2026 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ унагъуэхэм зэрызыщIагъакъуэ IэмалыщIэ къыхалъхьащ. Ар тещIыхьащ лажьэу IэнатIэ Iут, сабиитI е нэхъыбэ зиIэ адэ-анэхэм. А гупым хиубыдэхэм я хэхъуэм щхьэщатыкIа налогым и Iыхьэ илъэс къэс иратыжынущ. Къэрал дэIэпыкъуныгъэщIэр УФ-м и Президентым и пщэрылъкIэ Къэрал Думэм игъэбелджылащ.
ДэIэпыкъуныгъэр зэрагъэув пщалъэхэм, ар зэрагъэпэщыну хуит цIыхухэм, лъэIу тхылъыр зэрат щIыкIэм иджыблагъэ къыщытхутепсэлъыхьащ КъБР-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министерствэм.
ЗэIущIэм хэтащ IуэхущIапIэм сабий зиIэ унагъуэхэм зэрызыщIагъакъуэ ахъшэр етынымкIэ и къудамэм и унафэщI Маргъущ Галинэ, Урысейм и Социальнэ фондым сабий зиIэ унагъуэхэр зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэгъэпэщынымкIэ и управленэм и унафэщI Къагъыр-мэс Валерэ, журналистхэр.
Маргъущ Галинэ къызэрыхигъэщамкIэ, зэрызыщIагъакъуэр къаIэрыхьэфынущ ипэ ита илъэсым унагъуэм ику иту къыхэхъуа ахъшэр щIыналъэм ущыпсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдэу 1,5-м щIимыгъухэм.
- Унагъуэ дэIэпыкъуныгъэр зратынухэм хохьэ къэрал IуэхущIапIэ Iуту лэжьахэри хьэрычэтыщIэхэри. НэгъуэщIу жыпIэмэ, зи лэжьапщIэм налог щхьэщызытыкIахэр. Абы хиубыдэ-хэм я ахъшэм хагъэкIар проценти 6-кIэ (процент 13-м и пIэкIэ) къабжыжынущ икIи зэрызэщхьэщыкIыр цIыхум иратыжынущ. Аращ зытещIыхьар илъэс къэс унагъуэхэм зэрызащIэдгъэкъуэну IэмалыщIэр, - жиIащ Маргъущым.
Апхуэдэуи абы дыщIигъуащ дэIэпыкъуныгъэр къратын папщIэ, мэкъуауэгъуэм и 1-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм и 1 пщIондэ цIыхухэм я лъэIу тхылъхэр «Къэрал Iуэхутхьэбзэхэр» порталымкIэ ирагъэхь е МФЦ-мрэ Соцфондым и къудамэмрэ зыхуагъазэ зэрыхъунур. Унагъуэм ику иту къыхэхъуэр къыщабжкIэ къалъытэнущ: улахуэр, пенсэ ахъшэр, стипендиехэр, зи щхьэ хуэлэжьэжхэм я хэхъуэхэр, банкым халъхьа ахъшэм къыпэкIуахэр (зи ныбжьыр илъэс 18 мыхъуам и цIэкIэ къызэIумыхамэ), сабийм папщIэ унагъуэм зэуэ ират ахъшэр.
ЗэIущIэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, IэмалыщIэм хиубыдэнукъым, алиментымкIэ щIыхуэ ятелъмэ. «ДэIэпыкъуныгъэр зыхуагъэфащэхэм щыхэплъэкIэ унагъуэм я мылъкур зыхуэдизри къапщытэнущ. Псалъэм папщIэ, ар иратынукъым унагъуэм зы унэ нэхърэ нэхъыбэ яIэу къэгъэлъэгъуамэ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, мы къэрал дэIэпыкъуныгъэм унагъуэ мелуани 4-м щIигъу къы-зэщIрагъэубыдэфынущ. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы и бжыгъэр унагъуэ мини 100 щыхъуну худогъэфащэ», - къыхигъэщащ Маргъущ Галинэ.
Къагъырмэс Валерэ жиIащ зэрызыщIагъакъуэ IэмалыщIэр псом япэу сабий зиIэ унагъуэхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным зэрыхуагъэпсар. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, дэIэпыкъуныгъэр зратынухэм яхэхуэнур унагъуэм ис зы цIыхум и хэхъуэр сом мин 28-рэ 941-м щIимыгъуу щытмэщ.
БАГЪЭТЫР Луизэ.