмрэ щызэ­пащIэжащ, блэкIамрэ нобэм­рэ зэрызэгъунэгъур къа­гъэ­лъа­гъуэу дамыгъэ IупщIхэмрэ уэгум щес щэкI псынщIэм и толъкъунхэм ягъэ­щIэращIэ фащэхэмрэ зэ­рызэкIур наIуэ къащIу. Пэшым щалъагъу хьэп­шып­хэм яIэ теплъэр цIы­ху­хэр ­зэсахэракъым, ауэ абы къы­щызэхуэсахэм къызэрыхагъэщамкIэ, зэ Iуплъэгъуэ­кIэ тыншу «укъоджэ» псоми зэдащIэ адыгэ кодым. Аращ Сэралъп Мадинэрэ ХьэцIыкIу Милэрэ я зэдэлэжьэныгъэм лъабжьэ хуэхъури.
Сэралъп Мадинэ дежкIэ мыр Мейкъуапэ къалэм къы­щы­зэригъэпэщ етхуанэ гъэ­лъэ­гъуэныгъэщ. ИкIи Кавказ Ищхъэрэм щыцIэрыIуэ ­су­рэ­ты­щIым, дизайнерым и дэтхэнэ гъэлъэгъуэныгъэщIэри япэ­рейхэм зыгуэркIэ къащхьэщокI, щIэ куэд ­къегупсыс.
- Мыбы щыфлъагъу хьэп­шып псори япэу утыку къитхьэу аращ. Манекенхэри дизайнер Сэралъп Мадинэ и I­эдакъэщIэкIхэракъым зыте­гъэп­сыхьар, ар джэгукIэм и теплъэм нэхъ теухуащ. Фащэхэм я театру жыпIэ хъу-нущ, тхыпхъэщIыпхъэхэр фэ­илъ­хьэгъуэхэм къатекIри, езыхэм я плIанэпэ зэрагъэпэщащ. А псоми гупсысэр еузэщI, зрегъэубгъу, зыу­жьы­ныгъэм толажьэ, - жиIащ Мадинэ.
Апхуэдэу сурэтыщIым къыхигъэщащ зэкъуэш респуб­ликэхэм я адыгэ щэнхабзэр тхыдэ и лъэныкъуэкIэ Щхьэгуащэ псым быдэу зэрепхар. Аращ «Щхьэгуащэ деж щыс­лъэгъуа пщIыхь» фIэщыгъэр дамыгъэу щIыщытыр. Пэ-шым щегъэувэкIа фэилъхьэгъуэхэр псори хужьыфэщ, графикэ тхыпхъэщIыпхъэхэр къытощ. УмыгъэщIэгъуэн плъэ­­кIыркъым, а хужьыфэ-хэм я гъусэу къигъэсэбэпа щэкI гъуабжафэхэм фащэм ныбжь тридзэ щIыкIэу узэ­рыIуигъаплъэр. 
Сэралъп Мадинэ и Iэдакъэ­щIэкIхэм тетхыхьыну фIэфIщ, а дамыгъэхэмрэ Iэрытххэмрэ я нэщэнэу жыпIэ хъунущ «Нанэ и пщIыхьэпIэ» зыфIища проектым.
- Мы гъэлъэгъуэныгъэр къы­­зэрымыкIуэщ, гурыщIэ хьэлэмэтхэр къызет, сщы­гъупщэжа пэлъытэ, аддэ гу­рыщIэм щыгъэпщкIуа гукъэ­кIыжхэр къегъэушыж. Экспонату мыбы щытлъагъум псэ яIут хуэдэщ. Мыбыхэм тау­рыхъым и дунейм ухашэ икIи, пэж дыдэу, пщIыхьэпIэм ухэт хуэдэу къыпщохъу. Иджыри зэ хьэкъ пщещI ди фащэм и дахагъыр! Сыт хуэдиз пкъыгъуэ, сыт хуэдиз къулеигъэ хэлъ мы ди лъапIэныгъэм! - жеIэ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Жаннэ.
Пэшым щегъэувэкIахэм уа­щыхэплъэкIэ, нэрылъа­гъущ, анэшхуэхэм зэрахабзэу, бзы­хьэхуэхэр, бостеяпхъэ­хэр хъу­мэныр, ахэр щIэрыщIэу утыку къихьэ­жы­ныр гъэлъэгъуэныгъэм и купщIэу зэрыщытыр. Гъэлъэгъуэныгъэм гуащэ- хэр къызэрыщагъэсэбэпари  Iуэ­ху­щIэкъым, абыхэм езы­хэм ­я къалэн ягъэзащIэ. Ауэ мы проектым гуащэм и фIыгъэкIэ творческэ Iуэхум щIэ­щыгъуэу хэт IэмалыщIэхэр къэгъэлъэгъуа щыхъуащ.
- Пасэм адыгэ хъыджэбз цIы­кIухэр зэрыджэгун хьэп­шып яIакъым.  Езыхэм къагупсысу арат. Абы къыхэкIыу, гуащэ къэс езым и хъыбар иIэжт. Си дежкIэ мы гъэлъэгъуэныгъэр цIыхубз хъуэпсапIэр нахуапIэ зыщI дахагъэ гуэрщ, - къыхигъэщащ Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI Еутых Iэсият.
ТхыпхъэщIыпхъэмрэ абы и къэгъэсэбэпыкIэхэмрэ и лэ­жьыгъэхэм щиджу жыпIэ хъунущ ХьэцIыкIу Мили. Мы гъэ­лъэгъуэныгъэми абы япэу уты­ку къыщрихьащ трафарет техникэм тету щIа графикэ сурэт 12-р.
Езы Милэ зэрыжиIамкIэ, абы и проектыр зытеухуар адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр къэ­хутэнырщ, ахэр художественнэ гъэпсыкIэм тету тедзэ­нырщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ бзылъхугъитIым я «творческэ зэпсэлъэныгъэм» тыншу ухыхьэну Iэмал къует ахэр илъэс бжыгъэ куэд ­хъуауэ зэрызэдэлажьэм. Абы­хэм къыхагъэщащ Адыгейм къыщызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэр адыгэ псори зэзыпх къежьапIэм хуеплъэ­кIы­жынымкIэ Iэмал хъарзы­нэу зэрыщытыр.
«Щхьэгуащэ деж щыслъэгъуа пщIыхь» гъэлъэгъуэныгъэр бадзэуэгъуэм и 26 пщIон­дэ екIуэкIынущ.

Тхыгъэри сурэтхэри
Дарий Дахэнур ейщ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.07.2026 - 09:03

КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ

08.07.2026 - 15:37

ГуащIафIэщ Астемыр

ЦIыху гуащIафIэм, щхьэх зымыщIэм и Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэми увыIэнукъым, сэбэп зэрыхъун Iэмал сытым дежи къилъыхъуэнущ.

07.07.2026 - 09:14

Гулъытэ яхуещI

КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 4-м яIущIащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуа­хэм.

07.07.2026 - 09:03

Зэдэлэжьэныгъэр ягъэбыдэ

Урысей гвардием и управленэу ­КъБР-м щыIэм  и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI, полицэм и подполковник Сал­пагаровэ ФатIимэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Печатым и унэм щахуэзащ   ­«КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ Iуэх

06.07.2026 - 09:37

УзыщыгуфIыкIщ къэпщытэныгъэхэм кърикIуар

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щригъэкIуэ­-кIа зэIущIэм щIыналъэ егъэ­джэныгъэ IэнатIэм ехьэлIа Iуэхугъуэ куэдым щыхэп­лъащ.