IэнатIэм щрагъэкIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ

КъБР-м Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министерствэм Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м дыгъуасэ щригъэкIуэкIащ бл­э­кIа илъэ­сым, мы гъэм и япэ мазищым зэр­ы­лэжьар къыщапщытэжа, адэкIэ я мурадхэр щагъэнэIуа зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

 
НобэкIэ гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIыр «ГъащIэ кIыхь икIи жыджэр», «Унагъуэ», нэгъуэщI лъэпкъ пэхуэщIэхэрщ. Ахэр ди щIыналъэм зэрыщагъэзащIэм, зрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм, зэфIаха лэ­жьы­гъэхэм ятеухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. КъулыкъущIэм зэрыжиIамкIэ, мы унэтIыныгъэмкIэ яIэ ехъулIэныгъэхэр къэплъытэ­мэ, Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысей Федерацэм и щIыналъэ нэхъыфI дыдэу 10-м яхэхуащ. 
- 2025 гъэм щIышылэм и 1-м ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху 908214-рэ щыпсэууэ ятхащ. Абыхэм ящыщу 219265-р сабийщ. Ди IэнатIэм и ­къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэм я узыншагъэр едгъэ­фIакIуэкIэрэ, зэрыпсэу илъэс бжыгъэм хэдгъэхъуэ­нырщ, сабий цIынэу дунейм ехыжхэр гъэ­мэ­щIэ­нырщ. Къыхэгъэщыпхъэщ блэкIа илъэси 5-м къриубыдэу ди республикэм ехъулIэныгъэфIхэр зэры­щызэдгъэгъуэтар. Псалъэм папщIэ, Урысей псом цIыхухэм я ныбжьыр ику иту илъэс 72-рэ щыхъумэ, КъБР-м а бжыгъэр илъэс 77-м щыщIегъу. 2025 гъэм я ныбжьыр зы илъэсым нэмысу сабий 22-рэ дунейм ехыжащ, 2024 гъэм апхуэдэхэр 36-рэ хъууэ щытащ. Къыхэгъэщыпхъэщ блэкIа илъэсым лъхугъэм зы ани зэримылIыкIар, - жиIащ Къалэбатэм. 
2019 - 2025 гъэхэм дунейм ехыжахэм я гугъу пщIымэ, абыхэм я процент 39,9-р лъым епха узым ихьащ, процент 15,6-р – лышхым, 12-р – насыпынша­гъэхэм хаха фэбжьым, 5,9-р – лъатэ, кIуэцI узы­фэхэм. 
Ухуэныгъэхэм я гугъу пщIымэ, медицинэ IуэхущIапIэ 16 зыхуей хуагъэзэжащ, яухуащ. Апхуэдэу ам­булаторэщIэхэр щаухуащ Кэнжэ, Белая Речкэ, Къубэ-Тэбэ, Светловодскэ, Красносельскэ, Дей, Старэ Шэрэдж, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэхэм. ­КъищынэмыщIауэ, къащэхуащ Iэмэпсымэ 16-рэ санитар машинэ 14-рэ.
Узыншагъэр хъумэн IэнатIэм щрагъэкIуэкIа зэ­хъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ узыфэ шынагъуэхэр къэунэхуагъащIэу къахутэ ди дохутырхэм, сэкъатыншэу ягъэхъуж. Иужьрей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ Каменомост, Дыгулыбгъуей, Нартан, Къэщкъэтау, Анзорей къуажэхэм дэт, цIыхубзхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ IуэхущIапIэхэр. 
Яухуащ икIи лэжьэн щIидзащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм нэхъ ин дыдэу ит къалэ поликлиникэ №1-м. Ар мэхъу метр зэбгъузэнатIэ мини 9, унэ­тIы­ныгъэ щхьэхуэ зыбжанэ хэтщ, цIыхухэм махуэкIэ абы щIэлъу щоIэзэ, эндоскопие къэпщытэныгъэ мин 20 илъэсым щрагъэкIуэкI.
- Ди щIыналъэм и ехъулIэныгъэфIхэм ящыщщ цIыхухэм дэIэпыкъуэгъу псынщIэ щагъуэт къудамэу щIыналъэ клиникэ сымаджэщым деж къы­щызэIутхар. Гу лъытапхъэщ мы къудамэм хуэдэ куэ­дым зэрамыIэр, икIи Урысей Федерацэм щыIэ­хэм ятепщIыхьмэ, псом нэхърэ нэхъыфIу къызэралъытар. Дызытепсэлъыхь къудамэщIэм кърашалIэ насыпыншагъэм фэбжь хэзыхахэр. Абыхэм ягъуэта дыркъуэм теухуауэ чэзууэ дохутыр къоплъ, я узыншагъэр псынщIэу къапщытэри, щхьэж хуау­бзыхуа дэIэпыкъуныгъэ ягъуэт. Мы екIуэлIапIэр къызэгъэпэщыным сом мелуан 323-рэ текIуэдащ 2025 гъэм, - жиIащ Къалэбатэм. 
Ди дохутырхэр ехъулIащ инфарктымрэ инсуль­тымрэ гъэмэщIэнымкIэ, диабет зэфыкI сабийхэмрэ цIыхубз уэндэгъухэмрэ я фошыгъур зэры­дэкIуеяр къызэрапщ Iэмэпсымэхэр пщIэншэу къахудэхынымкIэ. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жиIащ IэнатIэм лэжьыгъэ хъарзынэхэр зэрыщрагъэкIуэкIыр икIи медицинэ лэжьакIуэхэмрэ республикэм Узын­ша­гъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и гупымрэ фIыщIэ яхуищIащ ехъулIэныгъэ яIэу я къалэныр зэрагъэзащIэм папщIэ. 
- ЩIыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр егъэфIэкIуэнымкIэ едгъэкIуэкI лэжьыгъэхэм адэкIи къыпытщэнущ. Республикэ сабий сымаджэщым узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ къудамэ къыщызэIутхыну, худэчых зиIэхэр хущхъуэкIэ къызэгъэпэщыным хухах мылъкум, медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэм хэдгъэхъуну ди мурадщ. Iуэху нэхъыщхьэу къэнэжхэм ящыщщ дзэ Iуэху хэхам хэтхэм зыхуэныкъуэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныр, я узыншагъэр егъэфIэкIуэжынымкIэ, санаторэхэм кIуэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу­ныр, - къыхигъэщащ Iэтащхьэм.

Сурэтыр  Къарей Элинэ трихащ. 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.06.2026 - 09:11

ЯгъэткIиинущ кIэлъыплъыныгъэр

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий дыгъуасэ Пятигорск ­къалэм щригъэкIуэкIащ КИФЩI-м ­хабзэр къызэпауду мылъку щы­зэ­Iэпызыххэм

11.06.2026 - 09:10

Урысей Федерацэм и цIыхуу ущытыныр пщIэшхуэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэхэмрэ щыщу зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа еджакIуэ 26-м дыгъуасэ Урысей Федерацэм и цIыхум и паспортыр КъБР-м и Парламентым щратащ.

10.06.2026 - 15:37

ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ

Тэрч щIыналъэм хиубыдэ Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэр, Белоглинскэ къуажэм ПащIэм и цIэр зезыхьэ и уэрамыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

10.06.2026 - 09:03

И лъахэгъухэр егъэгушхуэ

Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зэрихьэу дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щагъэлъэпIащ тхьэмахуитI ипэ­кIэ Урысей Федерацэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медаль ещанэу къы­щызыхьа Локьяев Жамболэт.

10.06.2026 - 09:03

Унагъуэхэм я дэIэпыкъуныгъэщIэ

2026 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 1-м щегъэжьауэ уна­гъуэхэм зэрызыщIа­гъа­къуэ IэмалыщIэ къыхалъ­хьащ. Ар тещIыхьащ ла­жьэу IэнатIэ Iут, сабиитI е нэхъыбэ зиIэ адэ-анэхэм.