Уэрэдыр зи гъащIэ гъусэ

Дау Марианнэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ

Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ, Щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и рескомым и унафэщI, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Артиадэм и лауреат Дау Марьям (Марианнэ) ПIатIэ и пхъур Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. Ар фIыуэ еджэм и закъуэтэкъым, жылагъуэ лэжьыгъэм жыджэру хэтт, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэти, цIыхухэр Iэзэу зэкъуигъэувэфырт. Комсомол IэнатIэм и секретару, и гупым и комсоргыу, еджакIуэхэр зыхэт лэжьакIуэ бригадэм и унафэщIу щытащ. Курыт еджапIэм щIэсыху еджэныгъэм, жылагъуэ лэжьыгъэм, спортым щиIэ зэфIэкIхэм папщIэ Марианнэ къыхуагъэфэщ щIыхь, фIыщIэ тхылъ куэд.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и культпросвет училищэр клубым и лэжьакIуэ, балетмейстер IэщIагъэхэр иIэу къэзыуха хъыджэбзыр, а зэманым щыIа къэрал хабзэм ипкъ иткIэ, КъБАССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм игъэкIуащ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт клубым, абы и унафэщIу икIи и балетмейстер нэхъыщхьэу. 1979 гъэ хъуху Марианнэ а IуэхущIапIэм щыIащ. ИужькIэ ар Москва еджапIэ кIуащ.  
Марианнэ макъамэ комедием и актрисэу къиухащ Луначарскэм и цIэр зезыхьэ Театр къэрал институтыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Музыкэ театрым уэрэджыIакIуэу зэрыщылажьэ илъэс бжыгъэхэм, 1984 гъэм щегъэжьауэ, ар ядэлэжьащ макъамэ режиссёр, композитор цIэрыIуэхэу Ансимов Георгий, ШэрIужь Анатолэ, Ерчэн Леонид, Темрокъуэ Риммэ, Сафаровэ Тамарэ, Супер Анатолий, Бекъул Леонид, Темыркъан Борис, Ханукаев Сергей, Темыркъан Пётр, Щэбэтыкъуэ Натбий, Чепурной Анатолий сымэ. А пIалъэм къриубыдэу Марианнэ хузэфIэкIащ, фIагъ ин иIэу, спектакль плIыщIым нэблагъэм партие нэхъыщхьэхэр щигъэзэщIэн. Абы и щапхъэщ урыс, адыгэ, нэгъуэщI къэрал композиторхэм я оперэхэр, опереттэхэр, макъамэ гушыIэхэр, таурыхъхэм къытращIыкIа спектаклхэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Акъсырэ З. и «Дахэнагъуэ» пьесэм ХьэхъупащIэ Хь. и либреттэмкIэ къытращIыкIа (композиторыр Молэ В.) лъэпкъ оперэр, Кальман И. и «Марица» опереттэр, Прокофьев С. и «Обучение в монастыре» лирикэ-гушыIэ оперэр, ЩоджэнцIыкIу А. и «Къамботрэ Лацэрэ» пьесэм езым и либреттэкIэ Молэ В. къытрищIыкIа оперэр, Зумакуловэ Т. и либреттэкIэ ягъэува, Чайковский А. и «Верность» оперэр, Щхьэгъэпсэу М. и «Мыщэ и къуэ Батыр» (либреттэр Къардэн Хь. ейщ) макъамэ псысэ-оперэр, нэгъуэщIхэри. Сыт хуэдэ роль игъэзащIэми, сыт хуэдэ лэжьыгъэ хэтми игури и псэри хелъхьэ артисткэм. Абы иIэщ нэгъуэщIхэм ядомылъагъун щытыкIэ: утыкум гъэщIэгъуэныщэу йокIу, и зыIыгъыкIэр зыми хуэдэкъым, зэпIэзэрытщ, и макъ лъэщым хуумыгъэфэщэну цIыху щабэщ. Сценэм телъыджэу зэрыхуэIэзэм и щыхьэту, утыкум и гуащэщ, цIыхубз роль нэхъыщхьэхэм я образу къигъэщIахэр Музыкэ театрым и дыщэ гъэтIылъыгъэ зэрыхъуам шэч лъэпкъ хэлъкъым. 
УвыпIэшхуэ Марианнэ и гуащIэм щаубыд Кавказ Ищхъэрэм и  композиторхэм – Балэ Мухьэдин, Къардэн Хьэсэн, Османов Нихьэт, Молэ Владимир, ХьэIупэ ДжэбрэIил, Темыркъан Борис, Жырыкъ Заур, Шэрий Иринэ, Даур Аслъэн, Ахматов Салават, Жеттеев Мустафир, Магомедов Магомед-Нур сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэм. Дау Марианнэ щхьэкIэ уэрэд яусащ Тхьэбысым Умар, Жырыкъ Заур, Даур Аслъэн, Магомедов Магомед-Нур сымэ. Марианнэ и щхьэгъусэ Жырыкъ Заур и IэдакъэщIэкIхэр зэрыт «Си къыу хужь» тхылъыр, Марианнэ тыгъэ хуищIу, 2001 гъэм къыдигъэкIауэ щытащ.  
Дау Марианнэ и зэфIэкIыр гулъытэншэ мыхъуами, цIэ лъапIэ, щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, медаль, бгъэхэIу хуэдэхэр мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщами, абы и дежкIэ щытхъуракъым икIи дамыгъэхэракъым нэхъапэр, атIэ зей цIыхубэрщ, абы и лъагъуныгъэрщ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэу абыхэм яритыфырщ.    
Марианнэ ипхъу Жырыкъ Данэ зэчий зыбгъэдэлъ уэрэджыIакIуэу зыкъигъэлъэгъуэн хузэфIэкIащ. Ар лъэпкъ куэдым ящыщ пианистхэр хэту Франджым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуащ, эстрадэ уэрэдымкIэ Сочэ къалэ щекIуэкIа «Всемирная игра сценического искусства» лъэпкъыбэ зэхьэзэхуэм (къыхэгъэщыпхъэщ езым иуса уэрэд зэрыщигъэзэщIар), Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Артиадэм я лауреатщ. Налшык дэт етIуанэ курыт еджапIэр «тху» защIэкIэ къиуха иужь, абы щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым (СКГИИ) щэнхабзэмкIэ и колледжыр, кIэлъыкIуэу езы СКГИИ-р. Макъамэ усыным хозагъэ, уэрэд дахэу жеIэ, сурэт ещI, матхэ, журналист лэжьыгъэми хуэхейкъым. Зэчий зыбгъэдэлъ цIыхур сытми хуэзэчиифIэщ зыхужаIэхэм ящыщщ Данэ. Ди гуапэщ узыншагъэмрэ гукъыдэжымрэ зэанэзэпхъур зэи щымыщIэну, ехъулIэныгъэмрэ я гуащIэм къыпэкIуэ гурыфIыгъуэмрэ игъэину, лъэпкъым и фIыгъуэ къызыхэкI ялэжьу куэдрэ псэуну!  

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2026 - 09:03

Бэчмырзэ зэдагъэлъапIэ

ПащIэ Бэчмырзэ и музей Нартан къуажэм дэтым зэхыхьэ дахэ накъыгъэм и 16-м щекIуэкIащ. Ар Музейхэм я махуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, гъэ къэс ирагъэхьэлIэ.

20.05.2026 - 10:01

Зауэм щауса уэрэдхэр

Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм дыхуэзыша уэрэдхэр» пшыхьыр, 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 81-зэрырикъум и щIыхь

20.05.2026 - 09:03

Зэкъуэтыныгъэращ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым накъыгъэм и 15-м щекIуэкIа концертыр те­у­хуауэ щытащ Хэку зауэш­хуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрырикъум.

20.05.2026 - 09:03

ЩIэблэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м зэхыхьэ щхьэпэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Зэ­хуэсыр зытеухуар бзэм­рэ хабзэмрэ хъумэным, ахэр ди щIэблэм егъэ­щIэнымрэ егъэджынымрэ пыщIа Iуэхухэрщ. 

19.05.2026 - 15:59

Ягу имыхуж тхакIуэхэр

ТхакIуэхэм я фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, ди республикэм щекIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ли­тера­турэджхэмрэ тхакIуэ­хэм­рэ щагъэлъэпIа Iуэ­ху­­гъуэхэр.