Мамырыгъэм шэсыпIэ хуэхъу жэрдэм

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм и мыхьэнэр къызэпкърызых зэIущIэ гъэщIэгъуэн иджы­благъэ щекIуэкIащ. «Лъэп­къыбэ Урысей: дызэщIы­гъуу теплъэгъуэхэр зэхудохьэс» - арат зэреджэр къэ­ралым и лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэ­-сым ирихьэлIэу къызэрагъэпэща зэхуэсыр. Абы и ­къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъ­хэм я зэхуакум дэлъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэн, я щэнхабзэхэр зэлъэIэсын, зым и гупсысэкIэмрэ тхы­дэмрэ адрейм пщIэ хуищIу егъэсэн зэрыхуейм и Iэмалхэр къэлъыхъуэнырт. Зэ­хуэсым и фIэщыгъэ къудейм къызэригъэлъагъуэщи, лъэпкъыбэу зэхэт жы­лагъуэм а къалэнхэр зэ­рызэфIихын хэкIыпIэхэр  и мащIэкъым, ар къэгъэ­науэ, зэрыригъэфIэкIуэн Iэмалхэр и куэдщ.

ЦIыху 200-м нэблагъэ къы­з­рихьэлIа зэIущIэм хэтащ къэрал къулыкъущIапIэхэм щIэ­ныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ, дин икIи жылагъуэ ­зэгухьэныгъэхэм, лъэпкъ икIи щэнхабзэ центрхэм я лIы­кIуэ­хэр. Апхуэдэу Iуэхум хэтащ Урысейм и лъэпкъхэм я хасэм КъБР-м щиIэ щIыналъэ къудамэм и тхьэмадэ Сэхъуро­къуэ Хьэутий, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшырокъуэ Залым, КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Гъу­кIэпщокъуэ Мурат сымэ, ­КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм щIэс студентхэр, ныбжьыщIэ хасэхэм я лэжьа­кIуэхэр, магистрантхэмрэ аспирантхэмрэ.
Зэхуэсыр къызэрагъэпэщащ Урысейм и лъэпкъхэм я хасэм, Урысейм Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и къулыкъущIапIэм (ФАДН), Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал универси­тетым я жэрдэмкIэ.
Iуэхугъуэм кърихьэлIахэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, Сэхъурокъуэ Хьэутий теп­сэ­лъыхьащ лъэпкъыбэм я зэгурыIуэныгъэр щIыналъэми къэралми хъума щыхъу, зи мыхьэнэр имыкI къалэ­ны­шхуэу зэрыщытыр. Абы къы­дэкIуэу Сэхъурокъуэм къыхигъэщащ лъэпкъ зэкъуэты­ныгъэр, нобэкIэ дунейм ­ще­кIуэкI геополитикэ Iуэ­ху­гъуэхэр къэплъытэмэ, къэ­ралыр лъэщ зыщI, и экономикэ лъабжьэр зыгъэбыдэ, и пщэдейрей махуэхэр ехъу­лIэныгъэкIэ зыузэд щапхъэу зэрыщытыр.
- Дэ щIэх-щIэхыурэ лъэпкъ­хэр зэрызэкъуэтын, я зэхуакум зэгурыIуэ дэлъын зэры­хуейм и гугъу дощI. А пса­лъэмакъым къыщIытедгъэ­зэжри къыдэкIуэтей ди щIэблэрщ. Дызэрыщыгъуазэщи, геополитикэ щытыкIэм къэралхэмрэ щIыналъэхэмрэ я щыIэныгъэм Iэджэ зэхъуэ­кIыныгъи къыхелъхьэ. Ар зытеухуар экономикэмрэ политикэмрэ и закъуэкъым, ар ялъоIэс псэкупсэ лъапIэныгъэхэми, тхыдэ щIэжми, лъэпкъ щэнхабзэхэми. «Щхьэ­хуитыныгъэ» фIащауэ уеплъынкIэ узыIэпызышэ фIыгъуэхэм я лъабжьэм щIэлъыр и щIыIукIэ къэкIуа нэужь, гу лъыботэ лъэпкъхэм игъащIэ лъандэрэ къадэ­гъуэгурыкIуэ дуней лъагъу­кIэр зыкъутэ мыхъумыщIагъэ куэд къазэрылъыкъуэкIыр. Абы упэщIэувэжыныр куэд­кIэ гугъу мэхъу, и лъапсэм зэрызидзыр, ди щIалэгъуалэр зэригъэщхьэрыуэр къэп­лъы­тэмэ. Арыххэуи, махуэ къэс жыхуаIэм ещхьу, илъэсищэ бжыгъэ хъуауэ лъэпкъхэм ­къадэгъуэгурыкIуэ хъугъуэ­фIыгъуэхэр дунейм и пIалъэ зыщIэ нэхъыжьыIуэхэм щIалэгъуалэм бгъэдалъхьэну ­къалэн я пщэ къыдохуэ. Дапхуэдэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ фIыгъуэхэр «зыгъэткIу» зэ­раныгъэм узэрыпэлъэщынур? Дауи, уепсалъэкIэрэщ, ебгъэлъагъукIэрэщ, щапхъэхэм щыгъуазэ хуэпщI­кIэрэщ. Ди щIыналъэм илъэс пщIы бжыгъэхэр хъуауэ бзэкIи, щэнхабзэкIи, динкIи зэмыщхь лъэпкъхэр щызэдопсэу, IыхьлыгъэкIэ зэпыщIа хъуауэ яхэтри мащIэкъым, ныбжьэгъугъэкIэ зэрыIыгъхэр нэхъыбэжщ. А щытыкIэм ­къихьыр мамырыгъэщи, зэрытлъэкIкIэ тхъумэну ди хьэкъщ. Мы зэIущIэ дахэм ­кърихьэлIащ лъэпкъ хасэ­хэм­рэ щэнхабзэ центрхэмрэ я лIыкIуэхэр. Абыхэм куп­щIа­фIэу ядолажьэ Вэрокъуэ ­Владимир и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр щэнхабзэ фондыр. Ядэлажьэ къудейкъым, атIэ къыхилъхьэ жэрдэмхэмкIэ зы лъэпкъыр адрейм ирегъэцIыху, гъу­нэгъу хуещI. Мы зэхуэсым ­кърихьэлIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэри. Абыхэм я къалэн ­нэхъыщхьэр зытеухуауэ щы­тыр адыгэхэм я лъэпкъыщ­хьэр къэхъумэнырщи, ар зрагъэхъулIэмэ, зи псэкупсэ ­гукъыдэжыр зэфIэува лъэп­къым и гуащIэдэкIыр лъахэмрэ къэралымрэ хуагъэ­лъэщэнущ. Дэ къэтлъыхъуэр аращи, сыщогугъ мы зэIущIэм къыщыIуну гупсысэ ­дахэхэм гъуэгу ягъуэтыну, ахэр зэхэзыххэм гъащIэм зэрыхапщэн Iэмали зэрагъэ­пэщыну, - жиIащ Сэхъуро­-къуэ Хьэутий.
Зэхуэсым къыщыпсэлъа Къуэшырокъуэ Залым къы­хигъэщащ Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ икIи щэнхабзэ къу­леигъэр къэралыр лъэщ зыщI Iуэхугъуэу къызэрилъытэр.
- Девгъэгупсысыт бзитIкIэ е бзищкIэ псалъэ цIыхум и зэ­хэщIыкIыр зыхуэдэм. Абы ­къигъэIурыщIэр зыщыщ лъэп­къым и дуней лъагъу­-кIэм и закъуэкъым, ар нэ­гъуэщI лъэпкъхэм я нэкIэ Iуэ­хум хоплъэ, езыри зыхунэмыс гуэрхэр а бзэхэм кърат е къыбгъэдалъхьэ. Апхуэдэщ лъэпкъ щэнхабзэхэри зэрыщыIэр, зэрефIакIуэр - зым и фIыр ­адрейм къещтэ, зым и дахэр адрейм зыщетIагъэ. Кавка­зым щыпсэу лъэпкъхэм ящыщ куэдыр тхыдэкIэ зэ­пы­щIащ, бзэрэ щэнхабзэкIэ унэкъуэщыгъэ зи зэхуаку дэлъу яхэтри мащIэкъым. Ар фIы­гъуэшхуэщ, сыту жыпIэмэ ди ужь къиувэнухэм Iэмал яIэщ абы ирипсэуну, зытет дунейр ирагъэдахэу щыIэныгъэр ирахьэкIыну. Ди къалэн нэхъыщ­хьэхэм ящыщщ ди адэж­ьхэм къытхуагъэна псэкупсэ хъу­гъуэфIыгъуэхэр ­тхъумэну, мы гъащIэм къигъэув Iуэхугъуэ­хэм зыдащIу ахэр едгъэ­фIэ­кIуэну. Ди щIыналъэр къапщтэмэ, лъэп­къыбэ щыIэныгъэр лъым хы­хьауэ къэлъытэн хуейщ. КъытпэщIэтхэм къа­гъэ­сэбэп Iэщэ­хэр зэхуэдэкъым, ауэ абыхэм къахэгъэ­щыпхъэщ лъэпкъ­хэм я зэхуакум къыдаукIэну зыхэт хьэлэр. Дэ зэгъусэу дызэрыпсэум, ды­зэры­зэ­ры­цIыхум нэхъ IэмалыфI иIэкъым а бзаджагъэм пэ­щIэ­тыным. Си псалъэм и кIэухыу зэIущIэм кърихьэлIахэм псоми фIыщIэ яхуэсщIы­-ну сы­хуейт. Къэралым иригъэкIуэкI лъэпкъ политикэр зыгъэзащIэхэм фащыщщи, мы зэIущIэм щекIуэкIыну лэ­жьыгъэм и фIагъ куэд кърикIуэну со­гугъэ, - жиIащ Къуэ­шырокъуэ Залым.
АдэкIэ псалъэр къызылъыса ГъукIэпщокъуэ Мурат къахуеблэгъа хьэщIэхэр зэра­гуапэр, зи ужь ит Iуэхугъуэхэм езыхэри зэрытелажьэр къыхигъэщащ.
- Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм теухуауэ дгъэлъэгъуэныр ди мащIэкъым, хужытIэфынури куэд мэхъу. Сыт и уасэ, псалъэм и хьэтыркIэ, мы бжыгъэхэр: ди университетым щоджэ Урысейм и щIыналъэ 42-м къикIа ныбжьыщIэхэм­-рэ хамэ къэрал 30-м щыщу IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щы­зэзыгъэгъуэт щIалэгъуа­лэм­рэ. Къапщтэмэ, ди еджапIэр лъэпкъхэр щызэрыщIэ, щэнхабзэхэр щызэхыхьэ, бзэхэр щызрагъащIэ утыкущ. ЩIэ­ныгъэмрэ егъэджэныгъэм­рэ епха IуэхущIапIэу дыщыт пэтми, дэ гъэсэныгъэ лэжьы­-гъэр IэщIыб тщIыркъым, уеб­лэмэ ар япэ щидгъэщ Iэджэ­-рэ къытхуохуэ. ДыхущIокъу лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIахэм я щэнхабзэр къызэ­рыхэдгъэщыным, я бзэр къы­зэрыдгъэIуным, зы къэ­рал дызэрыщыпсэур, дызэрыIыгъын зэрыхуейр дэтхэнэми зэ­рызыхедгъэщIэным. ЩIыналъэ къэс и еджапIэ нэхъыщ­хьэр щэнхабзэ центру щытын хуейуэ къыдолъытэ. А къалэныр екIуу зэфIихмэ, щIэ­ныгъэ зэзыгъэгъуэту гъащIэм хыхьэ цIыхум куэдкIэ ущы­-гугъ хъунущ - ар хуэсакъынущ мамырыгъэми, ар хущIэ­къунущ зыужьыныгъэми.
Зэхуэсым къыщыпсэлъащ Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр щэнхабзэ фондым и унафэщI Мэкъуауэ Лиуазэ, КъБКъУ-м адыгэбзэ филологиемкIэ и кафедрэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къардэн Мусэдин, ДАХ-м и вице-президент, КъБР-м егъэджакIуэхэм я IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ зэпы­мыууэ щыхагъахъуэ центрым адыгэбзэмкIэ и лъэщапIэм и унафэщI Щоджэн Iэминат, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Бейтуганов Исмэхьил, эстон лъэпкъ-щэнхабзэ центрым и лэжьакIуэ КъуэщIысокъуэ ­Павел, урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ джынымкIэ центрым и унафэщI Литвинов Роман, нэгъуэщIхэри.
Зэхуэсым ипкъ иткIэ  КъБР-м щыIэ лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм гъэлъэгъуэныгъэ­хэр щрагъэкIуэкIащ, лъэпкъ IэщIагъэмкIэ мастер-класс­хэр къызэрагъэпэщащ. Iуэхугъуэр зэфIэкIа нэужь, Темыркъан Хьэту и цIэр зезыхьэ щэнхабзэ центрым лъахэм, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм, ­хэку лъагъуныгъэм теухуа уэ­рэдхэмкIэ гъэнщIа концерт екIуэкIащ, ди щIыналъэм и уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфа­кIуэхэмрэ хэту.
Iуэхугъуэ хэтахэм гуапэ ящы­хъуащ ар къызэгъэпэ­щы­нымкIэ жэрдэмщIакIуэ хъуа Сэхъурокъуэ Хьэутий и цIэр дахэкIэ къызэрыраIуари -    абы егъэджэныгъэмрэ щIэ­ны­гъэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэмрэ КъБКъУ-м и зыу­жьы­ныгъэм хилъхьа гуащIэмрэ и саулыкъукIэ «Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал универси­тетым и пащхьэ щиIэ фIы­щIэхэм папщIэ» ЩIыхь да­мыгъэр къыхуагъэфэщащ.
Адыгэ хъуэхъужьхэм куэдрэ ущрохьэлIэ «зэгурыIуэрэ зэ­дэIуэжу» жыIэгъуэр. Нэ­хъыжь­хэми арат жаIэр: зэгурыIуэм нэхъыфI щыIэкъым, ар къызыгурыIуэм нэхъ на­сыпыфIи дунейм теткъым. Мамырыгъэм шэсыпIэ хуэхъу мыпхуэдэ жэрдэмхэр къы­хэ­зылъхьэхэм фIыщIэ яхуэфащэщи, я гуращэхэр къадэхъуу псэуну ди гуапэщ.
БЕСЛЪЭН  Берд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.

10.06.2026 - 15:37

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

10.06.2026 - 09:03

И лъахэгъухэр егъэгушхуэ

Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ тхьэмахуитI ипэ­кIэ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль ещанэу къы­щызыхьа Локьяев Жамболэт.

10.06.2026 - 09:03

Унагъуэхэм я дэIэпыкъуныгъэщIэ

2026 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 1-м щегъэжьауэ уна­гъуэхэм зэрызыщIа­гъа­къуэ IэмалыщIэ къыхалъ­хьащ. Ар тещIыхьащ ла­жьэу IэнатIэ Iут, сабиитI е нэхъыбэ зиIэ адэ-анэхэм.