Дыгулыбгъуей къуажэм щекIуэкIащ фэеплъ пхъэбгъу къызэIухыным теухуа зэхыхьэ. Ар хуагъэуващ зи къа-лэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Нэгъуейхэ Муратрэ Азэмэтрэ зэкъуэшхэм я щIыхькIэ.
ЗэIущIэм кърихьэлIащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ Бахъуэ Аслъэн, щIыпIэ администрацэм и лIыкIуэхэу Мамхэгъ Хьэчим зи пашэр, Нэгъуей зэкъуэшхуэм я унафэщIу щыта Тохъутэмыщ Мухьэмэд, хэкIуэда лIыхъужьхэм я Iыхьлыхэр, хабзэхъумэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ щIыпIэм щыпсэухэмрэ.
Iуэхум щIадзащ Урысей Федерацэм и къэрал гимныр кърагъауэу. АдэкIэ хьэщIэхэр къэпсэлъащ Нэгъуей зэкъуэшхэм я лIыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ, я къалэныр гъэзэщIэным етауэ зэрыщытам трагъащIэу.
- Ди лIыхъужьхэм я фэеплъыр сыт щыгъуи тщIыгъущ, абыхэм дропагэ икIи пщIэ яхудощI, - къыхигъэщащ Бахъуэ Аслъэн.
Милицэм и майор Нэгъуей Мурат оперуполномоченнэ нэхъыжьу къалэныр щрихьэкIащ КъБР-м щыIэ МВД-м Экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и центрым. Ар IэщIагъэлI нэст, къулыкъуми спортми ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьащ, ведомствэ дамыгъэхэр къыхуагъэфэщащ. Милицэм и капитан Нэгъуей Азэмэт ЗэгъэуIуауэ ялэжь щIэпхъа- джагъэхэм япэщIэтынымкIэ управленэм и оперуполномоченнэу щытащ, къигъэлъэгъуа хахуагъэм пэкIуэу ЛIыгъэм и орден къыхуагъэфэщащ мыпсэужу. Нэгъуей зэкъуэшхэм я гъащIэр щапхъэ нэст тхьэрыIуэм хуэпэжынымрэ Хэкум хуэлэжьэнымкIэ.
ИужькIэ фэеплъ пхъэбгъур къызэIухащ. Къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымри, абдежым удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
Хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм фIыщIэрэ пщIэрэ яхуэщIыныр, тхыдэ фэеплъыр хъумэныр къэзыгъэлъагъуэ, щIэблэщIэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хъуащ Iуэхур.
БАХЪСЭН Ланэ.