«Гъуазджэ хъуа IэщIагъэхэр» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэр иджыблагъэ утыку къыщрахьащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм. Iуэхур къезыхьэжьар Адыгейм IэщIагъэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ я ассоциацэрщ, бгъэIэпхъуэ хъу гъэлъэгъуэныгъэр абы къызэригъэпэщащ Щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ президент фондыр и дэIэпыкъуэгъуу.
Утыку кърахьащ пасэрей адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэр, иджырей бзылъхугъэхэм зэрызагъэщIэращIэ, цIыхухъухэм я фэилъхьэгъуэхэм дыщIагъу хьэпшып цIыкIуфэкIухэр, щыгъынхэр, нэгъуэщI куэ- ди.
«Мы гъэлъэгъуэныгъэр телъыджэ зыщIыр ди республикэм и музей экспонатхэм къытещIыкIахэр, цIыхубэ IэщIагъэм пэрыт IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэрыщызэхуэхьэсарщ. Апхуэдэ хьэпшып телъыджэхэр ди къуэшхэм едгъэлъагъу-ну, Къэрэшей-Шэрджэсым къэтшэну Iэмал къыдэзытар Щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ президент фондым и грантыр къызэрытхьарщ, апхуэдэуи хуабжьу къыддэIэпыкъуащ Адыгэ Республикэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэр. Дыщэидэм, пхъэм, нэгъуэщI лъэныкъуэхэм гурэ псэкIэ етауэ елэжь цIыхуипщIым я IэдакъэщIэкIхэр къэтшащ. Ди мурад нэхъыщхьэр адыгэ тхы-дэ къулейм цIыхубэр щыгъэгъуэзэнырщ, ижь-ижьыж лъандэрэ ди лъэпкъым къыдекIуэкI щэнхабзэр, гъуазджэр, IэпщIэлъапщIагъэр нэгъуэщI лъэпкъхэм егъэлъагъунырщ. Мыбы къекIуалIэхэр хьэпшыпхэм еплъ къудей мыхъуу, еIусэ, къызыхэщIыкIар зрагъащIэ, сурэт трах хъунущ. КъищынэмыщIауэ, дэ къыздэтшащ, адыгэ шхыныгъуэхэр, ахэри зыIуагъэхуэнымкIэ зыри пэрыуэгъу яхуэхъунукъым», - жиIащ Адыгейм IэщIагъэхэмрэ IэпщIэлъапщIэхэмрэ я ассоциацэм и унафэщI Гумэ Ларисэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу жэрдэм зиIэхэр IэпщIэлъапщIэхэм яIущIащ икIи творческэ мастер-классхэр екIуэкIащ. КъекIуэлIахэр пасэрей макъамэ Iэмэпсымэм, шыкIэпшынэм кърагъэкI макъамэхэм щIэдэIуащ, арджэн зэращIым кIэлъыплъащ, дыщэидэмрэ Iуданэ зэIущэнымрэ хуэIэкIуэлъакIуэхэм я чэнджэщхэри яфIэгъэщIэгъуэнащ.
- Сэ бзылъхугъэ хъуржынхэр сщIыну сфIэфIщ. КъищынэмыщIауэ, иджырей бзылъхугъэхэр модэм тет пэтми, ди лъэпкъ щIэиныр фIыуэ ялъагъури, адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет апхуэдэ хьэпшыпхэр ящэху. ЦIыхубз хъуржынхэмкIэ къыщIэздзащ, итIанэ си IэпэмкIэ зэIусща пкъыгъуэхэр утыку сыкъызэрихьэ фащэхэм тездэу щIэздзащ, ауэрэ дыщэидэм сыдихьэхауэ, пыIэхэр, хъуржынхэр, Iэщхьэтхьэмпэхэр согъэщIэращIэ.
ТхыпхъэщIыпхъэхэм я гугъу пщIымэ, ахэр тхылъхэми къыдох е дунейм уи нэгу къыщIегъэхьэ. Фызэрыщыгъуазэщи, адыгэхэр щIыуэпсым быдэу пыщIауэ къокIуэкI, фащэхэр зэрыгъэщIэрэщIа пкъыгъуэхэри аращ къызыхахар. А тхыпхъэхэм мыхьэнэ яIэщ, дэтхэнэми зыгуэр къокI, зыгуэр ущегъэгъуазэ», - жеIэ IэпэIэсэ, уэрэджыIакIуэ Хъуран Азэ.
Гъэлъэгъуэныгъэр къызэзыгъэпэщахэм къыхагъэщащ Къэрэшей-Шэрджэсым нэмыщI, Краснодар крайми зэрыщыIар, иджыри я гъуэгум къыпащэну зэрамурадыр, уеблэмэ къалащхьэм дэсхэм адыгэ щэнхабзэр ирагъэцIыхун папщIэ Москва яшэну зэрызагъэхьэзырыр.
ШэрIужь Даянэ.