Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм щыщхэр, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Ащхъуэт Азэмэтджэрий (сурэтым) сымэ зыхэта зэIущIэ.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ республикэм и къалащхьэм адэкIи зегъэужьыным ехьэлIауэ къапэщыт къалэнхэм, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум, гулъытэ хэха зыгъуэтыпхъэ ухуэныгъэхэр зэрекIуэкIым.
«Мыхьэнэшхуэ иIэщ мы зэманым зэтехуауэ екIуэкI лэжьыгъэхэр къэмыгъэтIэсхъэным, программэ яубзыхуахэр нэсу гъэзэщIэным, къалэм и IуэхущIапIэхэр, пщэ къыдэхуэ къалэнхэм пэлъэщыным.
Япэ игъэщыпхъэхэщ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэр зэгъэпэщыжыныр, щIэхэр ухуэныр, ущыпсэуну дзыхьщIыгъуэджэ хъуа унэхэм щIэсхэр къыщIэгъэпхъукIыныр, кIэрыхубжьэрыху быдэхэр дэшыныр, щIыналъэхэр зэIузэпэщ щIыныр.
Мылъкум пыщIа Iуэхухэми щхьэхуэу дыкъытеувыIащ.
Налшык зегъэужьыныр республикэм и зэIузэпэщыгъэм и Iыхьэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Ащхъуэт Азэмэтджэрий сехъуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ яфI зыхэлъ Iуэхухэр къехъулIэну», - щыжеIэ КIуэкIуэ Казбек Максым щиIэ напэкIуэцIым.