КъБР-м и Лъэпкъ музейм щокIуэкI «Донской край» щIыналъэпсо гъэлъэгъуэныгъэр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, республикэм и Лъэпкъ музейм, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм Дон Iус Ростов щиIэ къудамэм.
Ар къыщызэIуахым зыкърагъэхьэлIащ республикэм и унафэщIхэм ящыщхэм, гъуазджэм дихьэххэм, щIалэгъуалэм.
- УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм Ростов областым щиIэ правленэм фIыщIэ хузощI мыпхуэдэ лэжьыгъэхэм деплъыну Iэмал къызэрыдитам папщIэ. Зи хабзэкIэ, бзэкIэ зэмыщхь лъэпкъ куэд Урысейм зэрыщыпсэум, ахэр зэрызэкъуэтым, я щIыналъэр фIыуэ зэралъагъум и щыхьэтщ мы гъэлъэгъуэныгъэр, - жиIащ КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Iэмырбий. - КъызэрыгуэкI цIыхухэм гу зылъыдмытэ куэд ялъагъу художникхэм. Иджырей дунейм и щытыкIэр, зэхэлъыкIэр къэбгъэлъэгъуэн, къэкIуэнур зыхуэдэнур пщIэн папщIэ тхыдэм фIыуэ ущыгъуэзэн хуейщ. Мы лэжьыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэм ар къайхъулIащ. УФ-м и Президент Путин Владимир 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъ- хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэригъэувам дигу къегъэкIыж лъэпкъхэр зэрызэкъуэшыр, я зэхуаку пщIэ зэрыдэлъыр, нэхъыжьхэм яхъумэу щыта лъапIэныгъэхэр. Ахэращ ди къарум и къигъэхъуапIэр. Нацизмэм пэщIэта икIи абы текIуа ди адэшхуэхэмрэ абыхэм я адэжхэмрэ ар Хэку зауэшхуэ зэманым къагъэлъэгъуащ. Ноби ди щIалэхэм Хэкум, къэралым и хуитыныгъэр яхъумэ.
КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Накуэ Феликс хьэщIэхэм фIэхъус ярихри, жиIащ гъэлъэгъуэныгъэм зэфIэкIрэ зи Iуэху еплъыкIэрэ зиIэ сурэтыщI куэдым я лэжьыгъэхэр зэрыхагъэхьар, ахэр жанркIэ зэрызэщхьэщыкIыр икIи дэтхэнэми я щIыналъэм хуаIэ лъагъуныгъэр къызэрагъэлъэгъуар зэрылъапIэр.
Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ гъэлъэгъуэныгъэм республикэм и щэнхабзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр, Ростов щIыналъэм и щIыуэпс къулейм, къэзакъхэм я псэукIэмрэ гъащIэмрэ абыкIэ зэрызыщыхагъэгъуэзар, дяпэкIи апхуэдэ дахагъэкIэ зэхъуэжэну зэрыщыгугъыр.
УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, зи лэжьыгъэхэр выставкэм щагъэлъагъуэ Клименкэ Владимир къытеувыIащ и сабиигъуэм щIидзауэ илъэс 50-м щIигъуауэ сурэт зэрищIымрэ мы зэхыхьэр къызэрыщыхъуамрэ.
- Иджыри курыт еджапIэм дыщыщIэсым ди егъэджакIуэм къалэн къытщищIат щхьэж зы-хуей сурэтыр ищIыну. Псоми танкхэмрэ унэхэм-рэ ящIырт. Си сурэтым къищырт пщыхьэщхьэм и теплъэр: мазэ ныкъуэр, псыежэхыр, абы къищхэр… ЕгъэджакIуэм си лэжьыгъэр классым щIэсхэм яригъэлъэгъуащ: «Феплъыт Клименкэ Вовэ и сурэтым!» А щытхъум лъандэрэ сыдихьэхауэ сурэт сощI. Дон къисша лэжьыгъитI хагъэхьащ Налшык щыдгъэлъагъуэхэм. Ахэр теухуащ сыщалъхуа, фIыуэ слъагъу щIыналъэм и теплъэмрэ щIыуэпсымрэ. Аращ си гур хэзыгъахъуэр, - жиIащ Клименкэ Владимир. - Къэбэрдей-Балъкъэрым и дахагъэмрэ и къабзагъымрэ узытхьэкъущ. Абы щыпсэу цIыхухэр гуапэщ, жэуаплыныгъэ зыхэлъщ. Сурэт щIыным дихьэх ныбжьыщIэхэм захуэзгъэзэнут, зрихьэлIэ лъэпощхьэпохэми емылъытауэ, я псэр зыхуеIэ Iуэхур Iэпэдэгъэлэл ямыщIыну, зэпамыгъэуну. Ди псэм щыщ Iыхьэ, ди щIыпIэм и нэхумрэ хуабэмрэ зыхэлъ ди лэжьыгъэхэр къэтшащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр ди сурэтхэм гуапэу къызэрыIущIамрэ ахэр ягу зэрыдыхьамрэ и щыхьэтщ ди зэкIэлъыкIуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм.
Гъэлъэгъуэныгъэр мэлыжьыхьым и 19 пщIондэ щыIэнущи, ар къызэзыгъэпэщахэм дахагъэр фIыуэ зылъагъухэр фрагъэблагъэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.