Зэкъуэтыныгъэращ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым накъыгъэм и 15-м щекIуэкIа концертыр те­у­хуауэ щытащ Хэку зауэш­хуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрырикъум. Ар къызэ­рагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерст­вэм­рэ Музыкэ къэрал ­театрым­рэ. 

Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ артист, режиссёр Мизиев Iэубэчыррэ полицэм и ветеран, дзэ Iуэху хэхам хэта Лыкъуэжь Маринэрэ. Абы ирагъэблэгъащ КъБР-м и Правительствэм и лэжьакIуэхэм ящыщхэр, щIыналъэм и депутатхэр, Урысей гвардием и Управленэм и лIыкIуэхэр, дзэ Iуэху хэхам щыIа щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ, республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ. 
- ЦIыху мелуан бжыгъэхэм я гъащIэр зыщIата, анэхэмрэ зэуапIэм къикIыжа зауэлI­хэмрэ я нэпскIэ гъэнщIа махуэр, ТекIуэныгъэ Иныр къыщахьа накъыгъэм и 9-р, тхыдэм къыхэнащ. Бийм зэхикъута къалэхэмрэ къуа­жэхэмрэ цIыхубэр зэкъуэувэу къагъэщIэрэщIэжа нэужь, къэралым зыкъиужьыжащ. Аращ ТекIуэныгъэр лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и фIыгъэу къыщIалъытэр. Тхыдэм щIэблэр щыдгъэгъуэзэну ди къалэнщ, лIыхъужьхэр зыщамыгъэгъупщэн, щыуагъэ­хэм къытрамыгъэзэжын папщIэ, а гупсысэр къыхагъэщащ пшыхьыр езыгъэкIуэкIа Мизиев Iэубэчыррэ Лы­къуэжь Маринэрэ. - Хэку зауэшхуэм и зэманми хуэдэу, ноби дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм къэралыр яхъумэ. Тхыдэм ури­плъэжмэ, къэралыр гугъу­­ехьу зыхэтар зэ­рымымащIэр нэрылъагъущ. ПщIэрэ ныбжьэгъугъэрэ зи яку дэлъ лъэпкъхэр зэкъуэувэрти, зыр адрейм дэIэпы­къурт. Аращ текIуэныгъэр къызыпэкIуэри. Нэхъапэми хуэдэу, иджыри ди къару нэхъыщхьэр а лъапIэныгъэ­хэрщ - лъэпкъхэм ди зэкъуэ­тыныгъэрщ, дзы­хьырщ, къэ­ралым худиIэ лъагъуныгъэ мыкIуэщIырщ. Ды­зэкъуэтмэ, дылъэщщ! ЛIы­хъужьхэм я зэ­фIэкIым дрогушхуэ, фIыщIэ яхудощI!
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым Щэн­хабзэмкIэ, граждан жы­ла­гъуэм зегъэужьынымрэ хъы­барегъащIэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амурбий.
УФ-м и Лъэпкъ гвардием и 49-рэ бригадэм и хорым къызэIуиха концертыр ягъэ­дэ­хащ Хэку зауэшхуэмрэ Те­кIуэ­ныгъэмрэ теухуа уэрэдхэр зыгъэзэщIа уэрэджы­IакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэу ЦокIыл Азэмэт, ПащIэ Маринэ, балетым и артисткэ Щэбэтыкъуэ Юлианэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ГъущIо Залым сымэ, нэгъуэщIхэми. Концертым щыжаIащ куэ­дым фIыуэ ялъэгъуа, 1943 гъэм «Два бойца» фильмым папщIэ ятха «Тёмная ночь», «День Победы», «Вальс Победы», уэрэдхэр, нэгъуэщI­хэри. Илъэс 81-кIэ узэIэбэ­кIыж­мэ, мамырыгъэрэ щхьэ­хуи­тыныгъэрэ къытхуэзыхьа лIыхъужьхэм, ноби Хэкур зыхъумэ зауэлIхэм траухуа пшыхьым зыкърезыхьэлIахэм ар гукъинэж ящыхъуащ. УФ-м и Президент Путин Владимир 2026 гъэр къэралым и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэригъэувар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу къэралыр зэрыкъарууфIэм. 
ТЕКIУЖЬ  Заретэ. 
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 15:59

Хэкупсэу ягъасэ щIэблэр

Урысейм и махуэм и пэ къихуэу, Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэхэм щрагъэкIуэкIащ ныб­жьы­щIэхэр хэкупсэу гъэсэным, къэралым и тхы­дэмрэ дамыгъэхэмрэ ятеухуауэ ящIэм хэгъэхъуэ­ным ехьэлIа Iуэхугъуэ г

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.