«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ. Абдеж щагъэлъэпIащ республикэм и сурэттеххэм я клубым и зэпеуэм щытекIуахэр.
Хабзэ зэрыхъуауэ, клубым хэтхэм я лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэ къэси къызэрагъэпэщ. Абы ирагъэхьэлIащ сурэтыщIхэм жэуаплыныгъэ ин пылъу зызыхуагъэхьэзыра мы зэхыхьэ гуапэри. Зэпеуэм нэхъыфIу къыщалъытащ Къарей Дегис, Татьянинэ Иринэ, Тайсаев ДжэбрэIил сымэ я лэжьыгъэхэр.
«Свой стиль» клубыр къызэIузыха икIи абы и унафэщI Лукьяненкэ Иван къыщыпсалъэм къыхигъэщащ 2004 гъэ лъандэрэ я IуэхущIапIэр зэрылажьэр, къэпщытакIуэ гупым хэтхэм мы зэхьэзэхуэм къыхэжаныкIахэр щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ зэрагъэлъэпIар. Сурэттех IэщIагъэм дихьэххэм абы чэнджэщ яритащ интернетым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу я щIэныгъэм хагъэхъуэну, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зэфIэкI щеплъыжыну. IэщIагъэм и щэхухэм я гугъу щищIым, Лукьяненкэ Иван жиIащ сурэт-тех гъуазджэм дихьэхын, дахагъэр зыхащIэн, шыIэ яхэлъын зэрыхуейр.
- БгъэIэпхъуэ хъу мы ди гъэлъэгъуэныгъэм зы махуэм къриубыдэу цIыхушхуэ еплъащ, тхьэмахуитIым и кIуэцIкIэ музейм къекIуэлIахэм я бжыгъэм ебэкIыу. КъинэмыщIауэ, къалэдэсхэмрэ республикэм и хьэщIэхэмрэ даIущIэну, депсэлъэну Iэмал диIащ, - жеIэ Лукьяненкэ Иван. - Ди клубым хэтхэр къэралым и нэгъуэщI фотоклубхэми хэтщ, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм щытокIуэ, семинархэмрэ сурэттеххэм я зэхыхьэхэмрэ жыджэру зыкъыщагъэлъагъуэ. Гуапэщ ди лэжьыгъэхэм гулъытэ зэрыхуа-щIыр, дахагъэм щIэупщIэ зэриIэр. Мы IэщIагъэр къыхэзыхахэр зэпымыууэ лэжьэн хуейщ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и дахагъэм псори драгъэхьэхыу. Сурэт техыным дихьэх щIалэгъуалэр утыку къихьэнымкIэ, ахэр щIыналъэм къыщацIыхунымкIэ клубыр дэIэпыкъуэгъу мэхъу. Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэр къыщIызэдгъэпэщыр ди клубым сурэттех нэхъыбэ къыхэтшэн папщIэщ.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр зытеухуа и лъэныкъуэкIэ куэду зэщхьэщыкIырт, натюрмотртхэр, гъэм и зэманхэм я теплъэхэр, псом хуэмыдэу нэхъыбэм яфIэфI, дунейм и щIэрэщIэгъуэ гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ къыщыгъэлъэгъуахэр, цIыху сурэтхэр, щIыуэпсыр, къалэхэр, тхыдэмрэ нобэрей гъащIэмрэ къызэщIаубыдэу. Мы сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэм жыг хадэ зыгъэпсэхупIэм ущеплъыну, дауи, куэдкIэ нэхъ щIэщыгъуэщ.
БгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэхэр гъэм и сыт хуэдэ зэманми къалэ паркым къыщызэрагъэпэщыр, лэжьыгъэщIэхэм цIыхухэр хагъэгъуазэу. Фотоклубым хэтхэм я лэжьыгъэхэр зэрагъэлъагъуэм и фIыгъэкIэ куэдым къацIыхуащи, абы хыхьэну гупыж зыщIхэм я бжыгъэм къыхохъуэ, сурэтыщI гъуазджэм щIыналъэм зыщиужьынымкIэ сэбэп мэхъу. ЗэфIэкI зиIэ сурэттеххэм я IэдакъэщIэкIхэм щIэупщIэ яIэ зэрыхъуари наIуэщ. Клубым хэтхэм я сурэтхэр кIуэ пэтми нэхъыфI, нэхъ щIэщыгъуэ зэрыхъурщ абы и щхьэусыгъуэри. Гъэлъэгъуэныгъэм гъэ къэс къекIуалIэ цIыху нэфIэгуфIэхэм лэжьыгъэхэр ягу зэрыдыхьэм ахэр нэхъри трегъэгушхуэ. ЦIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ ягу дыхьа сурэтхэр зэрытраха щIыкIэр, ахэр щытраха щIыпIэм узэрыкIуэ хъунур, нэгъуэщIхэри.
Мы Iуэху дахэм я гуапэу хэтащ сурэттех гъуазджэм дихьэххэр, Налшык къалэм и хьэщIэхэр, сурэттеххэм я благъэхэр, ныбжьэгъухэр.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.