IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр. Абы и лэжьыгъэр зыхуэунэтIар республикэм и медицинэ IэнатIэм Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр къешэлIэнырщ. 
Центрым и къалэнщ а унэтIыныгъэмкIэ щыIэ щытыкIэм куууэ щыгъуэзэныр, кадрхэмкIэ политикэр убзыхуныр, IэщIагъэлIхэр къыхэхынымкIэ, ахэр Iуэхум хэгъэгъуэзэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуныр, лэжьакIуэхэр къэлъыхъуэнымкIэ зыуэ щыт IэнатIэ къызэгъэпэщыныр. Апхуэдэу центрым зэхигъэуващ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэмрэ ординатурэр къэзыухахэмрэ унэтIакIуэхэр зэрадэлэжьэну программэ, къищынэмыщIауэ, абыхэм я зэфIэкIыр къызэрилъытэн икIи зэрызригъэужьын Iэмалхэр еубзыху.
Центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ, абы республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм къришэлIащ IэщIагъэлI 403-рэ, абыхэм ящыщу 98-р дохутырщ, 263-р курыт медицинэ щIэныгъэ зиIэхэщ. 2023 гъэм щегъэжьауэ 2026 гъэ пщIондэ щIыналъэм и къэрал медицинэ IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я бжыгъэр цIыху 650-кIэ хэхъуащ. Абыхэм ящыщу 266-р дохутырщ, 339-р курыт медицинэ щIэныгъэ зиIэ лэжьакIуэхэщ.
 2026 гъэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал медицинэ IуэхущIапIэхэм щолажьэ дохутыр 3709-рэ, курыт медицинэ щIэныгъэ яIэу 8286-рэ. Абыхэм ящыщу 1975-м я ныбжьыр илъэс 60-м щхьэдэхащ. 
ЩIыналъэ къулыкъущIэхэм республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэр ирикъуу IэщIагъэлIхэмкIэ къызэгъэпэща хъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр адэкIи ирагъэкIуэкI, республикэм щыпсэухэр фIагъ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэкIэ къызэрагъэпэщыным хущIэкъуу. 

Теувэжыкъуэ Арсен.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 15:59

Хэкупсэу ягъасэ щIэблэр

Урысейм и махуэм и пэ къихуэу, Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэхэм щрагъэкIуэкIащ ныб­жьы­щIэхэр хэкупсэу гъэсэным, къэралым и тхы­дэмрэ дамыгъэхэмрэ ятеухуауэ ящIэм хэгъэхъуэ­ным ехьэлIа Iуэхугъуэ г

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.