Театр лэжьакIуэхэм я пшыхь гуапэ

Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэр (СТД) илъэси 150-рэ, абы и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр илъэс 85-рэ мы гъэм зэрырикъум теухуа гуфIэгъуэ пшыхь.

Театрым и утыкум, абы и къуагъым махуэ къэс ще­кIуэкI лэжьыгъэ «къибыргъу­кIым» ухэзыгъэгъуазэ теплъэ­гъуэ щIэщыгъуэкIэ къызэIуахащ пшыхьыр. «Къэралыр ­гъуазджэм зэрыхуэлажьэ зэ­ману лIэщIыгъуэ ныкъуэр къэплъытэмэ, 85-р республикэм и щэнхабзэ гъащIэм и пIалъэу жыпIэмэ - а илъэсхэр гухэхъуэгъуэм, щIэщыгъуэ лъыхъуэным, щIэ гуэр дунейм къытегъэхьэным, гъуазджэм и текIуэныгъэхэм я зэхэкIыпIэу убж хъунущ. Тегушхуауэ утыкум къитхьэ лэжьыгъэхэмкIэ щIэблэхэр, дыхуэсакъыпэу тхъумэ лъэпкъ хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ зэпызыщIэ мэгъу ­къарущ театрыр», - жаIащ зэIущIэр езыгъэкIуэкIахэм.
Япэу псалъэ зрата, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр ­Къумахуэ Мухьэдин къеджащ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыбгъэдэкI хъуэхъу тхыгъэм. 
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу УФ-м и СТД-р илъэси 150-рэ, абы и Къэ­бэрдей-Балъкъэр къудамэр илъэс 85-рэ зэрырикъумкIэ. Ди щIыналъэр иропагэ и ­театрхэм щIэлъ хабзэ дахэхэм, утыкум и IэщIагъэлI IэкIуэлъакIуэхэм. Республикэм и театрхэм цIыхухэр ягъэгуфIэ къудейкъым, атIэ щэнхабзэ, псэкупсэ гъэсэныгъэм и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхущIапIэщ ахэр. А ­гъуазджэ лIэужьыгъуэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ дихьэхынымкIэ щапхъэщ щIы­налъэ зэхуаку, урысейпсо зэхьэзэхуэм жыджэру зэ­ры­хэтыр, я зэфIэкI утыкуш­хуэхэм зэрыщагъэлъагъуэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и театр гъуазджэм и тхыдэм къыхэнащ напэкIуэцI мымащIэ сценэм и IэпщIэлъапщIэ­хэм, артистхэм, режи­ссёр­хэм, нэгъуэщI театр лэжьакIуэхэм ятеухуауэ. Абыхэм я цIэм ди щIыналъэри ди къэ­ралым и театр щэнхабзэм хуэлажьэхэри ирогушхуэ. Репертуарым и къулеигъэм, актёрхэм я Iэзагъэм, театрым и щыIэкIэ-псэукIэмрэ и хабзэ­хэмрэ ахэр зэрыхуэпэжым я фIыгъэкIэ, къэралым и щэнхабзэ гъащIэм къыхолы­дыкI ди IуэхущIапIэхэр. Си фIэщ мэхъу Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и юбилей илъэ­сыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ махуэшхуэ зэрыхъунур, я къарур зэрагъэунэху спектакль купщIа­фIэхэмкIэ дызэрагъэгуфIэнур. Гъуазджэм фызэ­ры­хуэпэжым, лъэпкъ хъугъуэ­фIыгъуэхэр фыхуэсакъыу зэ­рыфхъумэм папщIэ фIы­щIэ­шхуэ фхузощI. Дэтхэнэ фи спектаклми гукъыдэж къы­витыну, фи лэжьыгъэр къы­зы­гурыIуэ, зэхэзыщIыкI ­те­атр­­­еплъхэр пэшым щIэзу фиIэну си гуапэщ. ЕхъулIэныгъэ фыщымыщIэну, фи IэнатIэм гукъыдэж къыпэкIуэу куэдрэ фылэжьэну, - щы­жыIащ ­КъБР-и и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI тхыгъэм. 
Къэрал псом щыщапхъэ, зыпэмылъэщын щымыIэу ­театр лъэщхэр дызэриIэр, абыхэм я зэфIэкIым зэ­пы­мыууэ зэрыригушхуэр Къумахуэм къыхигъэщри, зи пашэ министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ. Апхуэдэу ягъэлъэпIащ Бесчокъуэ ­Майе, Дэбагъуэ Роман, Дау Марианнэ, ЖьакIэмыхъу КIунэ, Жулабов ТIэхьир, Горноуховэ Татьянэ, Куэтэншы Хьэлимэт, Куламетовэ Рушание, Кулиевэ Элизэт, Урусовэ Розэ, Хъыдзэдж Борис, Шал (Чыхумахуэ) ФатIимэ сымэ. 
Утыкум ищхьэкIэ щыфIэ­дза экранышхуэмкIэ къы­зэ­хуэсахэм закъыхуигъэзащ, зи махуэр зыгъэлъапIэхэм къехъуэхъуащ УФ-м и СТД-м и унафэщI Машков Влади­мир. 
КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и уна­фэщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Фырэ Майе пщэрылъ гуапэ иIэт. МахуэшхуэмкIэ ар зейхэми къызэхуэсахэми ехъуэхъуа иужь, абы щIыхь тхылъкIэ гулъытэ хуищIащ Къумахуэ Мухьэдин. Уэркъуасэ Артур, Къалмыкъ Маринэ, Ульба­шевэ Миланэ сымэ зэгу­хьэныгъэм зэрыхагъэхьамкIэ тхылъ­хэр яритыжащ. Къахуэщхьэпэну Тхьэм жиIэ! 
КъыкIэлъыкIуэу IуэхущIапIэм и щIыхь тхылъхэр хуа­гъэфэщащ къэрал театрхэм я актёр зи лэжьыгъэкIэ къыхэжаныкIахэм. ЦIыхухъу, цIыхубз ролхэм, апхуэдэ роль нэхъыщхьэхэм, зи ролыр кIэщIу, ауэ гукъинэжу спектаклхэм хэтахэм я зэфIэкIыр илъытащ зэгухьэныгъэм. ЖыпIэнуракъэ, къэзымы­лэ­жьауэ зы яхэткъым абыхэми, дяпэкIи я гуащIэр гулъы­тэншэ мыхъуну ди гуапэщ.
Пшыхьыр республикэм и артистхэм, «Кабардинка» академическэ, «Балкария» IуэрыIуатэ-этнографие ансамблхэм ягъэдэхащ.

ИСТЭПАН  Залинэ.
Сурэтхэр
Къарей Элинэ трихащ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2026 - 09:03

Бэчмырзэ зэдагъэлъапIэ

ПащIэ Бэчмырзэ и музей Нартан къуажэм дэтым зэхыхьэ дахэ накъыгъэм и 16-м щекIуэкIащ. Ар Музейхэм я махуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, гъэ къэс ирагъэхьэлIэ.

20.05.2026 - 10:01

Зауэм щауса уэрэдхэр

Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм дыхуэзыша уэрэдхэр» пшыхьыр, 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 81-зэрырикъум и щIыхь

20.05.2026 - 09:03

Зэкъуэтыныгъэращ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым накъыгъэм и 15-м щекIуэкIа концертыр те­у­хуауэ щытащ Хэку зауэш­хуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрырикъум.

20.05.2026 - 09:03

ЩIэблэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м зэхыхьэ щхьэпэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Зэ­хуэсыр зытеухуар бзэм­рэ хабзэмрэ хъумэным, ахэр ди щIэблэм егъэ­щIэнымрэ егъэджынымрэ пыщIа Iуэхухэрщ. 

19.05.2026 - 15:59

Ягу имыхуж тхакIуэхэр

ТхакIуэхэм я фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, ди республикэм щекIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ли­тера­турэджхэмрэ тхакIуэ­хэм­рэ щагъэлъэпIа Iуэ­ху­­гъуэхэр.