Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ узэщIакIуэ, егъэджэныгъэ пэхуэщIэ купщIафIэ илъэс зыбжанэ лъандэрэ щрагъэкIуэкI ди къэралым. «Вагъуэ» къэралпсо зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщ, УФ-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и федеральнэ IэнатIэмрэ Урысейм и Лъэпкъхэм я унэмрэ, апхуэдэуи УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм даIыгъ а проектым и къалэн нэхъыщхьэр щIалэгъуалэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я псэкупсэ гупсысэм зегъэужьынырщ, щIэблэр хэкупсэу къэгъэтэджыным-
кIэ егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ сэбэп яхуэхъунырщ. А мурадхэр зи гъуэгугъэлъагъуэ лектор цIэрыIуэхэр яхуозэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм, колледжхэмрэ лицейхэмрэ, курыт школхэм щеджэхэм.
Проектым и мыгъэрей лэжьыгъэр траухуащ 2026 гъэр ди къэралым щыщ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэраубзыхуам. Абы къриубыдэу щIалэгъуалэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ яхуэзэ, епсэлъылIэ цIыху цIэрыIуэхэми я лэжьыгъэм гулъытэ нэхъыбэ щыхуащI къытщIэхъуэ щIэблэр къэралым и тхыдэ блэкIам нэхъыфIу щыгъэгъуэзэным, хэкупсэ гупсысэхэр я дуней еплъыкIэм и лъабжьэ нэхъыщхьэхэм ящыщ щIыным, къэралым зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэ, текIуэныгъэ псоми я тегъэщIапIэ лъэщыр абы ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр арауэ зэрыщытыр гъэнэIуэным, экстремизмэмрэ терроризмэмрэ япэщIэтыфын цIыху къэралым къигъэтэджэным. Апхуэдэ унэтIыныгъэм тещIыхьащ еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэрагъэпэщ зэхуэзэхэр, узэщIыныгъэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэхэр.
КъинэмыщIауэ, а лэжьыгъэр жэуаплыныгъэ ин зыхащIэу къэралым и щIыналъэхэм чэзууэрэ щызэфIэзых а узэщIакIуэхэр хущIокъу здэкIуа республикэм е областым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм, щэнхабзэ щIэиным щыгъуазэ зэрызыхуащIыным. Лекторхэр жыджэру хэтщ щIыналъэ лъэпкъпсо фестивалхэм, щIыпIэм и цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуа пшыхьхэм, яхуозэ еджапIэхэм я унафэщIхэми IэщIагъэлIхэми.
Дызэрыт мазэм и пэщIэдзэм проектым лэжьэн щыщIидзащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хиубыдэ щIыналъэхэм. Абы ипкъ иткIэ лекторхэр яхуозэ курыт школхэм я класс нэхъыжьхэм щIэсхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэм, егъэджакIуэхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэхэмрэ. Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэ псори зэщIагъэхьэну я мураду, узэщIакIуэхэр, зэрытраухуамкIэ, яхуэзэфынущ, псори зэхэту къапщтэмэ, цIыху мин 25-м щIигъум. КИФЩI-м и унафэщIхэм къызэралъытэмкIэ, цIыху 40 хъу лекторхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ Кавказ Ищхъэрэм ис щIалэгъуалэм, ныбжьыщIэхэм я дежкIэ, сыту жыпIэмэ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и лъапIагъым, тхыдэ, щэнхабзэ щIэинхэм жылагъуэм щаIэ увыпIэ лъагэм щIэблэр щыгъэгъуэзэным дапщэщи гулъытэшхуэ хуэщIыпхъэщ, псом хуэмыдэу дызэрыт лъэхъэнэм.
Ди республикэми жыджэру щокIуэкI «Гупсысэм и къарур» узэщIакIуэ проектыр. Мы махуэхэм абы къызэщIиубыдакIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентрэ курыт школхэм я еджакIуэ нэхъыжьхэу цIыху минитIым щIигъу. Лекторхэм ирагъэкIуэкI зэхуэзэхэр купщIафIэщ. Ахэр мэхъу блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ лъэмыж, къэралым къихъуэ щIэблэм я хэкупсэ гупсысэхэр зыузэщI, зыгъэбыдэ, дэтхэнэ цIыхури Хэкум и къыщхьэщыжакIуэ нэсу зэрыщытын хуейм хуэзыущий лэжьыгъэфI.
Проектыр зыгъэлажьэ лекторхэр щыIакIэщ ди республикэм и къалащхьэм дэт курыт школ зыбжанэм икIи зэIущIэ щхьэпэхэр, псалъэмакъ купщIафIэхэр щрагъэкIуэкIащ. «Хуабжьу дыщогуфIыкI «Гупсысэм и къарур» федеральнэ пэхуэщIэм ди курыт еджапIэр зэрыхиубыдам. Ди школым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм папщIэ ар купщIэшхуэ зиIэ зэIущIэт, лекцэ хьэлэмэтт, - жеIэ Налшык дэт курыт школ №17-м и унафэщIым и къуэдзэ Тхьэщыгъуей Аринэ. - Ди школакIуэхэм яхуэза лекторым хузэфIэкIащ и псалъэ дахэхэмкIэ, шэрыуэхэмкIэ сабийхэм я псэм нэсын. Абы ныбжьыщIэхэм къагуригъэIуэфащ зы Хэку узэдисмэ, зы къэралым ущыщмэ, узэрыIыгъыу, узэгурыIуэу упсэуным мыхьэнэшхуэ зэриIэр, псом нэхърэ нэхъыщхьэри лъэпкъхэм яку дэлъ зэхущытыкIэ екIур, зэкъуэтыныгъэр арауэ зэрыщытыр».
Апхуэдэу лекторхэр яхуеблэгъащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ Къамылыкъуэ жылэм дэт курыт школми. ЕджапIэм къыщызэрагъэпэща зэхуэзэм жыджэру хэтар хьэщIэхэм я закъуэкъым, атIэ школакIуэхэми абыхэм я егъэджакIуэхэми упщIэ зэмылIэужьы-
гъуэхэр я куэдт. ХьэщIэ лъапIэхэм папщIэ школым къыщызэрагъэпэщат гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт. Абы щыплъагъунут лъэпкъ тхыдэм, щэнхабзэм, нэгъуэщIхэми ехьэлIа хьэпшыпхэр, апхуэдэуи Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и илъэсым хуэгъэзауэ школакIуэхэм ящIа сурэтхэр.
«Гупсысэм и къару» проектыр апхуэдэу купщIафIэу щолажьэ ди къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэми.
КЪАРДЭН Маритэ.