Зауэм щауса уэрэдхэр

Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм дыхуэзыша уэрэдхэр» пшыхьыр, 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 81-зэрырикъум и щIыхькIэ къызэрагъэ­пэщар. 

Ар къызэIуахащ Урысей Федерацэм и гимнымкIэ. Зауэ губгъуэм щауса уэрэдхэм къарууэ ящIэлъам, ахэр тхыдэ напэ­кIуэцI­хэм игъащIэкIэ къызэрыхэнам, уэрэдхэм ягъэгушхуа зауэлIхэр абы псэзэ­пылъ­хьэпIэм къыщриша къызэрыхъуам щы­тепсэлъыхьащ пшыхьым. Дзэлыкъуэ щIыналъэм и уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм ягъэдэхащ утыкур. Къамлыкъуэ, Сэрмакъ, Совхознэ, Псынэдахэ, Дзэлыкъуэкъуажэ ЩэнхабзэмкIэ я унэхэм я гъэсэнхэм, сабийхэр макъамэм щыхурагъаджэу райо­ным щыIэ IуэхущIапIэм екIуалIэ цIыкIухэм зыкъыщагъэлъэгъуащ мы зэхыхьэм. 
Нэхъыжьхэмрэ щIэблэмрэ я зэпыщIэныгъэм, жьыкIэфэкIэм я чэнджэщхэр сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ зэрыщ­хьэ­пэм, щIэблэ хэкупсэм зауэм теухуа уэ­рэд­хэр зэращIэм икIи зэрыжаIэм теп­сэлъыхьащ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьакIуэ КIурашын Iэсият. 
- Абы щыгъуэ ди сэлэт хахуэхэм къахьащ ТекIуэныгъэр. Ди бгыр щIэткъузэн хуейщ ноби. Псалъэм и къарур зыщIэлъ мы уэ­рэдхэр жытIэху, дедэIуэху, дэ дылъэщщ, - къыхигъэщащ абы. 
Пшыхьым къыщыпсэлъащ Псынэдахэ къуажэм дэс бзылъхугъэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Сыжажэ Iэминат. Абы къы­хигъэщащ мы илъэсыр Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и гъэу зэрагъэувам къэ­ралым и цIыхухэр нэхъри дызэкъуэтыным дыкъыхуриджэу къызэрилъытэр. 
- ТекIуэныгъэ лъапIэр къазэуащ псоми зэщIыгъуу. Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэрщ нэхъри лъэщ дызыщIыр, - жиIащ абы. 
Пшыхьыр зэхуащIыжащ «Мелодии детст­ва» сабий хорым игъэзэщIа уэрэдымкIэ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 15:59

Хэкупсэу ягъасэ щIэблэр

Урысейм и махуэм и пэ къихуэу, Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэхэм щрагъэкIуэкIащ ныб­жьы­щIэхэр хэкупсэу гъэсэным, къэралым и тхы­дэмрэ дамыгъэхэмрэ ятеухуауэ ящIэм хэгъэхъуэ­ным ехьэлIа Iуэхугъуэ г

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.