Лъэпкъыр, бзэр, щэнхабзэр япэ изыгъэщ

Театрым, кином, щэнхабзэм зэрыщыту хухэха махуэхэм журналистхэр ди гуа­пэу датотхыхь а IэнатIэм пэрытхэм, цIыху гъащIэр, къэ­ралыр, псэукIэр нэхъ зыгъэбжьыфIэ, зыгъэдахэ цIыху цIэрыIуэхэм. МафIэм пэгъунэгъу лыр ма­жьэ жыхуиIэращи, а псор уи лъэпкъым щехьэлIам деж Iуэхум хэлъ дахэри, фаджэри, Iейри, фIыри ­нэхъ зыхыбощIэ, нэхъ ­куууэ зэпкърыпхыху Iэ- мал нэхъыбэ къыкъуэ­кIы­ным ущыгугъыу. Зи гугъу сщIым теухуауэ «Черкес хэку» газетым и журналист Лыхь Тимуррэ Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ ­драмэ театрым и уна­фэ­щIым и къалэныр пIалъэ­кIэ зыгъэзащIэ, Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Кавказфильм» киностудием и уна­фэщI, режиссер цIэрыIуэ ЕмкIуж Андзоррэ иджыблагъэ зэрызэпсэ­лъам фыщызгъэгъуэзэн ипэ­кIэ, жысIэ-нут Андзор адыгэ зэрыс республикищыр IуэхукIэ зэ­пызыщIэ цIыхухэм зэращыщыр. Абы илъэс куэд щIауэ, нэхъыщхьэращи, ехъулIэныгъэхэр иIэу спектаклхэр ще­гъэув Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм. Урысейм щекIуэкI зэпеуэхэм, фес­тивалхэм къахощ абы и лэжьыгъэхэр. Адыгэ щэнхабзэм, гъуа­зджэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщI щIалэр Къэрэшей-Шэрджэсым и адыгэ театрыр и нэIэ зэрыщIагъэувэрэ илъэсым щIигъуами аращ. Ауэ мащIэкъым а пIалъэ кIэщIым къриу­быдэу абы спектаклу игъэу­вар, фIыщIэу къилэ­жьар. Андзор театрыр зэ­ры­зэрихьэм, адыгэбзэм и Iуэху зыIутыр зэрилъагъум, щIалэгъуалэр зэрыри­гъаджэм теухуауэ жиIэм «Адыгэ псалъэм» и щIэ­джы­кIакIуэхэр щыдгъэ­гъуазэмэ тфIэфIу тыдодзэ.

- Си гуапэ хъуащ, Андзор, театр Iуэхум нэмыщI, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ кол­леджым егъэджакIуэу узэ­ры­щылажьэр щызэхэсхам. Сыт хуэдэ факультетым уе­гъэбыдылIа, сытым хуэбгъасэрэ щIалэгъуалэр?
- Колледжым сыщолажьэ театрым и унафэщIу сызэрагъэуврэ. ЩIэблэр хузогъасэ актер IэщIагъэм, режиссурэм, сценэм узэ­ры­щып­сэ­лъэным. Мы еджапIэм япэ дыдэ сыкъэкIуауэ щытащ ­ ди бзэр зыIурылъ ныбжьы­щIэхэр къэслъыхъуэу, адыгэ театрым хэсшэн си мураду. Иджы, сэ езгъаджэуи, си лэжьэгъухэм ирагъаджэуи ирехъу, адыгэ театрым ­игъэув спектаклхэм я роль нэхъыщхьэхэм, гугъухэм щы­­джэгуу, труппэм и «лъы­щIэ» хъуауэ къытхэтщ къэ­кIуэныфI зиIэ ныбжьыщIэ-хэу Шыбзыхъуэ Щэмил, Хьэкъун Кемран, Мамхэгъ Наи­рэ, Гундэхъу Тимур, ДыщэкI Анзор сымэ. Сыхуейт ди теат­рым ныбжь яIэу щы­ла­жьэхэм я нэIэ щIэту абыхэм заузэщIыну. 
- Актер IэщIагъэмрэ анэ­дэлъ­хубзэмрэ дауэ къызэдекIуэкIрэ? 
- Утыку итыкIэм и теориеу Станиславскэм и деж къыщежьамрэ актерым и къалэнхэмрэ зищIысым дапщэрэ ухуейми тепсэлъыхь, адыгэ лъэпкъым хуэлажьэм и Iуэхур абыкIэ зэфIэкIыркъым. Режиссер ахъырзэману, зэчиишхуэ зыбгъэ­дэлъ актеру щрети, уи анэ­дэлъ­­хубзэр пIурымылъмэ, адыгэ театрым сыткIэ урисэбэп? Бзэр - псэщ! «Сэ адыгэбзэр къызгуроIуэ, сримыпсалъэ щхьэкIэ», - жы­зыIэр адыгэжкъым, ап­хуэ­­дэр адыгэ ныкъуэу аращ. Адыгэу укъалъхуамэ, инджылызыбзэр фIы дыдэу зэбгъэщIами, урысыбзэр езы урысхэм нэхърэ нэхъ­ ­къабзэу бгъэшэрыуэми, зэи а лъэпкъхэм ящыщ ухъуфынукъым. Нэхъ Iеижращи - уи бзэр зыIэщIэбгъэкIа, уи ­ады­гэныр къыбоух. Абы сыт къизгъэкIыр? Ди щхьэщыгум итым цIыхуу дыкъыщигъэщIакIэ, мы щIыгум ­дыкъыщытригъэхьэм бзэ щхьэ­­хуэ къыщыдитакIэ, ар тхъумэн хуейуэ къызолъытэ. Унэм лъабжьэ зэриIэм ещ­хьу, анэдэлъхуу адыгэм къы­лъыса бзэр и лъэпкъым пкъо­щIэсэ хуохъу.
- Адыгэбзэм хуэгъэза уи гупсысэр икъукIэ зыхэзб­гъэщIащ, Андзор. СфIэгъэ­щIэгъуэныр пщIэрэ? И гущIыIум телъ си гукъеуэ­хэм яз щапхъэу къып­хуэс­хьын­щи, къызжеIэ уи еп­лъы­кIэр. Нобэ дызэсауэ ады­гэм зыхэдмыныжыф фIэхъус хыкIэ пхэнжхэм сыт етщIэфынур? «Уи пщэд­­джыжь фIыуэ», «Уи ма­хуэ фIыуэ», «Уи пщы­хьэщхьэ фIыуэ» жыпIэу зызы­хуэб­гъазэ­хэм закъуэ­тIакъуэх­хэщ къахэкIыр ады­гэбзэкIэ жэуап къо­зытыжу…
- «ФIэхъус апщий» къы­д­жа­Iэрэ, «Упсэу апщийкIэ» дыпэджэжу десатэмэ, фIы дыдэт. «Сэлам алейкум» ­къегъэблэгъэкIэращ ид­жы­п­­сту нэхъ къагъэ­сэ­бэпыр. Абы сэ Iейуэ зыри хэслъа­гъуэркъым, ауэ а фIэхъус хыкIэр хьэрыпхэм я дежщ къыщежьар, ар абыхэм къахуэдгъэнэжу, ди бзэм хэт фIэхъус зэмылIэужьыгъуэ­хэр къэдгъэсэбэпыжамэ нэхъыфIт. 
- Актер ныбжьыщIэу адыгэ театрым некIуа­лIэ­хэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтынымкIэ, я Iэзагъым хагъэхъуэнымкIэ Iэмалу сыт яIэр? Псалъэм папщIэ, Москва е Санкт-Петербург дэт театр институтхэм щеджэну хуей абыхэм яхэт?
- ЕджапIэм къыщIах щIэ­ны­гъэмрэ сценэм щитым деж ягъуэт зэхэщIыкIымрэ ауи зэбгъапщэ хъунукъым. Сэ ди нэхъыщIэхэм яхуэгъэзауэ жысIэну сыхуейщ я адыгэбзэмкIи, я Iуэху щIэ­кIэм­кIи сызэрагъэгуфIэр. ФIы дыдэ хъунут зэбгры-кIыу еджэу, актерышхуэ ­хъуауэ къагъэзэжыну, ауэ псоми ар яхузэфIэкIынукъым щхьэусыгъуэ зэхуэ­мы­дэхэм къыхэкIыу. Абыхэм яхэтщ еджэн папщIэ къалэ жыжьэ Iэпхъуэну хуэмеи, и хэку къыщынэжыну къых­э- з­ы­хи, мылъкIэ а Iуэхум пэ­мылъэщыни. Дауи, хъар­зынэт щIэныгъэ куу яIэу Моск­ва, Санкт-Петербург къи­кIыжа ныбжьыщIэхэр  ди адыгэ театрым щынэхъы­бэну. Ар дэркIэ хуабжьу ехъу­лIэныгъэшхуэт. Еджэну тау­чэл зыщIым дэ сыт щыгъуи ды­дэIэпыкъуну дыхьэзырщ, къремыкIуэт закъуэ.
- Илъэс хъуащ шэрджэс театрым и унафэщIу узэ­ры­лажьэрэ. Сыт фхузэ­фIэ­кIауэ, зэвгъэхъулIауэ къыхэбгъэщыфынур?
- Ди ехъулIэныгъэ нэ-хъыщ­хьэу сэ солъытэ зэгу­рыIуэрэ зэдэIуэжу адыгэ ­театрыр нобэ зэрылажьэр. Театрым иджыпсту зы цIы­хуи Iуткъым мынэжэгужэу, фIэмыфIу лэжьапIэм къе­кIуа­лIэу. ЕтIуанэрауэ, адыгэ театру дыщыщыткIэ, япэу тегъэщIапIэ тщIыпхъэщ ди лъэпкъым и щэнхабзэр, и тхыдэр, и цIыху пажэхэр. Пушкинымрэ Гамзатовымрэ я Iэдакъэ къыщIэкIауэ спектакль дгъэуващ, мы гъэр Чеховым и илъэсщи, абы и тхыгъэхэм ящыщи долэжь. 
Акъ Мухьэрбэч и цIэр зе­зыхьэ адыгэ театрым и ехъу­лIэныгъэ нэхъыфI ды­дэ­хэм ящыщщ Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Хьэбэч Умар- рэ Къардэн Муратрэ ятеу­хуауэ, абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» тхыдэ романым къытещIыкIауэ дгъэува спектакль гуузхэр. ИлъэсыщIэм теу­хуауэ цIыкIухэм таурыхъ яхуэдгъэхьэзырри, зи узыншагъэм сэкъат иIэ, зеиншэу къэна сабийхэр зыщIэс интернатым 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 29 - 30 махуэхэм щы­дгъэлъэгъуащ. Театрым и дунейпсо махуэм ехъу-лIэу, цIыкIухэм адыгэбзэкIэ ­яхуэ­д­гъэува «Иныжьым и нэ» ­таурыхъри иджыблагъэ утыку къитхьащ. А псом къи­щынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Адыгэ Республикэмрэ къытпоплъэ ди спектаклхэр яхуэтшэну…
- Уэ къызэрыпщыхъумкIэ, Андзор, театрым дежкIэ ухэт е усыт уэ? Сыт хуэдэ къалэн нэхъыщхьэ дыдэу абы щыбгъэзащIэр?
- Ди нэхъыжьхэм ядэслъэгъуа лъэпкъ хъугъуэфIы­гъуэхэр зымыгъэкIуэд, ахэр щIэблэм ябгъэдэзылъхьэж цIыхуу театрым сыщыла-жьэу жысIэфынущ, си гуп­сы­сэр зытеухуар аращи. Гъа­щIэр щIэх дыдэ тIэщIоу­хэ, тхуримыкъуу. Нобэ тщIа-длэжьаращ Iэужьу къэнэнур, ягу дыкъызэрагъэкIы­жы­нур. 
- Уэ дэ узэрытцIыхур адыгэ зэ­рыс щIыналъэхэм щы­ла­жьэ режиссерущ, псори зэ­щIэбгъэхьэн пху­зэфIокI, дэни укъыщацIыху. Уэ езым дэнэ уи гур щыпсэхур, ущы­лэ­жьэну пфIэфIыр? 
- Сэ Iуэху щысщIэ адыгэ зэрыс щIыналъэ псори си зэхуэдэщ. Си гум, си псэм фIэфIу къыхэсха IэщIагъэм си щхьэр иризгъэпсэу къудей мыхъуу, сыкъызыхэкIа лъэпкъым сыкъызэры­хуэ­сэ­бэпыным тезухуащ си гъащIэри, лъэпкъ щэнхабзэм зиужьын папщIэ си гуащIэ сыщысхьынукъым дэнэ сы­щылажьэми. Ауэ, пэжщ, укъы­щалъхуа щIыпIэр нэхъ ппэблагъэщ. Къэбэрдей-­Балъкъэрым сыщыпсэу-ну, сы­щылэжьэну нэхъ сфIэ­фIщ, зэман дэкIмэ,  абы зэ­рызгъэзэжынуми шэч хэлъкъым. 
НэщIэпыджэ  Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2026 - 09:03

Бэчмырзэ зэдагъэлъапIэ

ПащIэ Бэчмырзэ и музей Нартан къуажэм дэтым зэхыхьэ дахэ накъыгъэм и 16-м щекIуэкIащ. Ар Музейхэм я махуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, гъэ къэс ирагъэхьэлIэ.

20.05.2026 - 10:01

Зауэм щауса уэрэдхэр

Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм дыхуэзыша уэрэдхэр» пшыхьыр, 1941-1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ мы гъэм илъэс 81-зэрырикъум и щIыхь

20.05.2026 - 09:03

Зэкъуэтыныгъэращ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьар

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым накъыгъэм и 15-м щекIуэкIа концертыр те­у­хуауэ щытащ Хэку зауэш­хуэр ТекIуэныгъэ ИнкIэ зэриухрэ мы гъэм илъэс 81-рэ зэрырикъум.

20.05.2026 - 09:03

ЩIэблэмрэ анэдэлъхубзэмрэ

Шэджэм къалэм дэт курыт еджапIэ №5-м зэхыхьэ щхьэпэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ. Зэ­хуэсыр зытеухуар бзэм­рэ хабзэмрэ хъумэным, ахэр ди щIэблэм егъэ­щIэнымрэ егъэджынымрэ пыщIа Iуэхухэрщ. 

19.05.2026 - 15:59

Ягу имыхуж тхакIуэхэр

ТхакIуэхэм я фэеплъ махуэм и щIыхькIэ, ди республикэм щекIуэкIащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ли­тера­турэджхэмрэ тхакIуэ­хэм­рэ щагъэлъэпIа Iуэ­ху­­гъуэхэр.