Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ. Ар КъБР-м и Правительствэмрэ Абхъаз Республикэм ЩIалэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетымрэ къызэрагъэпэщащ, УФ-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэмрэ Урысеймрэ Абхъазымрэ нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ я министерствэхэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу.
ХьэщIэхэр къызэрысу удз гъэгъахэр тралъхьащ Куржы-Абхъаз хэку зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым. Абыхэм ящIыгъуащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къуэшрокъуэ Залым, КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт, жылагъуэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ лэжьакIуэ-хэр. Абхъаз Республикэм къикIа щIалэгъуали 150-м я пашэт АР-м и вице-премьер, ЩIалэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас, къэрал къулыкъущIэхэр.
Форумым и утыку нэхъыщхьэр ЩIалэгъуалэм я унэращ. Абдеж хьэщIэхэм къащыпэплъэрт адыгэ джэгу зэхэзыубла ди щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. Зэкъуэш щIыналъэхэм ис ныбжьыщIэхэр гуапэу зэIущIащ, махуэ зыбжанэкIэ зэрызэхэтынум щыгуфIыкIыу. Форумым хэтщ Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Ингушым, Шэшэным, Дагъыстэным, Ставрополь крайм, Кърымым, Комим, Башкортостаным, Алтайм, Мордовием, Тэтэрстаным, ДНР-м, Пермь, Москва, Калугэ, Ленинград, Астрахань, Запорожье, Омск, Орел, Свердловск, Тамбов, Челябинск областхэм, Москва, Севастополь къалэхэм къикIа лIыкIуэхэри.
Зэхыхьэшхуэр гъэщIэгъуэн ящIырт лъэпкъ хьэпшыпхэр, шхыныгъуэхэр, Iэмэпсымэхэр щызэхуэхьэса пщIантIэхэм, сурэтыщIхэм, дизайнерхэм, IэпщIэлъап-щIэхэм, хьэрычэтыщIэхэм я зэфIэкIыр утыку къыщрахьэ плIанэпэхэм, университетхэмрэ курыт IэщIагъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэмрэ щекIуэкI лэжьыгъэр наIуэ къэзыщI утыкухэм, республикэм и щIыналъэхэм я псэукIэмрэ зыхуэкъулеймрэ къэзыгъэлъагъуэ шэтырхэм.
КъэралитIым щыщ щIалэгъуалэ щэ бжыгъэр щызэхыхьа гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абхъазым къикIа хьэщIэхэм я гъусэу республикэ унафэщIым зригъэлъэгъуащ егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, IT-технологием, экономикэм, псэукIэм ехьэлIа зыужьыныгъэм щIалэгъуалэм халъхьэфыр зыхуэдизыр. Абыхэм ятеухуа гъэлъэгъуэныгъэр куэдым я дежкIэ щIэщыгъуэт.
Ди къэралым щыщу ныбжьыщIи 150-рэ Абхъазым къикIауи апхуэдиз щызэхуэса зэIущIэр къызэIуихащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
- Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу фыкъызогъэблъагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым. ПщIэшхуэ пылъщ мыхьэнэ ин зиIэ зэхыхьэр ди лъахэм зэрыщекIуэкIым, - жиIащ КIуэкIуэм. - ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимиррэ Абхъаз Республикэм и Президент Гунбэ Бадрэрэ, ди жэрдэмыр къызэрыддаIыгъам папщIэ, апхуэдэуи къызэгъэпэщыныгъэ IуэхухэмкIэ къыддэIэпыкъуахэу УФ-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергейрэ ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщI Гуров Григорийрэ. Форумыр зыхуэунэтIар Урысеймрэ Абхъазымрэ я щIалэгъуалэм я зэпыщIэныгъэр гъэбыдэнырщ, ахэр унэтIынырщ, къыхалъхьэ проектхэмрэ жэрдэмхэмрэ зегъэужьынырщ, къэрал щIалэгъуалэ политикэм заузэщIыным яхузэфIэкI хегъэлъхьэнырщ. Мыбы щаухуэну дыщогугъ зыуэ щыт гуманитар хъыбарегъащIэ утыку, ди лъэпкъ хабзэхэр, лъапIэныгъэ-хэр, хэкупсагъэр и лъабжьэу. Мы зэIущIэм Iуэхугъуэ куэд хэтщ щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, узэщIыныгъэм хуэунэтIауэ.
Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Абхъаз Республикэр дэ куэд щIауэ дзыхь зыхуэтщI ди лэжьэгъущ, езы абхъазхэр ди къуэшщ, ди зэхущытыкIэм тхыдэр и лъабжьэщ, щэнхабзэ зэпыщIэныгъэ быдэхэр ди зэхуаку дэлъщ, дяпэкIэ IуэхугъуэщIэхэр зэдэтщIэным дыхуопабгъэ. БлэкIар дигу къэдгъэкIыжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыху мин 55-м щIигъу хэтащ Хэку зауэшхуэм, абыхэм ящыщу мин 17-м къагъэзэжакъым, абыхэм я псэр щIатащ ди къэкIуэнум. Абхъаз хэку зауэм щыщIидзам Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэр зылI и быну зэкъуэувэри, я къуэшхэм зыщIагъэкъуащ. Абы лъандэрэ илъэс пщIы бжыгъэхэр дэкIыжами, езыхэм я фIэфIы- ныгъэкIэ Абхъазым щызэуахэр нобэ ди къэралым и щхьэхуитыныгъэр яхъумэу дзэ Iуэху хэхам хэтщ, абыхэм ящыщщ Урысейм къыгуэт «Пятнашка» бригадэ цIэрыIуэри. Дэ быдэу ди фIэщ мэхъу ТекIуэныгъэр ди Iэрылъхьэу Iуэхур зэриухынур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, дэ пэжым дрителъхьэщ.
Урысеймрэ Абхъазымрэ я цIыхухэм, ди къэралхэм я зэныбжьэгъугъэ быдэм дригушхуэну хуитыныгъэ диIэщ дэ. Зы мазэ ипэкIэ Сыхъум къалэм щекIуэкIа Дунейпсо экономикэ форумым Iэ щыщIадзащ КъБР-м и Правительствэмрэ Абхъазым и Правительствэмрэ экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ зэдэлэжьэным теухуа зэгурыIуэныгъэм. Щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейщ Абхъаз Республикэр социально-экономикэ зыужьыныгъэм и гъуэгум зэрытетым, и псэукIэм зэрызыщиужьым. АР-м и Президентымрэ къыдэлажьэхэмрэ нобэ зэрахьэ Iуэху щIэкIэм зыужьыныгъэшхуэхэм зэрыхуишэнур си фIэщ мэхъу. Тхьэмахуэ ипэкIэ Кавказ инвестицэ зэхуэсышхуэм Iэ щытрадзащ Налшыкрэ Сыхъумрэ я зэныбжэгъугъэм теухуа зэгурыIуэныгъэм. Фэ, щIалэгъуалэ жыджэрым, ди зэкъуэшыныгъэр адэкIэ зэрывгъэкIуэтэнум, ди зэхущытыкIэм и лъэбакъуэщIэхэр тхыдэм зэрыхэфтхэнум шэч къытесхьэркъым. Сынывохъуэхъу лэжьыгъэ купщIафIэ, ди лъэпкъхэм я дежкIэ щхьэпэ хъун Iуэху- хэр къывдэхъуну, Къэбэрдей-Балъкъэрым щывгъэкIуэну махуэхэр фIыкIэ фигу къинэжыну. Мы зэхыхьэм къыпищэу фокIадэ мазэм Абхъазым щекIуэкIыну щIалэгъуалэ зэхуэсми УФ-мрэ АР-мрэ я зэдэлэжьэныгъэр адэкIэ зэригъэкIуэтэнур си фIэщ мэхъу, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
КъэпсэлъапIэр хуитI зыхуащIа Хагбэ Тарас Абхъаз Республикэм и Президент Гунбэ Бадрэ форумым хэтхэм зэрызахуигъазэм къеджащ.
«ПщIэ зыхуэсщI Казбек Валерэ и къуэ, фIыщIэ ин пхузощI мыпхуэдэ зэхыхьэ гукъинэжыр Къэбэрей-Балъкъэрым щекIуэкIыныр къызэрызэвгъэпэщам щхьэкIэ. Псом япэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ ди къэралхэм, лъахэм я зэпыщIэныгъэр - нэхъ быдэ, ди щIалэгъуалэм я зэныбжьэгъугъэр нэхъ куу хъун щхьэкIэ пхузэфэкI къызэрумыгъанэр. Къызэхуэса псоми фIэхъус гуапэкIэ захузо-гъазэ. Мыпхуэдэ зэIущIэхэрщ лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэм, зэныбжьэгъугъэм къежьапIэ хуэхъур.
ДэркIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ форумыр ди къуэш хэгъэгум и къалащхьэ Налшык зэрыщекIуэкIым. Ди лъэпкъхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зэкъуэшым хуэдэу къызэдокIуэкI, ар зэманми, дызыхэта гугъуехьхэми хьэкъ ищIащ. А зэхущытыкIэр лIакъуэкIэрэ зэIэ- пытхыу апхуэдэщи, иджырей щIалэгъуалэми къыпащэну ди хъуэпсапIэщ. Абхъазыр гузэвэгъуэ щыхэхуам псом япэу къыкъуэувар Кавказ Ищхъэрэм щыщ ди къуэшхэрщ, абыхэм я дэIэпыкъуныгъэр ди щхьэхуитыныгъэм сэбэп хуэхъуащ. Иджы абы щыгъуэм къыткъуэувахэм я бынхэращ зэхуэсари, ди зэпыщIэныгъэм адэкIэ зевгъэужьыну фи пщэрылъщ, фи адэхэм ящIам хэвгъахъуэу фызэдэпсэумэ, абы нэхъ лъэрызехьэ дищIынущ».
УФ-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министр Лавров Сергей къигъэхьа тхыгъэм къеджащ Федерацэм и субъектхэм, Парламентымрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ запыщIэнымкIэ департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Кулагинэ Иринэ. ВидеозэпыщIэныгъэкIэ къызэхуэсахэм фIэхъус ярихащ «Росмолодежь» агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Литвиенкэ Егор.
Егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм, туризмэм, спортым пэрыт IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр, студентхэр, хьэрычэтыщIэхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр щызэхуэса зэIущIэм щыщ зы Iыхьэщ япэ махуэм екIуэкIа гуп зэпсэлъэныгъэхэр. «Урысеймрэ Абхъазымрэ: щIалэгъуалэ Iуэхухэр» зи фIэщыгъэ Iыхьэм хыхьэу гупхэр щIэсащ: «Экономикэ Iэмалхэмрэ IэнатIэ зэгъэгъуэтынымрэ, Iэзагъым хэгъэхъуэнымрэ хьэрычэтыщIэ Iуэхумрэ»; «Унагъуэ быдэ: демографие зыужьыныгъэм, социальнэ дэIэпыкъуныгъэм теухуауэ»; «Медиамрэ IT-мрэ»; «Дунейпсо щIалэгъуалэ зэдэлэжьэныгъэ»; «Кавказ бгъэдыхьэкIэ гъэщIэгъуэнхэр: проект лъэрызехьэхэр»; «Зэкъуэтыныгъэм и къарур: егъэджэныгъэ, бзэ, щэнхабзэ лъэпкъ лъапIэныгъэхэр» лекцэхэм, абыхэм къыщыпсэлъащ урысей, абхъаз щIэныгъэлIхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ.
Форумым хэтхэм Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн куэд къапоплъэ, ахэр Налшык къалэм и закъуэ мыхъуу, республикэм и щIыналъэхэм яшэнущ, абы щыIэ ЩIалэгъуалэ унэхэм щылэжьэнущ, я нэгу зрагъэужьынущ, я щIэныгъэми Iэзагъми зэрыхагъэхъуэн Iэмал куэд махуиплIым къриубыдэу къыхузэрагъэпэщынущ.
Зэхыхьэм и япэ пшыхьыр гукъинэж ящIащ Абхъазым къикIа, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ.
ШэрIужь Даянэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ.