Бзэхэм ятеухуа щIэнIуатэ

Къэзан къалэм, «Адымнар - щIэныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я гъуэгу» зы­фIаща, бзэхэр щадж IуэхущIапIэм ще­кIуэ­кIащ анэ­дэлъхубзэм и мыхьэнэм теухуа ­дунейпсо щIэнIуатэ (конференц). Iуэхур къызэрагъэпэщащ Урысей Федерацэм Лъэпкъы­бзэхэмкIэ и институтымрэ Тэ­тэр­станым ЩIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ. Ар яди­Iыгъащ Урысейм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм. Нэхъыщхьэу абы щытеп­сэ­лъыхьащ бзэ зыбжанэ яджы­ныр къы­зэ­гъэпэща зэрыхъунум. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа гупым яхэту Къэзан щыIащ Шэджэм къалэм дэт ­«Ручеёк» сабий садым и унафэщI КIэрэф ­Ларисэ, Къамлыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм и унафэщI МахуэлI Анжелэрэ абы  и ­къуэдзэ КIэмпIу Iэсиятрэ. ЩIэнIуатэм къы­зэщIиубыдащ IыхьиплI: анэдэлъхубзэхэр ­джы­нымкIэ иджырей Iэмалхэ; сабий садым кIуэ цIыкIухэм анэдэлъхубзэр егъэ­щIэ­ныр; анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэм я лэжьыгъэм Iэмал нэхъыбэ хэлъхьэныр; лъэпкъ-щэнхабзэ Iуэхухэр щIэныгъэ-методикэ къэхутэ­ныгъэхэмкIэ щIэгъэбыдэныр. 
КIэрэф Ларисэ тепсэлъыхьащ сабий са­дым щыIэ сабийхэм бзэ зыбжанэкIэ ядэлэжьэным теухуауэ езыхэм ялэжьхэм, цIыкIухэм я бзэр къута хъунымкIэ я Iэмалхэр зыхуэ­дэм. 
- ЩIэнIуатэм къыщыдгъэлъэгъуащ анэ­дэлъ­хубзэр щIэблэм егъэджынымкIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къыщыдгъэсэбэп Iэмалхэр. Урысейм и щIыналъэхэм бзэр щIэб­лэм зэрыщрагъэджым и щапхъэхэм зыщыдгъэ­гъуэзащ, егъэджакIуэхэм я чэнджэщхэм ды­щIэдэIуащ. Дэ дызэщхькъым, ауэ дызэ­пещIэ цIыкIухэр фIыуэ зэрытлъагъум, ди IэщIагъэм дызэрыхуэпэжым. Мы щIэнIуатэр икъукIэ сэ­бэп хъуащ лъэпкъ куэд щыпсэу ди къэралым щызекIуэ щэнхабзэ дахэхэм ­нэхъ куууэ зы­щыдгъэгъуэзэнымкIи, - жиIащ КIэмпI Iэсият. 
ЩIэнIуатэм хэтахэм зыщрагъэплъыхьащ Къэ­зан щыIэ лъэпкъ гимназиехэмрэ еджа­пIэ­хэмрэ, щэнхабзэ, спорт, дин IуэхущIапIэхэр ира­гъэлъэгъуащ, къалэм и тхыдэм, иджырей псэукIэм теухуа хъыбархэм ирагъэдэIуащ. 
ГЪУЭТ  Синэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.11.2026 - 09:34

Хэкупсэ гъэсэныгъэр япэ ирагъэщ

Дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Налшык щыIащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий.

17.11.2026 - 09:28

Гугъэрэ гукъинэрэ зиIэр цIыхущ

Лэскэн районым и Хьэтуей къуажэм зэхыхьэ щхьэпэ щызэхашащ.

17.11.2026 - 09:27

Лъэпкъхэм я лIыхъужьхэр

КъБКъУ-м щокIуэкI «Герои мифов и легенд народов России» гъэ­лъэгъуэныгъэр. 

16.11.2026 - 09:22

Адыгагъэр, цIыхугъэр, хабзэр и лъабжьэу

Къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 21-рэ ирокъу Ставрополь къалэм щызэхэт «Адыгэхэр» щэнхабзэ центрыр.

15.11.2026 - 10:01

Дэтхэнэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м и Суд Нэхъыщхьэм и УнафэщIу ягъэува Дегтярев Игорь республикэм и судыщIэхэм щрагъэцIыхуа зэIущIэм.