Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ![]() КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIалэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас. Ар хэтщ мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ зэхуэсым. «Нэхъ пасэу Сыхъум щекIуэкIа дунейпсо экономикэ форумымрэ Минводы щызэхэта Кавказ инвестицэ зэхуэсышхуэмрэ Iэ зыщытеддза зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ социально-экономикэ IэнатIэхэм дызэрыщызэдэлэжьэнум и гугъу тщIащ. Гулъытэ хэха хуэтщIащ щIалэгъуалэ политикэр пхыгъэкIыным, зэныбжьэгъугъэм, зэгъунэгъугъэм я хабзэхэр гъэбыдэным.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
| ||||||||||||||||










