Урысейм и махуэм и пэ къихуэу, Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэхэм щрагъэкIуэкIащ ныбжьыщIэхэр хэкупсэу гъэсэным, къэралым и тхыдэмрэ дамыгъэхэмрэ ятеухуауэ ящIэм хэгъэхъуэным ехьэлIа Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэр.
Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Ислъэмей къуажэ дэт модель библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ «Урысейр си Хэкущ» щIэныгъэ-нэгузыужь программэр. Абы къыщызэхуэсахэм махуэшхуэм и тхыдэм зыщагъэгъуэзащ, къэрал дамыгъэхэм - гербым, ныпым, гимным - я мыхьэнэр, ахэр къызэрагупсысам теухуа хъыбар купщIафIэхэр къащIащ.
«Урысейм и дамыгъэхэр» Iыхьэ куэду зэхэт джэгукIэм сабийхэм Iэмал щагъуэтащ я щIэныгъэр къапщытэн дэнэ къэна, къэралым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэри мыдрей цIыхубэм ящIэхэри ягу къагъэкIыжыну. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ зэпеуэжу кърабжэкIащ Урысейр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ Iуэхугъуэхэр - мыщэр, матрешкэр, Ут плъыжьыр, нэгъуэщI куэди.
Кыщпэк жылэм дэт модель библиотекэм зэхуишэсащ «Сэ уэ фIыуэ узолъагъу, Урысей» литературэ-усэ зэIущIэм хэтыну гупыж зыщIахэр. Программэм хэтщ Есенин Сергей, Твардовский Александр, иджырей тхакIуэ-усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, Хэку лъагъуныгъэм теухуа уэрэдхэр. ХьэщIэхэр тепсэлъыхьащ къэрал дамыгъэхэм я мыхьэнэм, уэрэдхэр зэгъусэу жаIащ, Хэкум хуэгъэпса хъуэхъухэр зытет, тхылъымпIэм къыхэщIыкIа кхъухьлъатэхэр яутIыпщыну ягъэхьэзыращ.
Район библиотекэ нэхъыщхьэм къыщызэрагъэпэщащ «Урысейр къэрал щхьэхуитщ» зэпсэлъэныгъэр. Абы щызэхуэсахэм къэрал щхьэхуитыныгъэм теухуа Декларацэр къызэращтам и тхыдэм, Конституцэм и Iыхьэ нэхъыщхьэхэм, къэралым и хабзэхэм я гугъу ящIащ. Апхуэдэ зэIущIэхэр сэбэп мэхъу Урысей къэралыгъуэм и хабзэхэмрэ тхыдэмрэ къыдэкIуэтей щIэблэм нэхъ куууэ ягурыгъэIуэнымкIэ.
Зэхыхьэхэр ягъэбей «РоссиЯ в книгах и судьбах» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэхэм.
Къэбарт Мирэ.