Лэжьыгъэм пащэ

КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ къэрал мэкъумэш университетым и егъэджэныгъэ-лабораторэ корпусым нэгъабэ щрагъэжьа къэгъэщIэрэщIэжыныгъэ лэжьыгъэхэм мы гъэми пащащ. Ахэр ирагъэкIуэкI «ЕрыскъыпхъэмкIэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэпса технологиехэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «АПК-м IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырын» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
Иджыпсту лэжьакIуэхэм пэшхэр къращIыкI, нэхъ цIыкIухэр зэхагъэхьэжри, Iэхуитлъэхуит ящI, лъэгухэр зыхуей хуагъазэ. Абыхэм къадэкIуэу, ток кIапсэхэр, псы къабзэ, хуабэ, къызэрагъэплъ, къагъэсэбэпар зэрыIуаш бжьамийхэр падзэ, жьы зэпрыхупIэхэр хуащI. Куэд мыщIэу унэ IуплъапIэр ягъэтэмэмын щIадзэнущ.
Къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж ухуэныгъэм илъэсищкIэ – 2025 - 2027 гъэхэм - елэжьынущ икIи бюджетым къыхэкI ахъшэу сом мелард 1,5-м нэблагъэ абы трагъэкIуэдэнущ, бюджетым хэмыхьэу кърашэлIэну мылъкур хэмыту. Лэжьыгъэхэри зыхуагъэувыжа пIалъэм тету ирагъэкIуэкI. 
Къэбгъэлъагъуэмэ, лэжьакIуэхэм унащхьэр, щхьэгъубжэхэр, къызэрагъэплъ системэр нэгъабэ яхъуэжащ, котельнэщIэ абы щагъэуващ, языныкъуэ пэшхэри къращIыкIащ. 
Апхуэдэуи, «Егъэджэныгъэм зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №1-р къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжын щIадзащ мы махуэхэм. А жылэм дэт школхэм я нэхъ иныр аращ, щаухуауэ щытар 1958 гъэрщ икIи илъэс 68-м къриубыдэу мыпхуэдэ лэжьыгъэхэр щызэхаублакъым, зыгуэрхэр къыгуащIыхьа мыхъумэ. 
Курыт еджапIэр метр зэбгъузэнатIэу 3900-рэ мэхъу. Абы щрагъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм хиубыдэу инженер коммуникацэхэр къанэ щымыIэу зэрахъуэкIынущ, мафIэс къэмыгъэхъунымкIэ щыIэ системэр къагъэщIэрэщIэжынущ. Гулъытэ хэха хуащIынущ еджакIуэ цIыкIухэм я пэшхэр иджырей егъэджэныгъэ обрудованэхэмрэ IэмэпсымэхэмкIэ, унэлъащIэкIэ къызэгъэпэщыным, сыт и лъэныкъуэкIи зэIузэпэщ щIыным.
Ислъэмей и курыт еджапIэ №1-м сабийуэ 670-рэ нобэ щоджэ. Лэжьыгъэхэр егъэджэныгъэм зэран хуэмыхъун щхьэкIэ ахэр сменитIу ирагъэджэнущ икIи а школ дыдэм и зы лъэныкъуэмкIэ щIагуэшэнущ, щIыхьэпIэ щхьэхуэ яIэу. 
КъищынэмыщIауэ, «Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Прохладнэ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр къызыхуэтыншэу мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Иджыпсту ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI. ИужькIэ, пэшхэр къращIыкIын, инженер коммуникацэхэр яхъуэжын щIадзэнущ.
Къалэ администрацэм зэрыщыжаIамкIэ, лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу, ЩэнхабзэмкIэ унэр абыхэм щхьэкIэ щыIэ мардэм хуэкIуэу щытынущ икIи къалэдэсхэм, псом хуэмыдэу, сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ, Iэмал нэхъыбэ ягъуэтынущ я творчествэ зэчийм хагъэхъуэну, зыгъэпсэхупIэ, нэгузыужьыпIэ яхуэхъуну. Апхуэдэуи, Iуэхугъуэ щхьэпэхэр, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр абы щыпхуегъэкIуэкIынущ. 

БЭБЭЧ Башир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2026 - 12:25

IэщIагъэлIхэр кърашалIэ

2025 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыяпэу, ди республикэм къыщызэIуахащ Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр IэщIагъэлIхэмкIэ къызэзыгъэпэщ хэгъэгу центр.

09.05.2026 - 09:03

IэщIагъэмрэ цIыхугъэмрэ зэгъусэу

Бэлагъы Залинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетым стоматологием щыхуеджащ.

08.05.2026 - 09:22

Зэкъуэшхэр нэхъри зэкъуоувэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Абхъаз Республикэм ЩIа­лэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетым и унафэщI Хагбэ Тарас.

08.05.2026 - 09:21

Урысей-Абхъаз зэпыщIэныгъэхэр щIалэгъуалэм ягъэкIуатэ

Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ.

08.05.2026 - 09:16

ЩIэщыгъуэт икIи гухэхъуэт

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ  Кавказ къ