Лъэпкъхэр зэрызэгурыIуэ Iэмал гъуэзэджэ

Шыд Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ) урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр щIэблэм я унэтIакIуэ нэсщ. Ахэр зи къалэным къызыхуэтыншэу пэлъэщ, IэнатIэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрызыгъэхьэ лэжьакIуэ пашэхэщ.

Урысей Федерацэм и мызакъуэу, хамэ щIыналъэ куэдми нобэ щагъэлъапIэ Урысыбзэм и дунейпсо махуэр. «ЛъэкIыныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ бзэ къулей икIи купщIафIэ», - апхуэдэ псалъэхэр урысыбзэм хужиIащ тхакIуэ, бзэ щIэныгъэлI цIэ­рыIуэу, этнографу щыта Даль Владимир. Абы и псалъэхэм я щы­хьэтщ урысыбзэмкIэ нобэкIэ псалъэу, а бзэр хуиту ягъэшэрыуэу яIурылъу дунейм тет цIыхухэм ящыщу мелуан 260-м щIигъу зэрыщыIэр. Урысыбзэр къэралыбзэу къыщалъытэ Урысей Федерацэм, Къэрал щхьэхуитхэм я зэгухьэныгъэм (СНГ) хыхьэ хэку зыбжанэм, Абхъазым, Осетие Ипщэм. А бзэмкIэ щызэрощIэ, щызопсалъэ СССР-м хыхьэу щыта къэралхэм щыпсэухэр, Чехием, Болгарием, Латин Америкэм, Новая Зеландием, Африкэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми щыщ куэд. 

Апхуэдиз пщIэрэ гулъытэрэ щIы хъурейм щызыгъуэта бзэ лъэщым 2010 гъэм махуэ щхьэ­хуэ хухихауэ щытащ Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН). Урысей Федерацэм ар къэрал махуэшхуэу щагъэуващ илъэс 15 ипэкIэ. Абы теухуа уна­фэ щхьэхуэм Iэ щIидзауэ щытащ УФ-м и Президентым. 
Урыс лъэпкъым, апхуэдэуи Урысей Федерацэм, Совет Союзым къызэщIиубыдэу щыта къэралхэм ящыщ дэтхэнэми мыхьэнэшхуэ щызыубыдщ, гъа­щIэм лъапIэныгъэ нэхъыщ­хьэу къыщалъытэхэм ящыщщ урысыбзэр. Бзэ куэдрэ щэнхабзэ мымащIэрэ щызекIуэ дунейм урысыбзэр щаIэт, лъэпкъ литературэм и классик, уры­сыбзэм и зыужьыныгъэм хэлъ­хьэныгъэ ин хуэзыщIа усакIуэ цIэрыIуэ Пушкин Александр и цIэм ирапхыу, ар къыщалъхуа махуэм трагъахуэу. Пушкиным и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэм щыгъуазэхэм я нэхъыбапIэм а бзэр фIыуэ ялъагъу, я анэдэлъхубзэм хуагъадэу, анэб­­зэ етIуанэу къэзылъы­тэ­хэри мымащIэу къахэкIыу. Аращ а махуэщIым фIэщыгъэу тIу иIэу къыщIекIуэкIыр: Уры­сыбзэм и дунейпсо махуэрэ Пушкиным и махуэрэ. ФIэщыгъэкIэ зэхуэмыдэми, махуэш­хуэм и купщIэри, и мурадри зыщ: бзэм нэхъри зегъэужьын, и пщIэр нэхъри къэIэтын, абы и литературэ лъабжьэр гъэ­тIы­лъыным зи зэфIэкIышхуэ езы­хьэлIа Пушкин Александр и къа­лэмыпэм къыпыкIа тхыгъэ­хэм: усэхэм, романхэм, тау­рыхъ­хэм – псоми тхылъеджэхэм я нэхъыбапIэр щыгъуазэ хуэ­щIын, усакIуэ цIэрыIуэм и фэеплъыр хъумэн. 
Лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэу къа­лъытэ а къалэнхэр гъэзэщIа хъуным ди къэралым гулъы­тэшхуэ щегъуэт. Урысыбзэмрэ литературэмрэ джыным, зегъэужьыным хуолажьэ РАН-м епха институтхэр, къудамэ зэ-мы­лIэужьыгъуэ куэд щIыпIэхэм щаIэу, IэщIагъэлI цIэрыIуэхэр. Къыхэдгъэщынщи, урысыбзэр ящыщщ, къызыхэкIа лъэпкъым емылъытауэ, ди къэралым къитаджэ щIэблэм нэхъыфI дыдэу ящIэхэм. Урысыбзэм школ программэм щыхухах сыхьэт бжыгъэм хуэдиз зыгъуэт нэгъуэщI зы предмети яхэткъым ныб­жьы­щIэхэм яджхэм. А бзэмкIэщ зэрызэрахьэр къэрал Iуэху­хэри, иубыд увыпIэри и пщэрылъ къалэнхэм яхуэфэщэжу щытщ. 
Урысыбзэм иIэ мыхьэнэмрэ игъуэт къэрал гулъытэмрэ ноби хэхъуэ зэпытщ. А Iуэхум шэщIауэ щытепсэлъыхьащ гъубж ­кIуам, мэкъуауэгъуэм и 2-м, Москва щекIуэкIа зэIущIэм. Къэ­ралым и Iэтащхьэр зыхэта зэхуэ­сым, Урысыбзэмрэ Урысейм хыхьэ лъэпкъхэм я бзэ­хэмрэ ехьэлIа къэрал политикэр гъэзэщIэнымкIэ советым и зэIущIэм, щаубзыхуащ УФ-м и бзэ нэхъыщхьэ дыдэм адэкIи зэрызрагъэужьыну Iэмалхэр. Урысыбзэм и Iуэхур къэIэтыныр егъэджэныгъэр зэрызэхэт Iы­хьэ псоми щекIуэкIынущ, тхы­лъыщIэхэмрэ методикэ пособиещIэхэмрэ къыдагъэкIынущ. Набдзэгубдзалъэу щыхущытынущ урысыбзэм сабий гъэсапIэм, курыт школхэм щыхухах сыхьэт бжыгъэхэм. Къэралым и курыт школ псоми урысыбзэр зэрыщаджыну тхылъхэм ящыщу 10-11-нэ классхэм яйр хьэ­зырщ. Мыгувэу дунейм къы­техьэнущ 5-9-нэ классхэм папщIэ тхылъхэри. УрысыбзэмкIэ зэреджэ тхылъхэр зы программэмрэ зы планымрэ тещIыхьауэ щытынущи, ар къэралым и еджакIуэ псоми зэхуэдэу яджынущ дяпэкIэ. ТхылъыщIэхэр зэ­реджэ программэм хагъэхьэнущ 2027-2028 гъэ еджэгъуэм къыщыщIэдзауэ. 
КъыкIэлъыкIуэу еджапIэ нэхъыщхьэхэм урысыбзэмрэ литературэмкIэ факультет щхьэ­хуэхэр къыщызэрагъэпэщынущ, абыхэм щеджэ студент псо­ми, зыхуеджэ IэщIагъэм емылъытауэ, Iэмал имыIэу яджы­нущ тхыдэр, философиер, «Урысей къэралыгъуэм и лъаб­жьэхэр» курсыр, урысыбзэр, ар къэрал лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу, лъэпкъ щэнхабзэм и лъабжьэу, ап­хуэдэуи егъэджэныгъэ IэнатIэр зэрыщыту зэзыпх, зэкъуэзыгъэувэ къарууэ къалъытэу. 
КъинэмыщIауэ, къэралым и пашэм зэрыжиIамкIэ, урысыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Пушкин Александр къыщалъхуа махуэм Урысыбзэм и махуэщIри яIэтмэ, совет усакIуэ цIэрыIуэ, тхакIуэ, публицист, жылагъуэ, политикэ лэжьа­кIуэш­хуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Дагъыстэн Республикэм и цIыхубэ усакIуэ, къэралым гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гамзатов Расул къыщалъхуа махуэм дяпэкIэ илъэс къэс ягъэлъэпIэнущ Урысей Федерацэм щып­сэу лъэпкъхэм я бзэхэм я махуэшхуэр. Нэгъабэ а Iуэхур япэу къаIэтащ. УФ-м и Президентым къыхилъхьа а жэрдэмымкIэ ­нэхъри гулъытэ игъуэтынущ хэкупсэ нэсу зи гъащIэр зыхьа Гамзатовым и фэеплъым, и щIэин лъапIэм. Апхуэдэу УФ-м и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу дызэрытым къыдагъэкIын щIадзэнущ «Урысейм и лъэпкъхэм я литературэ тхыгъэ нэхъыфIхэм и библиотекэ» тхылъ гупыр. 
Бзэм и лэжьакIуэхэр зыщыгуфIыкI Iуэхугъуэхэм ящыщщ уры­сыбзэм и хабзэхэр щыгъэ­быда псалъалъэ 12-м елэ­жьы­ныр и кIэм зэрынэсар. Абыхэм ящыщу 9-р УФ-м и Правительствэм и арэзыныгъэ хэлъу къащтакIэщ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, орфографие, орфоэпие, хамэ къэралыбзэхэм къы­хэкIахэм, псалъэгъэнахуэ, антонимхэр, паронимхэр, синонимхэр, псалъэ гъэкIэщIагъэхэр, щIыпIэцIэхэр зыубзыху псалъалъэхэр. Дызэрыт 2026 гъэм и кIэухым хьэзыр хъунущ аббревиатурэхэм, омонимхэм, фразеологизмхэм я псалъалъэхэр. Ахэр, шэч хэмылъу, еджэнымкIэ сэбэпышхуэ яхуэхъунущ шко­­лакIуэхэм, студентхэм, я лэ­­жьыгъэкIэ иригъуэзэнущ къэрал къулыкъущIэхэр, журналистхэр, юристхэр, редакторхэр – урысыбзэр гъащIэм, зы­пэрыт IэнатIэм къыщызыгъэсэ­бэп псори. 
Къэрал куэдым зэрыщызе­кIуэр и лъабжьэу, а бзэ лъэщым гулъытэ хэха щигъуэтащ дунейпсо утыкуми. СНГ-м хэт къэралхэм я зэхуэсу илъэситI ипэкIэ Бишкек щекIуэкIам къыщащтащ УрысыбзэмкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэ къызэры­зэрагъэпэщам теухуа унафэ. Урысей Федерацэм, Белорус­сием, Азербайджаным, Къэзахъстаным, Таджикистаным, Узбекистаным, Тыркумэным я къэрал унафэщIхэм зэдэ­арэзыуэ къащтащ а Iуэхур. Абы хэтхэм зэрыжаIамкIэ, а зэгухьэ­ныгъэм и мурад нэхъыщхьэхэр епхащ а бзэ лъэщым адэкIи зегъэужьыным, ар я тегъэщIапIэу щэнхабзэмкIэ, литературэмкIэ, тхыдэмкIэ щыIэ щIэныгъэхэр щызэхуэхьэса дунейпсо электрон хъумапIэхэм илъ хъыбархэр псоми зэхуэдэу къагъэ­сэбэпыфыным. Нобэ зэгухьэ­ныгъэр толажьэ урысыбзэм и пщIэр СНГ-м хыхьэ къэралхэм нэхъри къыщыIэтыным, щы­гъэ­быдэным. Зэгухьэныгъэ­щIэм и къалэнхэм хыхьэу, ­СНГ-м щыщ къэралхэм щы­лажьэ егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ, жылагъуэ IэнатIэ­хэр я Iуэху бгъэдыхьэкIэкIэ зэпащIэ, абыхэм я мылъку-тех­никэ лъабжьэр ягъэбыдэ, къэ­ралхэм къыщыдэкI лъэпкъ литературэ тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкI, урысыбзэкIэ къыдэкIхэр нэгъуэщIыбзэхэм кърагъэтIасэ. Урысыбзэм теухуа апхуэдэ унафэ къыщащ­тэм, абыхэм къалъытащ иджы­рей лъэхъэнэм а бзэм иIэ мыхьэнэри, бгъэдэлъ зэфIэкI­ри, дунейм щигъэзащIэ къалэнхэри. Пэжу, иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, уры­сыбзэр дуней псом щыеянэщ а унэтIыныгъэмкIэ, инджы­лы­зыбзэм, китаибзэм, хинди бзэм, испаныбзэм, франджыбзэм, хьэрыпыбзэм, бенгалыбзэм къакIэлъыкIуэу. Ар зи анэ­дэлъхубзэу къэзылъытэхэм уахэп­лъэмэ, абы дуней псом ебланэ увыпIэр щиIыгъщ. 
Нобэ урысыбзэр дэнэкIи къыщалъытэ «щIэныгъэм и бзэу», ар ирахъумэу. НэхъыфIу зы­щызыужьахэм халъытэу, дуней псом тхылърэ лэжьыгъэу къы­щыдэкIхэр нэхъыбэ дыдэу зэ­рызэрадзэкI бзэхэми я деж ебланэ увыпIэр къыщылъысащ урысыбзэм. АбыкIэ ятха тхылъ­хэр хамэбзэхэм зэрырагъэзагъэм уеплъмэ, урысыбзэм 4-нэ увыпIэр иIыгъщ. Интернетыр къапщтэмэ, абы щыпэрытхэми халъытащ ар. Иджырей лъэхъэнэм ар апхуэдэ дыдэу щызокIуэ ди къэралышхуэм хыхьэу щыта щIыналъэхэм, языны­къуэхэм абы и пщIэр щагъэлъэхъшами. А къэралхэм я лъэпкъ­хэм я анэдэлъхубзэхэм гулъытэ нэхъ щагъуэтми, урысыбзэращ абыхэм щыпсэухэм ящыщ куэд ноби зэрызэпсалъэр, зэрызэгурыIуэр. ЦIыхухэм иджыри ящыгъупщакъым, зи щэнхабзэхэмкIи анэдэлъхубзэхэмкIи зырызми, зэгурыIуэр зи зэхуаку дэлъ лъэпкъыбэу зэхэса Совет Союзышхуэм щыщыIа псэу­кIэр, мамырыгъэмрэ зэгуры­Iуэныгъэмрэ зи лъабжьэу щытар. 
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, абы щыпсэу лъэпкъхэр зэрызэпсалъэр урысыбзэщ. Ар къэралыбзэу ди деж къыщалъытэ, адыгэбзэм, балъкъэ­рыбзэм хуэдэу. АтIэми, урысыбзэр ноби къонэж лъэпкъхэр зэрызэгурыIуэ Iэмал нэхъыщ­хьэу. УсакIуэ щэджащэ Пушкин Александр и бзэм къару мыкIуэщI зэрыбгъэдэлъыр ­къегъэлъагъуэ абы и лъабжьэ быдэм, дуней псом щиIэ пщIэ лъагэм, абы зегъэужьыным хуэ­гъэпса лэжьыгъэшхуэ къ­э­ра­лым дапщэщи зэрыще­кIуэкIым. 
Зреужь, ирефIакIуэ, къэралым и лъапIэныгъэ нэхъ инхэм халъытэ урысыбзэм. Абы къы­кIэрымыхуу, ар я щапхъэу зраузэщI ди Хэку уардэм ис лъэпкъ псоми я анэдэлъхубзэхэм, щэнхабзэхэм. 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.07.2026 - 09:03

Хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.

11.07.2026 - 09:03

Унагъуэ. Лъагъуныгъэ. Зэхуэпэжыныгъэ

Илъэс 20-м нэсауэ ди къэ­ралым щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъу­ныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм я махуэр.

11.07.2026 - 09:03

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

10.07.2026 - 17:03

Яухынущ дызэрыт илъэсым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэ-ныгъэ IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIа, щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и зэIущIэм. 

09.07.2026 - 09:03

КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ