Дунейм тет дэтхэнэ зы цIыхуми Iэмал иIэн хуейщ, зыщыщ лъэпкъми и ныбжьми емылъытауэ, узыншэу псэуну. ЩIыгум щыIэкъым узыншагъэ нэхърэ нэхъ лъапIэ. Абы хуэфащэ гулъытэ зэрыхуэщIыпхъэр жылагъуэм я деж нэхьэсыныр, ар егъэфIэкIуэным хуэунэтIа Iуэху щхьэпэхэр убзыхуныр и щхьэусыгъуэу Узыншагъэм и дунейпсо махуэр ягъэувауэ щытащ.
1950 гъэм щегъэжьауэ а махуэр мэлыжьыхьым и 7-м ягъэлъапIэ. Махуэшхуэм и тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ООН-м къудамэ щхьэхуэу къызэригъэпэща Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм (ВОЗ) лэжьэн зэрыщIидзам. Абы и къалэн нэхъыщхьэр узыншагъэр хъумэн и лъэныкъуэкIэ цIыхухэр зыIууэ гугъуехьхэр зэфIэхынырщ. Зэгухьэныгъэм хэтщ къэрали 194-рэ. ВОЗ-м и IуэхущIапIэхэр къэрали 150-м щыIэщ, абыхэм яхэтщ Урысейри.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ а махуэр цIыхухэр зыгъэгумэщI Iуэхугъуэшхуэхэм траухуэ хабзэщ икIи къыхуеджэныгъэ щхьэхуэхэм щIэту йокIуэкI. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Лъы зытхэр сымаджэ куэдым ядоIэпыкъу», «Жыджэрагъыр гъащIэ кIыхьым и лъабжьэщ», «ЩIыуэпсым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэ мыщхьэпэхэм узыншагъэр щыхъумэн», «Лъыдэуейм узэрыпэщIэтынур», «Гъудэ-бадзэ лIэужьыгъуэхэм кърахьэкI узыфэ зэрыцIалэхэр», «Ерыскъыпхъэхэм я шынагъуэншагъэр», «Фошыгъу узым дытекIуэнущ!», «Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм щыхуащIэ Iуэхутхьэбзэхэм цIыху псори къызэщIегъэубыдэн», «Ди планетэ, ди узыншагъэ», «Си узыншагъэр си хуитыныгъэщ», нэгъуэщIхэри.
Мы гъэм Узыншагъэм и дунейпсо махуэр «Зэгъусэу узыншагъэм дыхуокIуэ. ЩIэныгъэм щIыгъуу» къыхуеджэныгъэм щIэту йокIуэкI. Апхуэдэ щIыкIэкIэ цIыхухэр къыхураджэ щIэныгъэм и ехъулIэныгъэхэм дзыхь хуащIыну. Махуэшхуэм ипкъ иткIэ, ВОЗ-м ирегъэкIуэкI «Псоми я зэхуэдэ узыншагъэ» дунейпсо зэхыхьэр (мэлыжьыхьым и 5 - 7-хэм), зэгухьэныгъэр зыдэлажьэ центрхэм я Япэ зэхуэсышхуэр (мэлыжьыхьым и 7 - 9-хэм).
ЦIыхум и узыншагъэр, псом япэрауэ, зэлъытыжар езыращ. И чэзум зыкIэлъыбгъэплъыным узыфэ куэдым ущихъумэнущ, ар гъащIэ кIыхьым и шэсыпIэщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, куэдым я узыншагъэм хуэфащэ гулъытэ хуащIыркъым. Зэран къахуэхъу хьэлхэм зыщадзеиным дохутырхэм сыт хуэдизрэ къыхурамыджэми, абыхэм я чэнджэщхэм тетыр мащIэщ, зыкъыщащIэжыр узым къыхигъэщIа нэужьщ. Узыншагъэ быдэр ар гъащIэ насыпыфIэм, зэIузэпэщым я лъабжьэщ. Я къару илъу нэхъыбэрэ псэун папщIэ ВОЗ-м цIыхухэр къыхуреджэ хьэуа къабзэм хэту нэхъыбэрэ къакIухьыну; щыс зэпыту зи IэнатIэр езыхьэкIхэм къару зыхалъхьэ лэжьыгъэхэр тхьэмахуэм тIэу-щэ ягъэзэщIэну; тэмэму шхэну - дагъэ зыщIэлъ ерыскъыхэр, фошыгъур, шыгъур ягъэмэщIэну, пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ нэхъыбэ ящIыну; Iэпкълъэпкъым тэмэму зигъэпсэхун папщIэ сыхьэти 7 - 8-кIэ жеину; тутынымрэ фадэмрэ пэIэщIэ защIыну. Узыншагъэм дежкIэ нэхъыщхьэу икIи мыхьэнэшхуэ зиIэу а зэгухьэныгъэм къигъэлъагъуэр физическэ жыджэрагъырщ.
ЦIыхум и узыншагъэр хъумэныр, ар егъэфIэкIуэныр дэтхэнэ зы къэралыгъуэми и къалэн нэхъыщхьэщ. Апхуэдэу сабий узыншэ къэгъэхъунымрэ и цIыхухэм къагъащIэ илъэс бжыгъэм хэгъэхъуэнымрэ. А Iуэхухэм ехъулIэ къэралым жылагъуэ лъэщ къыщIэтэджэнущ. Дэ ди къэралым а Iуэхум гулъытэшхуэ щыхуащI, абы и щыхьэтщ «Демография», «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэмэ, а проектхэмкIэ къыпхуэмылъытэн лэжьыгъэшхуэ щIыналъэм щрагъэкIуэкI, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм игъуэт зыужьыныгъэхэм лъабжьэ яхуэхъур ахэращ. А IуэхумкIэ ефIэкIуэныгъэ щхьэхуэхэр зэрыдиIэм и щыхьэтщ медицинэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ ди республикэр къэралым щыпашэу къалъытэхэм зэрыхабжэр.
Узыншагъэм и дунейпсо махуэм зэхыхьэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкI. Урысей Федерацэм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, Профилактикэ медицинэмкIэ лъэпкъ медицинэ къэхутакIуэ центрым, «Волонтёры-медики» къэралпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм зэгъусэу гъэ къэс мы махуэхэм къызэрагъэпэщ «Узыншэу щыт!» урысейпсо зэхыхьэр. Iуэхум и къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэм я узыншагъэм гулъытэ хуегъэщIынырщ, хьэл-щэн мыхъумыщIэхэм зыщадзеиным къыхуеджэнырщ, дохутырхэм, щIэныгъэлIхэм абы и лъэныкъуэкIэ ягъэувхэм ткIийуэ зэрытетын хуейр гурыгъэIуэнырщ.
А махуэм медицинэ IуэхущIапIэхэм къыщызэрагъэпэщ цIыхухэм я узыншагъэр зэрахъумэным, зэрызэтрагъэувэжыным теухуауэ чэнджэщ щхьэпэхэр щат зэIущIэхэр.
Апхуэдэу Узыншагъэм и махуэм ирихьэлIэу илъэс зыбжанэ хъуауэ Налшык къыщызэрагъэпэщ «ГъащIэм хуэкIуэ лъэбакъуипщI» урысейпсо Iуэхугъуэр. Мы гъэм ар екIуэкIащ мэлыжьыхьым и 5-м. Iуэху щхьэпэр я жэрдэмщ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэмрэ «Лъэпкъ узыншэм и хасэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэмрэ.
Зэхыхьэм хэтащ зи узыншагъэр егъэфIэкIуэным хущIэкъу цIыху миным щIигъу. Абыхэм пашэ яхуэхъуащ Къалэбатэ Рустам. Абы жиIащ лъэсу къэкIухьыныр узыншагъэр езыгъэфIакIуэ Iуэхухэм зэращыщыр, къэкIухьыным сыт хуэдэ ныбжьым итри узыфэ куэдым зэрыщихъумэр.
«Узыншагъэр - ар дэтхэнэми и хуитыныгъэщ» къыхуеджэныгъэм щIэту екIуэкIа Iуэхум гъуэгуанитI къыщыгъэлъэгъуат: тыншрэ гугъурэ. Гъуэгуанэ нэхъ тыншыр къыхэзыхахэм НыбжьыщIэхэм я театрым и утыкум къыщыщIэдзауэ Курзалым нэс кIуэри къагъэзэжащ, лъэбакъуэ минипщI къакIуауэ. Адрей гупым лъэбакъуэ мин 14 къызэранэкIащ, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит гуэлиплIыр зэщIагъэхьэри, гъуэгуанэ нэхъ тыншымкIэ къыщыщIадза щIыпIэм къекIуэлIэжащ.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ дуней-псо зэгухьэныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, махуэм къриубыдэу лъэбакъуэ мини 5 нэхърэ нэхъ мащIэ зыч цIыхум гум, лъынтхуэм епха узыфэхэр иIэнкIэ шынагъуэ нэхъыбэ щыIэщ. Лъэбакъуэ 7500 - 9999-рэ хъу гъуэгуанэр махуэм зэпызычхэм я Iэпкълъэпкъ псори хъарзынэу зэщIэкIыу къалъытэ. Ауэ узыншагъэр хъумэнымкIэ Iэмал нэхъыфIу икIи нэхъ тыншу ябжыр лъэбакъуэ 10000, абы нэхърэ нэхъыбэ махуэм къриубыдэу пкIунырщ.
Лъэс зекIуэр яублэным ипэ къихуэу НыбжьыщIэхэм я театрым и унэм щылэжьащ къалэ поликлиникэ №1-м и медицинэ пункт. Гукъыдэж зиIэхэм абдеж пщIэншэу я узыншагъэм и щытыкIэр къыщапщытэну Iэмал яIащ: абыхэм я лъым хэлъ фошыгъум и лъагагъыр, лъым и зекIуэкIэр, гум и къеуэкIэр кърагъэпщащ, УЗИ ирагъэщIащ.
Гъуэгуанэм и кIыхьагъкIэ лъэс зекIуэм хэтхэм я лъыдэуейр къыщапщыну, волонтерхэм я пунктхэр щылэжьащ. КъэувыIэпIэ щхьэхуэхэм деж абыхэм псырэ мыIэрысэрэ къыщратащ. Iуэху щхьэпэм хэтахэм щыхьэт тхылъхэр иратыжащ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.