Гъатхэ зекIуэм и лъагъуэхэр

Хабзэ хъуауэ, Урысей ­географие зэгухьэныгъэм (РГО) Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и ЩIалэгъуалэ клубым илъэс лэ­жьыгъэр яублэ гъатхэ зе­кIуэкIэ. Зэгухьэныгъэм хэт зи щIалэгъуэхэм я мыгъэ­рей лъагъуэхэр яунэтIащ ди республикэм и къалащхьэ Налшык и щIы­пIэ нэхъ лъагэ дыдэмкIэ - Нарт бгымкIэ.  Ар ирырагъэ­хьэлIащ РГО-м ЩIа­лэгъуалэ къудамэ иIэ зэрыхъурэ илъэ­си 10 зэ­ры­рикъум, гъатхэ туризмэмрэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэ­нэм­рэ къызэ­ры­зэIуахри а зе­кIуэмкIэ ягъэбелджылыуэ. 

РГО-м Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щиIэ къудамэм и ЩIалэгъуалэ центрым и унафэщI Мокаев Тенджыз «РИА» хъыбарыщIэхэр» агентствэм и ­напэкIуэцIым зэрыщыжиIэмкIэ, «Альтаир» щIалэгъуалэ клубыр зэрыщыIэ илъэсхэм къриубыдэу гъэ къэс апхуэдэ гъатхэ зекIуэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ къызэрагъэпэщ. Къыхэдгъэщынщи, клубым и фIэщыгъэр епхащ «Альтаир» вагъуэм и цIэм. Ар ЩIым нэхъ пэгъунэгъу дыдэ («Си­риус»-м къыкIэлъокIуэ) ва­гъуэхэм ящыщщ, гъатхэ-бжьы­хьэ лъэхъэнэхэм ар уа­фэ джабэм нуру къаблэу щыболъагъу. 
Мыгъэрей Iуэхум щIалэ­гъуа­лэ куэд хэтащ. Балигъхэми ныбжьыщIэхэми зэхуэдэу яфIэгъэщIэгъуэнт зекIуэ лъагъуэм зыхуишэ щIыпIэхэм щалъагъухэр. Псом хуэдэж­тэкъым ар апхуэдэ гъуэгуанэ япэу зэпызычхэм я дежкIэ. Абыхэм зыкIуэцIрыкI щIы­пIэ­хэр ирагъэцIыхурт мызэ-мы­тIэу а зекIуэм хуэдэхэм хэ­та нэ­хъыжьыIуэхэм. 
Махуэр уэлбанэу щытами, «гъуэгум кIапсэ езыдза» турист ныбжьыщIэхэр абыи хуэ­хьэзыру къыщIэкIащ. Ахэр дунейм и щытыкIэм хуэкIуэу хуэпат, зыхуей-зыхуэфI псомкIи къызэгъэпэщат. Гъуазэу ягъэува бгым и щхьэщыгум нэса нэужь, ахэр абдеж щетIысэхащ, щIэх дыдэу зэ­щIагъэста мафIэм бгъэдэсащ, и бзийхэмкIэ загъэхуэ­бэжу, къыздащта гъуэмы­лэ­хэр IэфIу зэдашхыу, зекIуэм къарита гукъыдэжымрэ дэ­рэжэгъуэмкIэ зэдэгуашэу. 
ЩIалэгъуалэм яIуатэ хъыбар псоми щэхуу щIэдэIу хуэдэт Нарт бгы цIыкIури. Налшык къэзыухъуреихь мэ­зылъэхэм къахэщ а лъагапIэм къиубыдыр зыхуэдизыр, Iэгум илъым хуэдэу, фIы дыдэу уолъагъу бгым и щхьэ­щыгум уитмэ. Бгы джабэ­хэмрэ ехыпIэ задэхэмрэ зэ­щIащтащ бжей куэду зэрыт мэзылъэ цIыкIухэм. Нартым узэрыдэкIуей лъагъуэм япэ­щIыкIэ ухуешэ куэду къы­щыкI зей чыцэхэм я фIыгъэкIэ ­«Зеилъэ» («Кизиловка») зы­фIа­ща Iуащхьэм и щыгум. Абы ущхьэпрокIри, адэкIэ Нар­тым ухуокIуэ. 
Зи нэгу зезыгъэужьхэм я зекIуапIэу щыт а лъагъуэ цIэ­рыIуэр ди къэралым и тхыдэм къыхэнащ. 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и етIуанэ илъэсым Нарт бгым и щхьэщыгум щаухуауэ щы­-тащ бийм кIэлъыплъынымкIэ IэнатIэ щхьэхуэ. Налшык - ­Орджоникидзе зыхъумэ­жы­ныгъэ дзэ операцэ хэхам хэту, 1942 гъэм Нарт бгыщхьэм щызэхуашэсат советыдзэ топгъауэ гуп, Iэмалыншэу икIуэт 37-нэ армэм и зауэлIхэр ­яхъумэу. Абдеж зауэ гуащIэ­хэр щекIуэкIри, бийм лъагапIэр къищтауэ щытащ. Куэд дэмыкIыу ар ди щIы­налъэм ирахужри, щIыпIэр хуит къэхъужат. А зэпэщIэувэныгъэ ткIийм и щыхьэт наIуэхэу шэ ирагъэкIахэмрэ советыдзэм, нэмыцэдзэм я зауэлI фащэ­хэм ящыщ хьэп­шыпхэмрэ бгы­щхьэм щрихьэлIэрэ зе­кIуэм и фэеплъу къызэдащ­тэу щытащ нэгузегъэужьа-кIуэ абы дэкIхэм. Нэхъ ­иу­жьы­IуэкIэ апхуэдэ хьэп­шыпхэр къагъуэтыжри зэщIащыпэжащ хэкурыдж къэ­лъыкIуахэм. 
А псоми яфIэхьэлэмэту щы­гъуазэ зыхуащIащ гъатхэ зекIуэм хэта ныбжьыщIэхэм. 
«Альтаир» щIалэгъуалэ клу­бым хэтхэм дызэрыт илъэсым къриубыдэу лэжьыгъэ куп­щIафIэ куэд зэфIахыну я мурадщ. Абыхэм хохьэ турист-хэкурыдж, спорт, егъэджэныгъэ IэнатIэхэм ехьэлIахэр, ­нэгъуэщIхэри», - жиIащ Мо­кае­вым. Зи Хэку иныр, щалъ­хуа щIыналъэр фIыуэ зы­лъагъу а цIыху псэ къабзэхэм а лэжьыгъэхэр хуа­гъэ­псынущ Урысей географие зэгухьэныгъэм и ЩIалэгъуа­лэ зэщIэ­хъееныгъэ къудамэр къы­зэ­рызэ­рагъэпэщрэ илъэси 10 зэрырикъум. Къэрал зэгу­хьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и пашэм щIалэ­гъуа­лэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ къы­ху­риджащ а Iуэхугъуэхэм жы­джэру хэтыну. 

КЪАРДЭН Маритэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.11.2026 - 15:59

ЦIыху мелуанитIым щIигъум зыщагъэпсэхуащ ди щIыналъэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм туриз­мэм и иджырей щытыкIэмрэ абы дяпэкIэ зэрызиужьынумрэ щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым ЭкономикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ и ­комите

09.11.2026 - 09:11

Къалащхьэм нэхъри зегъэужьыным теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и къалащ­хьэм адэкIи сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьыным теухуа зэIущIэ.

09.11.2026 - 09:10

ЩIыналъэм и зэфIэкIхэм хэзыгъахъуэ IэнатIэ

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ НэгъуэщI къэралхэм сату ядэщIынымкIэ советым и зэIущIэ.

09.11.2026 - 09:08

Депутатхэр Шэрий Иналбэч йохъуэхъу

Тэрч щIыналъэм щагъэ­лъэпIащ бэнэкIэ хуитымкIэ иджыб­лагъэ дунейпсо чем­пион­ хъуа Шэрий Иналбэч.

09.11.2026 - 09:07

УсакIуэм и фэеплъу

Лъэпкъым и бын щэджа­щэ ЩоджэнцIыкIу Алий къы­щалъхуа махуэр курыт еджапIэхэм, тхылъ хъумапIэ­хэм, щэнхабзэмкIэ унэхэм щагъэлъэпIащ.