И лъахэгъухэр егъэгушхуэ

Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ тхьэмахуитI ипэ­кIэ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль ещанэу къы­щызыхьа Локьяев Жамболэт. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэ­лIащ КъБР-м и Парламентым и Унафэ­щIым и къуэ­дзэ, Олимп джэгухэм я чемпион Къардэн Мурат, КъБР-м спортымкIэ и ми­нистрым и ­къуэдзэ Хэжь Заур, Iуащ­хьэмахуэ райо­ным и Iэтащ­хьэ Отаров Мухъутар сымэ, нэгъуэщI къулыкъущIэхэр, хьэ­ры­чэ­ты­щIэ­хэр, жыла­гъуэ лэжьа­кIуэ­хэр, Къэ­рэ­шей-Шэрджэ­сым, Хьэсэней, Балъкъэр Ипщэ къуа­жэхэм я лIы­кIуэ­хэр, спор­тым дихьэххэр, спорт­с­ме­ным и Iыхьлыхэр, благъэ­хэр, ныбжьэгъухэр. 

ЗэIущIэр къыщызэIуихым Отаров Мухъутар жи­Iащ нобэ ягъэлъапIэ спорт­смен цIэрыIуэм и те­кIуэ­ныгъэм ­Хэку «цIыкIум» деж­кIэ мы­хьэнэ ин зэриIэр.
«Къэралым и зэхьэзэхуэ нэхъыщхьэм зэфIэкI лъагэрэ ерыщагърэ къыщи­гъэлъа­гъуэри, Жамболэт и текIуэ­ныгъэ дахэмкIэ и лъа­хэгъу­хэм иджыри зэ Iэмал яритащ абы иригуш­хуэну. УФ-м алыдж-урым бэнэкIэ спортым и тхыдэм абы и цIэр ды­щэпскIэ иритхащ», - жи­Iащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и Iэтащ­хьэм. 
Олимп джэгухэм я чем­пион Къардэн Мурат къы­щып­салъэм къыхигъэщащ Локьяев Жамболэт къигъэ­лъагъуэ зэфIэкIхэм хуэ­дэхэр ­куэ­дым нобэ зэрамыIэр, зэ­кIэлъ­хьэужьу ехъу­лIэныгъэ лъагэхэр зэрызы­Iэригъэ­хьэр, къэ­ралым и чемпио­натхэм ­медаль зэ­хуэмыдэу пщIы къизыша ди республикэм и бэнакIуэхэм иджыпсту зэ­рахэмытыр. 
«Сэри сыбэнащ, ауэ, пэ­жыр жысIэнщи, сэ сиIэкъым си къуэш нэхъыщIэ Жамболэт дэтлъагъу техникэ дахэхэм хуэдэ. Шэч хэмылъу, ар зэчиифIэщ. Олимп зэгу­хьэ­ныгъэм къыб­гъэдэкIыу нобэ абы изот «ФIыщIэ» ­кубокыр. Ар абы къилэ­жьащ», - жиIащ Къардэн Мурат.
Абы нэмыщI, зэIущIэм ­кърихьэлIахэм я гуапэ ищIу, Тырныауз къалэм Бай­зулаев Юсуп и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм тыгъэ хуищIащ 2000 гъэм Австралием и Сид­ней къалэм щыIэу олим­пиадэр езым къызэрихьа, лъагапIэм зэрытета и спорт щыгъыныр. А еджапIэм и уна­фэщIыр Жамболэт и тренер Локьяев Юрэщ.
Хэжь Заур псом япэу фIыщIэ ин яхуищIащ чем­пионым и адэ-анэм - Сэфаррэ ФатIимэрэ. 
«Абы и гъэсэныгъэмрэ щэнымрэ хуэдэ зыбгъэ­дэлъ куэд нобэ урихьэлIэнукъым. Апхуэдэ чемпионхэрщ ди щIалэгъуалэм ­щапхъэ зыт­рахын хуейр», - къыхигъэщащ министрым и къуэдзэм.
ИужькIэ, физкульту­рэм­рэ спортымрэ щаIэ ехъу­лIэ­ныгъэхэм щхьэкIэ, КъБР-м­ Спор­тымкIэ и министерст­вэм и щIыхь тхылъхэр Хэжь Заур яри­тыжащ Локьяевхэ Жам­болэтрэ Юрэрэ.
Апхуэдэуи, а пщыхьэ­щ­хьэм зэхуэсым кърихьэлIа хьэ­ры­чэтыщIэхэм, Локьяе­вым и лъэпкъым щыщ­-хэм, нэ­гъуэщIхэми ахъшэ саугъэтхэмрэ фэеплъхэмкIэ чем­пионыр ягъэлъэ­пIащ. Пшы­хьыр ягъэдэхащ щIыпIэ ­къэфакIуэхэмрэ уэ­рэд­жы­Iа­кIуэхэмрэ.
ЗэIущIэм и кIэм, Жамболэт и лъэпкъым къыбгъэ­дэкIыу, КъБР-м ухуэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, псапащIэ, жэрдэмщIакIуэ Локьяев Рашид къызэхуэ­сахэм фIы­щIэ яхуищIащ икIи жиIащ нобэ лъагэу яIэт щIалэм текIуэ­ныгъэ дахэ куэд республикэм къызэ­рыхуи­хьы­нум, цIыху­хэр зэ­ригъэ­гу­фIэнум, абы щхьэ­кIи, ахэр иджыри зэрызэ­хуэзэнум шэч къызэ­ры­три­мыхьэр.
КЪУЭЖЕЙ  Алим. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.07.2026 - 09:03

Хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.

11.07.2026 - 09:03

Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ

Илъэс 20-м нэсауэ ди къэ­ралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъу­ныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэр.

11.07.2026 - 09:03

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

10.07.2026 - 17:03

Яухынущ дызэрыт илъэсым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэ-ныгъэ IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм. 

09.07.2026 - 09:03

КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ