КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Абхъаз Республикэм щекIуэкI «Абхъаз - къэкIуэнум хуащI хэлъхьэныгъэхэр» дунейпсо экономикэ зэхуэсышхуэм хэтщ.
Урысейм и лIыкIуэ гупым я пашэщ Урысей Федерацэм и Президентым и Администрацэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Кириенкэ Сергей.
Абхъаз Республикэм и Президент Гунбэ Бадрэ форумым хэт хьэщIэхэм фIэхъускIэ захуигъэза нэужь, щIыналъэм иIэ ехъулIэныгъэхэм тепсэлъыхьащ, абы и социально-экономикэ зыужьыныгъэмкIэ гулъытэ нэхъ зыхуащI Iуэхухэр къигъэлъэгъуащ.
Кириенкэ Сергей и гугъу ищIащ Урысеймрэ Абхъазымрэ я зэпыщIэныгъэм адэкIэ зэрызрагъэужьынум, республикэм и къэралыгъуэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ зэрагъэбыдэнум, абы и экономикэ зэфIэкIым.
АдэкIэ пленарнэ зэхыхьэм Урысейм и хэгъэгухэмрэ Абхъазымрэ лъэныкъуэхэм я фейдэ зыхэлъ унэтIыныгъэхэмкIэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм щытепсэлъыхьащ.
Ди къуэш Абхъаз Республикэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр сату-экономикэ и лъэныкъуэкIэ и IуэхущIэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Апхуэдэуи ухуэныгъэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэ, курорт-рекреационнэ комплекс, узыншагъэр хъумэн, щэнхабзэ, щIалэгъуалэ политикэ, мэкъумэш хозяйствэ IэнатIэхэм я зэпыщIэныгъэхэми зыщрагъэужьыну IэмалыфIхэр щыIэщ.
КIуэкIуэ Казбек хэтащ Абхъаз Республикэм социальнэ, экономикэ я лъэныкъуэкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэр утыку къыщрахьэ гъэлъэгъуэныгъэми.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр хэтынущ Инвестицэмрэ экономикэр убзыхунымрэ, мэкъумэш хозяйствэм, гъуэгу транспорт ухуэныгъэм, туризмэм, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми зегъэужьыным теухуауэ екIуэкIыну «стIол хъурейм».
Апхуэдэуи къапэщытщ щIыналъэхэр адэкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа IуэхухэмкIэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэну.