ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэт

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ  Кавказ къафэхэм-кIэ Урысейм и чемпион, Гран-при саугъэтыр зыхуагъэфэща «Вагъуэ цIыкIу­хэр» сабий ансамблым (художественнэ уна­фэщIыр КъБР-м гъуазджэхэм-кIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдуардщ). Ар къызэрагъэпэщащ    Къафэм и дунейпсо махуэмрэ УФ-м и Президентым 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныгъэм и илъэ- су зэригъэувамрэ я щIыхькIэ. Пшы-хьыр иригъэкIуэкIащ режиссёр Гумэ Маринэ. 

Мэлыжьыхьым и 29-м дэнэ щIыпIи щагъэлъапIэ Къафэм и дунейпсо махуэр. Хабзэ хъуауэ, «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблым КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым а махуэм концерт щет. ЩIыналъэ, урысейпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу адрейхэм щефIэкIа, псапэ зыпылъ Iуэху­хэмкIи жыджэр гупым игъэзэщIащ лъэпкъ къафэ лIэужьыгъуэхэр (уэркъ ­къафэ, удж хэш, удж пыху, зэныбжьэ­гъуищым я къафэ, убых лъапэрышэ, ислъэмей, нэгъуэщIхэри). Адыгэ къафэм ­ и дахагъэр, и мыхьэнэр, абы лъэпкъым хуиIэ лъагъуныгъэр зыгъэлъагъуэ гупым и зэфIэкIымрэ Iэзагъэмрэ гъэ къэс зэрыхигъахъуэм гу лъыботэ. Дапщэщи щIэщыгъуэщ ансамблым и къэфа­кIуэхэу Хьэбылэ Иналрэ Машэжь Арадэрэ па­сэрей адыгэ уэркъ къафэр Iэдэбу зэрагъэзащIэм, Бэрсэдж Идар сэшхуэхэр зэригъабзэм уеплъыну. Хъарзынэ Ислъам, Къуныжь Руслан, Бэрсэдж Идар сымэ зэныбжьэгъуищым я къафэр удихьэхыу къазэрехъулIэр-щэ?! Гупым хэт ныбжьыщIэхэр пшынэмрэ бэрэбанымрэ зэрыхуэIэзэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. 
«Вагъуэ цIыкIухэм» пшыхьыр дагъэдэхащ я ныбжьэгъу, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреат, «Кавказым и гуп нэхъыфI - 2026» щIыхьыцIэр зыхуагъэ­фэ­ща, Вахромеевэ Наталье зи художественнэ унафэщI, Прохладнэ къалэм щапхъэу къыщалъыта «Ассорти» къэфакIуэ ансамб­лым. 
ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэт, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я хабзэхэр, я хьэл-щэныр зыхэплъагъуэ къафэхэм уа- кIэ­лъыплъыну, макъамэ гуакIуэхэм  ущIэдэIуну, утыку ­итхэм я фащэхэм, зыIыгъыкIэм зэщхьу хэлъымрэ зэрызэ­щхьэщыкIымрэ зэбгъэпщэну. Лъэпкъ къафэхэм дихьэх­хэм пшыхьыр, дауи, нэгу­зыужь икIи гукъи­нэж ящыхъуащ. 
Концертым зыкърагъэхьэлIат къафэм дихьэххэм, «Вагъуэ цIыкIухэр» ансамблыр фIыуэ зылъагъухэм, я зэфIэ-кIым иригушхуэхэм, зэгуэр мы гупым хэтахэм, я ныбжьэгъухэм, Iыхьлы- хэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ. 
Сурэтхэр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.06.2026 - 15:59

Хэкупсэу ягъасэ щIэблэр

Урысейм и махуэм и пэ къихуэу, Бахъсэн щIыналъэм и библиотекэхэм щрагъэкIуэкIащ ныб­жьы­щIэхэр хэкупсэу гъэсэным, къэралым и тхы­дэмрэ дамыгъэхэмрэ ятеухуауэ ящIэм хэгъэхъуэ­ным ехьэлIа Iуэхугъуэ г

15.06.2026 - 08:59

Гурэ псэкIэ IэщIагъэм пэрытхэр

Урысейм и махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым дыгъуасэ щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъагъуэ цIыху 40-м щIигъу.

15.06.2026 - 08:57

Шабзэм хуэIэзэхэр

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ и Кубокыр шабзэкIэ нэщанэ еуэнымкIэ къэ­хьы­ным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым и спортсменкэ Кулюшинэ Янэ япэ увыпIэр щиубыдащ.

15.06.2026 - 08:57

Насыпыр щагуэшыр пщэдджыжьырщ

Налшык и жьантIэу къалъытэ Бгыщ­хьэ хьэблэм укъыщыхутамэ, Кировым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тху­шэхэм гу лъумытэу уаблэкIыфынукъым.

15.06.2026 - 08:56

Пэнагуэ Казбек и фэеплъу

СССР-м самбэмкIэ спортым и мастер, а  спорт лIэужьыгъуэмкIэ Тэрч районым и япэ тренеру щыта Пэнагуэ Казбек и фэеплъ ­урысейпсо зэхьэзэхуэ «Тэрч-Олимп» спорт комп­лексым щекIуэкIащ.