Безыр Ленэ къызэригъэпэщауэ Лъэпкъ библиотекэм лъахэхутэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ бзэщIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ, узэщIакIуэ Елбэд Хьэсэн къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 140-рэ зэрырикъум хухаха литературэ пшыхь. Ди республикэм егъэджэныгъэм теухуауэ куэд щызылэжьа щIэныгъэлIыр тIэунейрэ хахауэ щытащ Совет Нэхъыщхьэм и депутату. «ГуащIэдэкIым папщIэ», «Бэракъ Плъыжь» дамыгъэхэр къыхуагъэфэщащ, «КъБАССР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэри къыфIащауэ щытащ.
Къудамэм плIанэпэ дахэ щыхуащIащ Елбэдым и литературэ лэжьыгъэхэр, балигъхэмрэ сабийхэмрэ яхуиусахэр, и гукъэкIыжхэр, тхыгъэ зэридзэкIахэр зэрыт журналхэр, газетхэр, тхылъхэр щызэхуэхьэсауэ. Щхьэхуэу къэгъэлъэгъуат адыгэбзэр зэрырагъэдж тхылъхэр.
ЩIэныгъэлIым и гъащIэ гъуэгум, егъэджэныгъэм теухуауэ илэжьахэм, и литературэ щIэиным, езым щхьэкIэ ятхахэм тепсэлъыхьащ пшыхьыр езыгъэкIуэкIа Безыр Ленэ. Абыхэм яхэтт Свифт Джонатэн и «Гулливер лиллипутхэм я хэкум» тхылъыр Елбэдым адыгэбзэкIэ зэридзэкIауэ, (1959 гъэ), сабийхэм папщIэ итха «Таурыхъхэр» (1960 гъэ). Нало Заур къыдигъэкIыжауэ щыта «Этюды по истории культуры адыгов» тхылъым щытопсэлъыхь щIэныгъэлIым и лэжьыгъэхэм, къыщыхьащ и тхыгъэхэм. Ленэ хьэщIэхэм яригъэлъэгъуащ Елбэдым теухуауэ ягъэхьэзыра литературэ плIанэпэм и полкэхэм телъ тхылъхэмрэ журналхэмрэ, къеджащ балигъхэм, сабийхэм папщIэ и усэхэм ящыщхэм.
- ЕгъэджакIуэ, щIэныгъэлI, тхакIуэ IэщIагъэхэм къыщигъэлъэгъуа зэфIэкI къызэрымыкIуэм папщIэ Елбэд Хьэсэн къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр щыхьэт тохъуэ ар и гуащIэм зэи зэремыблэжам, щIэныгъэм щхьэузыхь зэрызыхуищIам, - жиIащ Ленэ.
Пшыхьым кърагъэблэгъащ икIи Лъэпкъ библиотекэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэу Жыкъуэ Соня, Къагъырмэс Анетэ, Кълыш Алёнэ сымэ. Библиотекэм и лъахэхутэ къудамэмрэ курыт еджапIэхэмрэ зэпыщIащ - илъэс епщIанэ хъуауэ Безыр Ленэ а егъэджакIуэхэм ядолажьэ щIэблэр гъэсэным, тхылъым дегъэхьэхыным теухуауэ.
ЕгъэджакIуэхэм къыхуагъэфэща пщIэр фIыщIэ ящIащ, зи щIыхькIэ литературэ Iуэху дахэр къызэрагъэпэща егъэджакIуэ, щIэныгъэлI щэджащэм и лэжьыгъэхэр цIыхубэм ялъытэну, щIэблэр абыхэм щыгъуэзэну зэрагуапэр жаIащ.
Тхыгъэри сурэтри
ГУГЪУЭТ Заремэ ейщ.